Илъэгъуам пцIы тIэкIу щIимыгъуу къиIуэтэжыфыртэкъым

Дызэрысабийрэ зэхыдох ауанкIэ гъэнщIауэ, ауэ гупсысэшхуэ щIэлъу ди зэманым къахьэса Хъуэжэ и таурыхъхэр. Абы и щIэинхэм гу зэрылъыдагъатэщи, лейзехьэхэм я лъабжьэр хъуэрыбзэкIэ щIиуду, нэпсейхэр ауан ищIу, къэрабгъэхэр игъэукIытэу, лIыхъужьхэр игъэгушхуэу, пцIыр къыщIигъэщу абы и гъащIэр къекIуэкIащ. 

1994 гъэм Махуэ Алисэхьрэ КъардэнгъущI Зырамыкурэ зэхуахьэсыжауэ къыдагъэкIауэ щытащ Хъуэжэ и таурыхъищэр. Абы и пэублэм къыщагъэлъэгъуат нэгъуэщI лъэпкъхэми «Хъуэжэ» зэраIар. Языныкъуэ лъэпкъхэр абы еджэрт «Молэ НасреддинкIэ», адрейхэри - «Хъуэжэ НасреддинкIэ», нэгъуэщIхэр - «Афанды НасреддинкIэ». «Ди бзэм и кIуэцIкIэ нэхъ цIэрыIуэу къыщыгъуэгурыкIуэр Хъуэжэрэ абы и ныбжьэгъу Иблисрэ я таурыхъхэрщ. Иблисыр гъащIэм, псэуным хуэмыунэтIауэ, зыIурамылъхьэжу, езыр губзыгъэ дыдэу щымыту, абы щыгъуэми хьэрэмыжьу, гъэпцIакIуэу таурыхъхэм къыщыгъэлъэгъуащ», - щытхащ а тхылъ цIыкIум. Бжьыхьэм дызэритыр къэдгъэсэбэпу, нобэ дигу къыдогъэкIыж а пIалъэм ехьэлIауэ зы хъыбаррэ пцIы упсыным теухуауэ Хъуэжэ жиIар къызыхэщрэ. 

                                                       И зэманым зэбгъэпэщам хуэдэ щыIэкъым
Гъавэ щыIуахыж зэманым и гуащIэгъуэт. Шэмэдж, гъубжэ, пхъэIэпэ, гуахъуэ яIыгъыу, гъавэр кърахьэлIэжыну мэкъумэшыщIэхэр губгъуэм дэкIт. Губгъуэм дэкIыну мурад зыщIа Иблис гуахъуи, шэмэджи, пхъэIэпи имыIэу къыщIэкIащ. Пэжу зы шэмэджыжь гуэр къигъуэтыжат, ауэ шэмэджыкIыр къутауэ къыщIэкIащ. ИужькIэ и гъунэгъухэм яхыхьэри хэт сыт иIэми елъэIуу хуежьащ. Зым пхъэIэпэжь къыритащ, нэгъуэщI зыми гуахъуэ къутагъэжь къыхуишиящ, ауэ шэмэджыкI зиIэ къахэкIакъым. Щымыхъужыххэм, Хъуэжэ деж елъэIуну жащ. - Уузыншэм! - бгъэдыхьащ ар шэмэджыкI фIэзылъхьэу пщIантIэм дэт Хъуэжэм. - Уэ, упсэу! Еблагъэ, - къыжриIащ Хъуэжэ. - Хъуэжэ, зы шэмэджыкIкIэ сынолъэIуну сыкъыпхуэкIуат, - жеIэ Иблис. - Сыт уэ шэмэджыкI зэрыпщIынур? - къоупщI Хъуэжэ. - Iэу, ар дауэ жыпIэрэ, - игъэщIэгъуащ Иблис. - Хьэмэрэ гъавэр Iуахыжыну цIыхухэр къанэ щымыIэу губгъуэм зэрыдэкIыр умыщIэрэ? - СлIожь, цIыхухэр дэкIмэ, уи сыт хэлъ абы уэ? АтIэ, уэри удэкIын хуей? - АтIэ, зиунагъуэрэ, сыдэмыкIыпIэр иIэ?! Сэ мэш хьэсэ псо зэрызиIэр пщIэркъэ? - СощIэ, щхьэ сымыщIэу? - жеIэ Хъуэжэ. - Ауэ уи мэшыр хъуарэ мыхъуарэ фIыуэ пщIэрэ? - Куэд щIащ зэрыхъурэ, - жиIащ Иблис. - Уеблэмэ хьэлэчу хыжьыжу зылъэгъуахэм жаIэ. - АтIэ, арауэ щытмэ, уэ сыт нобэ губгъуэм ущIимытыр? - къеупщIащ Хъуэжэ. - А зиунагъуэрэ, шэмэджыкI сиIэкъым. Мис, уи деж сыкъыщIэкIуар езыр аращ, шэмэджыкI хьэху къыпIысхыну. Хъуэжэ и лэжьыгъэр зэпигъэури, Иблисыр зэпиплъыхьащ. - АтIэ нэгъабэ уи гъавэр дауэ къызэрепхьэлIэжар? - еупщIащ абы аргуэру Хъуэжэ. - Плъагъуркъэ, Хъуэжэ, нэгъабэ модрей си гъунэгъум шэмэджыкI къеIысхат, ауэ сIэщIэкъутащ. - АтIэ абы и щыпэгъэм дэнэт къыздипхар? - жиIэри аргуэру Хъуэжэ щIэупщIащ. – Абы и щыпэгъэми нэгъуэщI зыгуэрми къеIысхауэ щытащ. - Сэ уэстынт шэмэджыкI, ауэ лей лъэпкъ сиIэкъым. - ШэмэджыкI лей уимыIэу дауэ уэ узэрыпсэур, Хъуэжэ? - игъэщIэгъуащ Иблис. - А уи шэмэджыкI закъуэр къутэмэ, ауэ укъысхуэнакъэ? - Мыр къутэмэ, адрей згъэтIылъар къэсщтэжынщ. Уэ пщIэркъэ, «гъэтIылъыгъэм Iупэ Iуиудыркъым» жаIэ. - А уи гъэтIылъыгъэри къутэм-щэ? - ИтIанэ сыкIуэнщи си гъунэгъум селъэIунщ. - НэгъуэщIым ущыгугъыныр щхьэгъэпцIэжщ, Хъуэжэ, - жиIащ Иблис, - сэ мис, псори къызэхэзжыхьащи, зы шэмэджыкI лей зиIэ згъуэтыркъым. - Апхуэдэу хъумэ, щIэуэ пызупщIынщи сщIынщ, - жеIэ Хъуэжэ. - АтIэ мэз укIуэу иджыри къэс сыт апхуэдэу щIумыщIар? - Сыт сэ мэз сыщIэкIуэнур, мы си хадэм шэмэджыкIыпхъэ иткъэ. Дапщэ ухуей? - АтIэ зы шэмэджыкIыпхъэ къизбгъэупщIыкIмэ зэфIэкIащ, - къэнэщхъыфIащ Иблис. - СлIожь, узахуэщ, уэстынщ, - жиIэри жыг изу зэрыт и хадэм Иблисыр иришащ. - Тхьэр арэзы къыпхухъуи, си гузавэгъуэр дэбгъэкIащ, - жиIэурэ Иблис Хъуэжэм и ужь итурэ кIуэрт. - ШэмэджыкI згъуэтыным си гугъэр хэсхыжыпауэ, мэзым сыкIуэн хуей зэрыхъуам хуабжьу сригузавэрт. МодэкIэ мэшыр мэхыжьыж. - Мор мыIэрысейщи къыпыбупщI хъунукъым, мори кхъужьейщ, модрейри къыпцIейщ - абыхэм псоми деIусэ хъунукъым, - жиIэу къришэкIыурэ Иблисыр зы чы псыгъуэ цIыкIу гуэрым бгъэдишащ. - Мис мыр хъунщ узыхуейм хуэдэ щэмэджыкI. - Сыт, зиунагъуэрэ, жыпIэ хьэдэгъуэдахэр, мы чы цIынэ цIыкIур шэмэджыкI пщIы хъурэ? - Ар, плъагъуркъэ, фэлъырым хуэдэу занщIэу, лъагэу къэкIынущ, – жиIащ Хъуэжэ. - Ар зэрыпсыгъуэри Iуэхукъым, хэхъуэмэ - гъуми хъунущ. - Уэ, слIожь, зиунагъуэрэ, укъысщыдыхьэшхрэ хьэмэ, сыт мыр зищIысыр? - зигъэгусащ Иблис. - Сыт уэ сыпщыдыхьэшхыу гугъэ щIэпщIыр? Зы шэмэджыкIи уимыIэу илъэсищкIэ упсэуакъэ? АтIэ уи мэшыр мыхыжьыжу илъэсищкIэ сыт къыщIомыжьэфынур? А илъэсищым и кIуэцIкIэ мы чы цIыкIур шэмэджыкI дэгъуэу къызэрыкIынур пщIэркъэ! Абы фIэкIа зыри жримыIэу, и гуахъуэ-шэмэджыр и дамэ трилъхьэри Хъуэжэ губгъуэм дэкIащ. Жыг куэду бгъэкIмэ, шэмэджыкI дэнэ къэна, нэгъуэщI Iэмэпсымэ Iэджи а жыгхэм къахэпщIыкI зэрыхъунур, пхъэщхьэмыщхьэ куэд узэриIэнур Иблис фIыуэ къыгурыIуауэ и деж кIуэжащ.
                                                            Узыхыхьэм уадемыкIумэ, уи унагъуэ умыкIуэж
ЩакIуэгъуэ зэманыр зэрикIыу илъэс къэскIэ щакIуэлIхэр зэхуэсырти, ялъэгъуахэр, лIыгъэу зэрахьахэр зэхуаIуэтэжырт. Апхуэдэу зы гъэ гуэрым ахэр зэхуэсат. IуэрыIуэдзу а къуажэм дэсхэм я нэхъыфI зыуэ къалъытэрти, жаIэхэм ирагъэдэIуэн папщIэ Хъуэжэи абыхэм ираджащ. Хъуэжэ Иблиси здыщIигъури щакIуэхэм я деж кIуэну гъуэгу теуващ. Хъуэжэ здэкIуэр щыжриIэм, Иблис къелъэIуащ: 
- Хъуэжэ, сынолъэIу, гуп дыхыхьэм я фIэщ мыхъун пцIы яхуумыупс, пцIым ибогъэлейри сыбогъэукIытэ. 
- Уэлэхьи, ар пэжым, ауэ уэ ущIыздэсшэр сыт уи гугъэ - сэ зызмыщIэжу пцIым щезгъэлейм деж ямылъагъуу къежэкIи си цеикIэм къекъу, - жиIэри тIури зэгурыIуащ. ЗдэкIуэм нэсхэу ирагъэблэгъа нэужь, щакIуэхэм ящыщ зым жиIащ: - Уэлэхьи, мы гъэм сэ зы щыхь къэзукIати, си шэр занщIэу и нэ ижьым тезгъахуэри нэ сэмэгумкIэ пхызгъэлъэтыжатэм. НэгъуэщI зы щакIуэми жиIащ: - Уэлэхьи, сэри зы мэзбжэн сымыщIэххэу срихьэлIэри сыщебакъуэм къыщылъэтри сырихьэжьэщ аби сыкърихьэкIым, сыкърихьэкIыурэ, ди унэкIэ къезгъэгъазэри занщIэу ди пщIантIэ сыкъыдэлъэдэжатэм. - АтIэ, зиусхьэн щакIуэлIхэ, - жиIащ Хъуэжэи, - сэ фи деж сыкъыщыкIуэм зы бажэ сыхуэзати, абы и кIэм хуэдиз зи кIыхьагъ сэ зэи сымылъэгъуа, яIуэтэжауи зэхэзмыха. Апхуэдэ бажэ кIэ кIыхь ди щIыпIэм щыпсэууэ сигугъэххэнтэкъым. - Сыт хуэдиз и кIыхьагъынт а бажэм и кIэм? - жиIэри щIэупщIащ щакIуэхэм ящыщ зы. - ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, пцIы сымыупсу жысIэнщи, бажэм и кIэр сажнэ пщыкIутIым щIигъунт! - жиIащ, и псалъэр игъэбыдэжурэ, Хъуэжэ. Ар Иблис щызэхихым, къежэкIри Хъуэжэ и цеикIэм къекъуащ. - Сажнэ пщыкIутI мыхъуми сажнипщI икIэ къихуэнтэкъым! - бжыгъэр тIэкIу къригъэлъэхъшэхащ Хъуэжэ. Иблис аргуэрэу цеикIэм къекъуащ. - СажнипщI щыжысIэм тIэкIу щIезгъэгъуауэ си гугъэщ, уэлэхьи, сажний хъунтэм, - жиIащ Хъуэжэ. Аргуэру Иблис Хъуэжэ и цеикIэм къекъуащ. - СызытемыкIыжыну пэжу вжесIэнщи, бажэм и кIэр сажнихым и кIэ къихуэнтэкъым, - жиIащ Хъуэжэ. Аргуэру Иблис Хъуэжэ и цеикIэм къекъуащ. Абы иужькIэ Хъуэжэ Иблис и дежкIэ къеплъэкIри, псоми зэхахыу жиIащ: - Уа, Иблис, бажэ кIагуэ слъэгъуащ жызумыгъэIэнумэ скIэрыкI иджы! - ЗэхуэдитIыр пхукIэрызгъэхуащи хъуни ар! Хъуэжэрэ Иблисрэ къыщIэкIыжри гъуэгу къытеувэжащ. КъыщыкIуэжым Иблис зигъэгусауэ Хъуэжэ къыжриIащ: - Зэи уи гъусэу гуп сыхыхьэжынкъым, сукIытащ, сыт апхуэдэ пцIы егъэлея щIахуэбупсар щакIуэхэм? - Ей-й, Иблис, Иблис! - жиIащ Хъуэжэ, - «узыхыхьэ гупым уадемыкIумэ, уи унагъуэ умыкIуэж» жиIэу къекIуэкI псалъэжьыр сэракъым къэзыгупсысар, сэ иджыри къэс щакIуэ слъэгъуакъым, илъэгъуам пцIы тIэкIу щIимыгъуу къиIуэтэжыфу…

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: