НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 30, мэрем

♦Политикэ щхьэусыгъуэкIэ зэхэзехуэн зэращIам и зэранкIэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ

♦Урысейм и дзэ-тенджыз флотым и махуэщ

♦Урысейм щагъэлъапIэ инженер-механикхэм я махуэр

♦1711 гъэм Къэбэрдей шууейхэм Мурад-СулътIан зи пашэ шуудзэр хагъэщIат.

♦1927 гъэм къалъхуащ Мысырым и дзэ къулыкъущIэ, Штаб нэхъыщхьэм и унафэщIу, къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта Февзи (Хьэхъу) Мухьэмэд.

♦1938 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ, Иорданием и ЛIыхъужь Шурдым Ихьсан.

♦1957 гъэм къалъхуащ сурэтыщI живописец, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Акъсырэ Михаил.

♦1972 гъэм къалъхуащ коллекционер, публицист Тхьэкъуахъуэ Iэуес.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 – 14, жэщым   градуси 5 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Щхьэж фIэзахуэр еукъуэдий.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

06.11.2026 - 11:42 → НОБЭ
05.11.2026 - 11:25 → НОБЭ
03.11.2026 - 09:00 → НОБЭ
02.11.2026 - 11:03 → НОБЭ