Нобэмрэ пщэдеймрэ зэпызыщIэхэр

Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым интеллект IэрыщIымрэ робототехникэмрэ ятеухуа зэхуэс гъэщIэгъуэн иджыблагъэ щекIуэкIащ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, щIэныгъэ центрым и унафэщI Нэгъуей Залымхъан, щIэныгъэ икIи техникэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, курыт еджапIэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэр.
Зэхуэсыр къыщызэIуихым, Нэгъуей Залымхъан кърихьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ, икIи къыхигъэщащ къыхалъхьа жэрдэмым зиубгъуну зэрыщыгугъыр, ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм щIалэгъуалэ нэхъыбэ къызэрыхыхьэнур и фIэщ зэрыхъур.
 – ЩIэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэу дыщыт пэтми, дэ фIыуэ зыхыдощIэ къэкIуэну махуэхэм дытемылажьэмэ, едгъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм якIушхуэ щымыIэу ужьыхыжынкIэ зэрыхъунур. Абы къыхэкIкIэ ди щIыналъэхэм ит курыт еджапIэхэмрэ IэщIагъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэмрэ техникэм дихьэх, абыкIэ пэхуэщIэ щIэщыгъуэхэр утыку къизыхьэ ныбжьыщIэхэм дадолажьэ, апхуэдэ щIалэгъуалэр къыдохутэ. IT-технологие Iэмалхэм щIэгъэхуэбжьауэ зыщаужь лъэхъэнэщ дызыхэпсэукIри, дунейпсо щIэныгъэр абы и жыпхъэм иуващ жыпIэмэ, щыуагъэ хъунукъым. Ди зэхуэсым къедгъэблэгъащ щIэныгъэрылажьэхэр, къэхутакIуэхэр, гупсысакIуэхэр. Ахэр псори технологием и зыужьыныгъэм пыщIащ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэри езыгъэкIуэкI защIэщ. НыбжьыщIэхэр фыкъыщIебгъэблэгъар абыхэм я псалъэмакъ фыщIэдгъэдэIун къудейкъым, я Iэдакъэ къыщIэкIа роботхэм федгъэплъын щхьэкIэкъым, атIэ а псор щIалэжьа экономикэм и зыужьыкIэр фэдгъэлъагъун, фэри фи гуащIэ а псом зэрыхэфлъхьэфынур зыхывэдгъэщIэн папщIэщ. Нобэхэм ар тхузэфIэкIыну къыщIэкIынкъым, ауэ пщэдейрей махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр Силикон щIыналъэ тщIыну хъуэпсапIэхэр диIэщ. Фэрыншэу а хъуапсэр нахуапIэ зэрымыхъунури хьэкъщ, – жиIащ Нэгъуей Залымхъан.
АдэкIэ псалъэр зрата Езауэ Анзор къыхигъэщащ ЩIэныгъэ центрым щIыналъэ экономикэм зиужьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIихыр. «Шэч къытесхьэркъым, мы зэIущIэм хэт щIалэгъуалэм ящыщ гуэрхэр щIэныгъэ гъуэгум зэрытеувэнум. Дызытет дунейм улъэщIэмыхьэу зехъуэж, икIи, си фIэщ мэхъу, фи къэкIуэнум щыщ зы ныбз нобэ фэркIэ нахуэ зэрыхъур. Фызыхуейр хьэкъыу къывгурыIуа нэужь, фызэрыкIуэну гъуэгур тынш хъунущ. Техникэмрэ технологиемрэ гъащIэм щыщ зы пкъыгъуэ хъуащи, ар фыдэзыхьэх Iуэхугъуэу къафщтэмэ, быдэу жызоIэ, дуней хьэлэмэт къыфхузэIуихынущ, телъыджэ куэд фигъэлъагъунущ. Къыхэфх гъуэгур сыт хуэдэу щымытми, фыщехъулIэну си гуапэщ», – жиIащ къулыкъущIэм.
ЗэIущIэм и зы Iыхьэу щытащ робот хуэIухуэщIэхэр тегъэщIапIэ зыщI технологием и гъэлъэгъуэныгъэр. ЩIалэгъуалэм ирагъэлъэгъуащ центрым и лэжьакIуэхэм я зэфIэкIыр щIэныгъэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ щIэщыгъуэхэм къыкIэрымыхуу зэрыкIуатэр. Гъэлъэгъуэныгъэр зэфIэкIа нэужь, щIалэгъуалэм нэхъ хьэлэмэт къащыхъуа робот щIыгъэхэр зи IэдакъэщIэкIхэм упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыхуагъэзащ, лэжьыгъэр зэрекIуэкIым зыщагъэгъуэзащ.
НыбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ экономикэм и къэкIуэным, абы робот-ритейлеркIэ зэджэхэм щаубыдыну увыпIэм, а технологием Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрызыщиужьам. КъызэрыхэщамкIэ, робот-ритейлерхэм я фIыгъэкIэ «къалэ губзыгъэкIэ» зэджэ жылэ гъэпсыкIэр пхузэгъэпэщынущ, экономикэм и унэтIыныгъэщIэхэр зэбгъэпэщыфынущ.
Зэхуэсым хэтахэр тепсэлъыхьащ интеллект IэрыщIымрэ робототехнологиемрэ я къэкIуэнур псалъэмакъ зэIухахэм, гупсысэ зэхъуажэхэм гуэх имыIэу зэрепхам, дуней зэхэщIыкI зиIэ щIалэгъуалэ нэхъыбэ абы къыхыхьэху зэрынэхъыфIым.
«ЛэжьыгъэфIхэр диIэщ, ахэр зэрытщIын есэныгъэ щIагъуэхэри дбгъэдэлъщ. Къэтлъыхъуэр зэхэщIыкI зиIэ ныбжьыщIэхэрщ, хэгъэгум ифI зыхэлъыр зи гъащIэ гуращэу зыгъэув щIалэгъуалэрщ. Фэ апхуэдэу фыкъызэрыщIэкIынум шэч къытесхьэркъым», – жиIащ Нэгъуей Залымхъан.

 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: