ГъащIэм къыхэкIа псалъэжь куэдым я лъабжьэм хъыбар щIэлъщ. Къохъу псалъэжьыр цIыхубэм жаIэрейуэ, ауэ и мыхьэнэр мыгурыIуэгъуащэу. Абыхэм ящыщ зы щапхъэщ «Гуащэ хуэлъэ – псы хэлъафэ» псалъэжьри.
Еуэри, нысэр гуащэм хуэлъэ Iейт, жи. Хуэлъэ Iейти, лIыр гузавэрт, жи, Iейуэ, Iэмал хуигъуэтыртэкъым, жи, и фызыр и анэм гуригъэIуэну.
ИужькIэ мэл иукIщ, дахэуи, шыгъу куэд хидзэщ аби, игъавэри, лыр фызым иригъэшхащ, лэпсыр ирикIутщ аби, гъуэлъыжащ. ТIэкIу дэкIри, жейнэпцI нэбэнэушэу лIыр къэтэджри:
– Псы сегъафэ, – жиIащ.
– Псы щIэткъым, диIэкъым.
– НтIэ, щхьэ димыIэрэ?! КIуэи къэхь, псы семыфауэ нэху
зыкъезгъэкIынукъым!
– НтIэ, сыкIуэнщ, – жери щIэкIщ аби, псыхьэ кIуащ.
Псыхьэ кIуар къэтыхункIэ, лIым пцIанэ зещIри, шэтIэтIым зыхегъэукIуриери псыхьэ кIуам кIэлъокIуэ. Фызым псы къригъэхъуэну зыщригъэзыхым, йопхъуэри и пщэр къеубыд аби: «Гуащэ хуэлъэ – псы хэлъафэ! Гуащэ хуэлъэ – псы хэлъафэ!» – жери псым щIигъэмбрыуэщ, щIигъэмбрыуэри, къыщIэпхъуэжщ, зихуэпэжщ аби, пIэм гъуэлъыжащ.
Фызыр кIэзызу къыхэкIыжри, мо цIыхубз шынар къэсыжщ аби, гъащ:
– Сэ зыгуэрым сыхуэзащ, сылIэнущ! – жери.
– Сыт узыхуэзар?
– «Гуащэ хуэлъэ – псы хэлъафэр, мыращ!» – жери псым сыщIигъауэм, сыкъыхихыжурэ, сыщIигъауэм, сыкъыхихыжурэ, езыр пцIанабзэу, фIыцIабзэу, зыгуэрым псым сыщIигъэмбрыуэри, дэнэ кIуами сымыщIэу кIуэдыжащ, сэри ерагъыу сыкъэкIуэжащ! – жиIащ.
– НтIэ, – жиIащ, – сэ Тхьэ соIуэ, ар къызыхэкIар ди анэм узэрыхуэлъэракIэ! Ухуэлъэну иджыри ди анэм? ДяпэкIэ нанэ ухуэмылъэ, лъагъу, абы кърикIуэнур къыщыпщIакIэ!
– Тхьэ сылIэхукIэ си IэщIым тесу зесхьэнмэ нанэ! – жиIащ, жи.
Зэрихьащ жи, псэухукIэ, къэзылъхуа и анэра хуэдэу!