Напэм и тэзыр

Iэщыж Борис 1939 гъэм Тэрч район щыщ Дей къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым ар щеджащ Дербент къалэм дэт мэкъумэш техникумым. Ар къиухри, япэ щIыкIэ жызум щагъэкI совхозым, итIанэ алмаз Iэмэпсымэхэр щащIу Тэрч къалэм дэт заводым щылэжьащ. Зэрылажьэм хуэдэурэ, Горький М. и цIэр зезыхьэ литературэ институтыр къиухащ.
Iэщыж Борис тхэн щIидзащ курыт еджапIэм щыщIэса илъэсхэм, абы лъандэри и усэхэмрэ рассказхэмрэ республикэм къыщыдэкI газетхэм, журналхэм щIэх-щIэхыурэ къытохуэ, и усэхэр тхылъ щхьэхуэу «Эльбрус» тхылъ тедзапIэми къыщыдэкIащ. Iэщыжым и рассказхэм лъабжьэ яхуэхъуар нобэрей ди гъащIэм дыщызрихьэлIэ Iуэхугъухэрщ, цIыхухэр зэрыхуэ щытыкIэхэм елъытауэ я хьэл-щэным зэрызихъуэжырщ. Рассказхэм гупсысэ куу ящIэлъщ, дэтхэнэми чэнджэщ гуэр къыхэпхыфу щытщ, фIымрэ Iеймрэ зэхэбгъэкIыфу урагъасэ. Аращ ахэр тхылъеджэхэм гунэс щIащыхъури, тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щIэупщIэ щIаIэри. 

Нэху зэрыщрэ къешхыныфэщи, дунейм зыкъызэIещIэри хъуркъым. Щымыхъужыххэм, уафэгъуагъуэм, къыхэпсчэIукIщ къыхэпсчэIукIри, хуэмурэ зигъэкIуэдыжащ. Ауэ пщыхьэщхьэ хъури БещтокIэ къыщызэрыкъуэхащ пшэ гуп зыбжанэ, хэт хужьу, хэти ятIэгъуафэу, ауэ псоми фIыцIагъэр ебэкIыу. Апхуэдиз пшэр жьым зэхихуэщ, фIыуэ зэхипщэжри ди къуажэ цIыкIум къыщхьэриIубащ. Иджы къуажэр зэрыпщIэн щыIэкъым шыуан фIыцIэжьым щIэIубауэ щIэлъ фIэкIа. Арыххэуи пшэхэм уэшх пIащэр къакIуэцIылъэлъу хуежьащ, тхьэмпэ цIыкIухэр къыпиудрэ тхьэмпэшхуэхэр пхриуду. ИтIанэ жьышхуэ къыщIэувэжащ, уэ пIащэ хэлърэ жыгрэ пкъоууэ хуиудыр ириуду, унащхьэхэр зэхифыщIэу. Жьым къызэрыщIидзэу уэздыгъэу къуажэм къыщыблэу хъуари зэтеункIыфIащ. Апхуэдэ дунейм уэрамым къыдыхьэфынур дыгъухэмрэ гузэвэгъуэшхуэ къызылъысахэмрэ я закъуэт.
ТIыкъани дыгъущ, ауэ зиудыгъуауэ пIэм хэлъщ иджыпсту, мы жьышхуэмрэ псымрэ зыгуэр къыдимыщIарэт жыхуиIэу. Мыпхудэ дуней къэхъуну ящIагъэнтэкъым, ТIыкъан сымэ зэгурыIуатэкъым ныжэбэ. АрщхьэкIэ апхуэдэ жэщ блэбгъэкIыу ужеифынт, ТIыкъан зигъазэ-зыкъигъазэу пIэм хэлът. Абы хэту машинэ зэжьэхэуэ макъышхуэ къэIуащ, езыри къуажэкум пхырыкI уэрамым тести, а макъым къыщIигъэжащ. Гыз, щэIу макъхэр къыздиIукIымкIэ щыкIуэм, бэкъуэху зыгуэрхэм теувэ хъуащ. И жып уэздыгъэр кърихрэ еплъмэ, дэнэкIи ахъшэр щикъухьат, зэкIуэцIыпхахэри зэкIэрыщэтахэри хэту, ахэр къызэрылъэлъа сумкэри зэтехауэ щылът иджыри зыгуэрхэр къызэринар къапщIэу.
ТIыкъан куэд щIауэ дыгъуакIуэхэм яхэтми, шы, Iэщ къадыгъурэ ящэжу, машинэ ирахужьэрэ зэпкърахыу арат я «IэщIагъэр», мыпхуэдэ Iуэху зэи ирихьэлIатэкъым. Иджы мис, и пащхьэм изу илъщ апхуэдизу гугъу зыдехь ахъшэр, еIэбыхи къащтэ узыхуейм хуэдиз. ИтIани и фIэщ мыхъуу, мыхэр ахъшэ нэпцIу къыщIэкIынщ жиIэурэ, къищтэм зыIэпигъэжурэ йоплъ. Iуэхум пцIы зэрыхэмылъыр и фIэщ щыхъуар лъыкъуалэр къыпыжу къыхуэпщ щIалэм щыIуплъарщ. ЗиплъыхьыIуэмэ, дэнэкIи гызрэ гъы макърэщ, зи псэ пыту хъуар дэIэпыкъуэгъу щхьэкIэ мэлъаIуэ. Гъуэгум къытепщхьахэм нэмыщI, машинэхэми щэIу макъ къоIукI, щIы щIагъым къыщIэIукIым хуэдэу. ТIыкъан а къыхуэпщхэм я дежкIэ бэкъуэну хуожьэри щIогъуэж, аргуэру хуожьэри щIогъуэж, зыгуэрым имыгъэбакъуэу илъахъэу фIэкIа пщIэнтэкъым. Арыххэу, дыгъуакIуэу зыгъэсам и теплъэ шынагъуэр и пащхьэ къоувэ. Арат ТIыкъани и ныбжьэгъухэри зыгъэдыгъуэр, къадыгъуам и нэхъыбэри зылъагъэсыр.
- Мыр сыту Iейуэ ухэплъэрэ, ТIыкъан! – Сти уикIуэт укъикIуэтыжу ущIыщытыр? Апхуэдэ насып уэ зэи къоуэлIакъым, къоуэлIэжынуи къыщIэкIынкъым. Ахъшэр зэщIэкъуи зегъэхь! Хэт уэ укъэзылъагъур мыпхуэдэ жэщым. Си напэр жыпIа?! Зэ жыIэжыт иджыри? Алъандэрэ уимыIа напэр иджы дэнэ къыздипхыжар? Къэушэжащ жыпIа? ПыкI абы! Теубжьытхи хыфIэдзэ! Мы дунейм уэ абы ущыхуейкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыбы напэ уиIэу ущыпсэуфынукъым. Уэ пщIэжрэ си щIалэхэм уакъызэрыхэсшэрэ мы гъэм илъэс дапщэ хъуми? Гъыргу жиIэу илъэс тIощI мэхъу. Уэ плъагъуркъэ зылъэкIхэм я псэукIэр, я шхэкIэр, я дыгъуэкIэр. Хэт абыхэм ящыщу илъэс къэс хытIыгу жыжьэхэм зыгъэпсэхуакIуэ мыкIуэр. Мис ахэращ уэ узыдэплъеин хуейр амыхъу, мэлым хуэдэу дэнэкIэ пхуми кIуэ цIыху жьгъеижь цIыкIухэракъым. Содэ, уэри къулей ухъурэ мылъкукIэ урикъуауэ къэплъытэжмэ, мис итIанэ уи напэри къэщтэж, цIыхухэм уахыхьэурэ еущие, яжеIэ дыгъуэ зэрымыхъунур, хабзэм ебакъуэмэ зэрагъэтIысынур. Уи мылъкуми бытыр тIэкIу хэптыкIыу зыкъэгъэлъагъуэ, ари къыпщхьэпэжынкIэ хъунщ.
- Уа, щхьэ къыбгурымыIуэрэ! Сэ зэи срихьэлIакъым мыпхуэдэ Iуэху. Шы къэбдыгъуам, зейр щымыту зыбодзри ущIопхъуэж. Машинэ къэбдыгъуми, зейр щымыту ибохужьэ. Ауэ, мыхэр плъагъуркъэ, дэIэпыкъуэгъу лъыхъуэу си дежкIэ къопщхэр, сэ ахэр къэзгъанэу дауэ сызэрыщIэпхъуэжынур, ахъшэр къасщтэу?
- Дэгу-нэф зыпщIынщ, ахъшэр зыщIэпкъуэнщи зыбгъэкIуэдынщ, мис апхуэдэущ узэрыщIэпхъуэжынур.
Арыххэуи а тIум я зэхуакум напэр къыдохьэ, нуру блэуэ:
- ТIыкъан! Мы напэ зимыIэм жиIэм уемыдаIуэ! Аращ уэ, пщIэжу щытмэ, гъуэгу пхэнж утезыгъэувар! Сэ иджы зэ сыхыфIэбдзэжмэ, дзапэкIэ сыкъэпщтэжынуи сыкъэбгъуэтыжынукъым, гъуэгу мыгъуэ узэрежьэнури зэгъащIэ, арыншэми уежьауэ утетщ.
- УемыдаIуэ абы жиIэм! – къоIу аргуэру макъ губжьар. – Сыт мы ди зэхуакум къыдэува нурыр симыгъаплъэу, дэху ар ди зэхуакум, ахъшэракъэ псом нэхърэ нэхъапэр, зэщIэкъуи ежьэж, уемылъэпауэ уи насыпым…
ТIыкъани, дыгъуэнкIэ зыгъэсам жиIэхэр нэхъ и фIэщ мэхъури, дэIэпыкъуэгъу лъыхъуэхэм яблэIэбыкIыурэ ахъшэр зэщIекъуэ, ахэр егъэпщкIури, Iуэхум зыри химыщIыкI хуэдэ къахоувэж зэхуэжэсахэм:
- Мр сыту гузэвэгъуэшхуэ! Алыхьым гущIэгъу къахуищI! Псэууэ къела яхэткъэ?
Щытхэм ящыщ зы къопсалъэри:
- Хы хъурти, зы сабий фIэкIа къелакъым, - жи, - адрейхэм я псэр сымаджэщым намышэс щIыкIэ хэкIауэ жаIэ.
ТIыкъан щIэгузэвэн щымыIэу щилъагъум, и гур псэхужауэ кIуэжри гъуэлъыжащ.
Машинэм иукIахэр щIалъхьэри, махуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу ахъшэр къалъыхъуэу хуежьащ. Машинэ зэжьэхэуэм ирихьэлIаи, фэбжь зыгъуэтахэр сымаджэщым зышаи къагъэнакъым мылицэм яшэурэ къемыупщIу. АрщхьэкIэ абыхэм ахъшэм теплъауэ жызыIэ къахэкIакъым, ар и кIуэдыкIэу ахъшэр лъэужьыншэ хъуащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар машинэм исахэм ящыщ зым банкым щIыхуэу къыIиха ахъшэт.
ТIыкъан дыгъуэгъуакIуэми щIалэ делэтэкъыми, илъэс зытIущкIэ зыкъигъэхъеякъым. ИтIанэ и гъусэхэр хыфIидзэжщ къыхуэшхыдэури, хьэрычэтыщIхэм яхыхьащ. Совет властыр щыIэжтэкъым, хэтыт зэман зэхэзэрыхьам ахъшэ дэнэ къипха жиIэу къоупщIынури, къоныкъуэкъунури. Ахъшэ уиIэ закъуэмэ, узыхуейр пщIэ хъурт. ТIыкъани ахъшэ игъэпщкIуар къызэкъуихыжри, япэщIыкIэ Iэщ фермэшхуэ иухуащ, итIанэ хуэм-хуэмурэ къалэми къуажэми тыкуэн зыкъом дищIыхьащ. Ахъшэр уэру къакIуэу щыхуежьэм, къулеижьхэр зыдэкIуэ хытIыгухэри абыхэм щыIэ хъуэпсэгъуэхэри и нэгу щIигъэкIащ.
АрщхьэкIэ, гъащIэр къыIурыIэфIэу щIидза къудейуэ, щIэщхъу къыщыщIащ: увыIэжыкIэ имыщIэу махуэ бжыгъэкIэ къешха уэшхышхуэмрэ уэс ткIужымрэ кърагъэуа псыхэр къыдэуэхри, уэхым дищIыхьа фермэшхуэр къанэ щымыIэу ихьащ, цIыхуи хэкIуадэу. Абы ирихьэлIэу и ныбжьэгъуу щыта къыхуэдзэлашхэхэм и тыкуэн зыбжани ягъэсащ. Апхуэдизу зызыIэтауэ щыта ТIыкъан апхуэдэу къехуэхыжу жагъуэгъу гъэгуфIэ хъууэ идэнт, жэщ банкми ахъшэшхуэ къыIихащ. АрщхьэкIэ икIута из хъужрэ, щIыхуэр хуэмыпшыныж хъури лъэхъуэщым къихутащ. Абы исыху ТIыкъан зэман иIат зыщIэгупсысыжыну, къыгурыIуауи къыщIэкIынут нэгъуэщIым и насыпыншагъэм уи насыпыри тепщIыхь зэрымыхъунур. Ауэ абы иджы зыри къикIыжтэкъым.
ГуфIэгъуэми гузэвэгъуэми пIалъэ пыухыкIа гуэр яIэщ. Зэгуэр иухащ ТIыкъан тутнакъэщым зэрисыну пIалъэри. Ауэ лъэхъуэщым къикIыжу къуажэм къыщыдыхьэжам ар зыми къыхуэцIыхужакъым. Абы и нэкIу къупщхьэхэм и фэр тегъуэжат, псэ зыщIумылъагъуэж и нитIыр куууэ ист, и бгъэр къыдритхъунщIейуэ щIэх-щIэхыурэ къыщыхьэ псчэм и Iэпкълъэпкъ гъурыр зридзэрт. ТIыкъан и щхьэр щIэгуауэ и псэр ихьыжырт псэхугъуэ гуэр щигъуэтыжыну зыщыгугъ и щIапIэжьым. ИмыщIэр зыт: абы Iэджэ щIауэ зыри къыщыпэплъэжыртэкъым къыщалъхуа щIапIэм.

Зыгъэхьэзырар Тхьэхущынэ Ланэщ.
Поделиться: