УмыкIуэмэ, къэкIуэжынукъым

Гущэхэпхэ бэракъыр къызэрысхуагъэбыбым къигъэкъуэлъа си лъыр зэрагъэупщIыIуамкIэ гъунэгъухэм сахуэарэзыуэ, шэджагъуэ нэужьым Гришэ сыпежьащ. Я деж сыщIыхьэну сфIэемыкIут, сэлам зэтх щхьэкIэ, дызэкIэлъыкIуэртэкъым. Фызыжьым и закъуэт ди деж къакIуэр, ари сэ сыщыщIэмысхэм деж.

- НакIуэ, зыгуэр дедзэкъэнщ, - жиIащ езы щIалэм, сызэрыпэплъэр къыгурыIуэри. Бдзэжьей гуэри иIыгъщ, схуигъэжьэн тIэу еплъынукъым.

- СыноупщI хъуну, Расул? – къыщIедзэ, шэнтым сетIысэха къудейуэ. - Дауэ фи цIыхубзхэр зэрызэвгъэдаIуэр? Сыт яжефIэр, апхуэдэу пщIэ къыфхуащIын папщIэ?

- Зыми дыкъыщимылъагъум деж, ди Iэр едзыхауэ додаIуэ. ЦIыхухэм дахыхьэмэ, зыдгъэлIу аращ, къытпэпсэлъэжу я напэ зытрахыжынкъым жыдоIэри, - сыгушыIэ пэтми, сэри къысфIыдихун сиIэт.

- Сызэремыплъа лъэныкъуэ къэнакъым, - и щIыбагъыр къэгъэзауэ, тебэм дагъэ ирекIэ. ШхапIэ зэрыдгъэлажьэр щыгъупщэжа нэхъей.

- Зыри пхуещIэнукъым, - жызоIэ. – КъыпIэрыхьам укъуэсыну аращ, дэ дэщхьу. Нышэдибэ сIэщIэукIэн си гугъащ.

- Сыт щхьэкIэ? – и щхьэм темыпсэлъыхьыжыну Iэмал зэригъуэтам жьы дэхупIэ иритауэ, йотIысэх си бысым бзэмыIур.

- Хабзэ зыдохьэ жытIэу, дыкъызэремыкIуалIэм фэри гу лъыфта къыщIэкIынщ. Щэбэтым си щыкъум я гущэхэпхэм дыхэтын хуейщ иджы. Сабий Iуэхум цIыхухъу екIуалIэу щытакъым игъащIэм. ЦIыхубзхэм замыпIытI-замыхузу, зэрыгъэгушхуэну, зэрыгъэтыншыну, цIыкIухэм хуиту кърагъэхьыжыну, нанэхэмрэ нысащIэхэмрэ зэрыцIыхуну, чэнджэщ зэIэпахыну – апхуэдэ гуэрущ гущэхэпхэм и мыхьэнэр сэ къызэрызгурыIуэр. Дэри езыхэм хьэдэ щIедгъалъхьэркъым, пэжкъэ?

- Сыт къикIыр а гущэхэпхэм?

- «Ахъшэ тIэкIу къызэптарэт!» - аращ къикIыр. БгъэIункIэ, дахэщ: цIыху къахэхъуащ, узыншэщ, дехъулIащ, лъэпкъыр дяпэкIи псэунущ, мэудж, мэджэгу. Псори дэгъуэт, дагъуэр нэхъ мащIамэ.

- УмыкIуэмэ, сыт къэхъунур?

- Аращ дыщIызэрытхьэлэр! УмыкIуэмэ, къэкIуэжынукъым, жи. КъэмыкIуарэт! Къыпщыхьэпарэт! Уемыщхьарэт! ГуфIэгъуэр ягъэмахуэшхуэу къыщIаублар тхьэмыщкIэхэр я ныбэ изу ягъэшхэн папщIэщ. ЯщIэж уи гугъэу ара? ЛъакъуэкIэ щыта хабзэр и щхьэмкIэ ирасащ. Зыгуэрым зыкъом къифыщIри беифэ зытригъэуащи, зи сомитI зэмыуIу абы и благъэхэм къыхуахьынури, къыдагъэхьэн папщIэ щатIэгъэнури, къызэрыкIуэну гъуэгупщIэри зрагъэпэщу, езыхэм загъэлIэпэн хуейщ. Загъэзыгуэрыну дадэIэпыкъуныр ди къалэн лъапIэщ, армыхъумэ, зэрыпщхьа сурэтым къихунурэ, дэ дэщхь хъужыну мыгъуэщ. Си щхьэ пщIэ хуэсщIыжыну сыхуит? Ухуиткъым, жи, уи къуэм къишэнущ, уипхъу яшэнущ.

Гришэ и бзэр къезгъэтIэтэн щхьэкIэт а къомыр щIесшэжьари, срихьэжьэпащ. Бдзэжьей гъэжьам сыпэлъэщынт сэ, ауэ дауэ мы пщэфIапIэм сызэрыщышхэнур? Унэ бгынэжам ещхьщ, чырбышхэр къоплъэ, Iупхъуи фIэлъкъым, Iэнэри тепхъуэншэщ. Зымахуэ дыдэт хьэуар зыгъэупщIыIу Iэмэпсымэ лъапIей фIадзэу щыслъэгъуар, ахъшэншэ дыдэкъым мыхэр, уэди яхэткъым. Зумыхьэу щытми, къыпхуэлъэсынукъэ, зи унагъуэрэ? СигукIэ си ябгэжьым секIужат, Гришэ псэлъэн щыщIидзам.

- Светэ си етIуанэ щхьэгъусэщ. Щыри дызэдеджащ, япэрей Ники мыри. Сыбжьамияпщэщ сэ документкIэ, умыщIэмэ. Еджэн къыщыдухым ирихьэлIат адреймрэ сэрэ ди хьэгъуэлIыгъуэр. Мыри ди курсэгъути, нысашэм дыздыхэсым, и нэпсхэр къыщIэжу солъагъу. Иджыщ зэрыспигъэкIар къыщызгурыIуар. «Уа, мы сэ сIэщIэщIар!» - жысIэху, сигъеин щигъэтакъым. Си нэм къыщIиIуу арат, иджыри гугъэ схимыхыжауэ. «Сэ схуэдэу абы фIыуэ укъилъагъунукъым» темэм дытесащ, Никэрэ сэрэ дызэбгъэдэкIыжыху. УзэфIэнэну гугъу? НэхъыфIыр къыхэсхыжа си гугъуэу, мыбы игу згъэзэгъащ. Си анэм зилIэжу, модреймрэ сипхъу нэхъыжьымрэ Мэзкуу Iэпхъуэжащ. Нобэми якIэлъогъ, ар нэхъ цIыхуфIт, жи. Никэ пеуэу арат Светэ. Игу срихьми, сэратэкъым нэхъапэр. ТекIуащ. ЩIэрыщIэу псэун щIэддзэжащ, зэдэдгъуэта хъыджэбз нэхъыщIэм зыкъомрэ дытригъэуащ… Унэм щыпсэун идэркъым иджы а плъагъум. ТхэкIауэ, фэтэр хьэхум щIэсщ. Си пхъур губгъуэм итщ, сэ абы и хьэтыркIэ сшэч и анэмрэ анэшхуэмрэ сысейм и фэр трызогъэх, уи жагъуэ ящIми, къызыфIумыгъэIуэху жесIэу. Махуэ псом сыщIэскъым, ди анэм кIуапIэуи жапIэуи иIэр мо тIуращ.

- Иджыпсту дэнэ ахэр здэщыIэр?

- Мамэ хуэдэкъым щыкъу анэр, узыншэшхуэщ, зыхуей дыдэм макIуэ. Щхьэгъусэм и лэжьэгъуэщ.

- Уэ сыт бгъахъэхэр?

- Плиткэ изодз. Иджы гуп-гупурэ мэлажьэ нэхъыбэр, унэ псо къащтэри, занщIэу яух. Апхуэдэхэм уапеуэну гугъущ, и уасэри къуамытыжын тIэу еплъынукъым, хъуакъым жаIэу.

Сэ сызэреплъымкIэ, цIыхум ищIэн хуейр езым ещIэж. Игу къызэрыгъуэтыж закъуэмэ, мыхъу псоми хэкIыпIэ къыхуигъуэтыфынущ.  

- Уей, мыщIагъуэ, - пызощэ Гришэ и тхьэусыхафэм. - Мо ди шей ефапIэ цIыкIум къыщIыхьэмрэ щIэкIыжымрэ кIэлъыплъыну къару яхуэзгъуэтыркъым, къэпщэхуам и ныкъуэр мэбзэх, дзыхь зыхуэдмыщI лэжьакIуи диIэкъым. Верэ зыкъиужьыжмэ, абдежым зы Iэнэ щыхуэдгъэуву дгъэтIыс хъуну пIэрэ? КъехьэлъэкIыну, дауэ уеплърэ? Сыхьэт бжыгъэм тещIыхьауэ, сом гуэркIи дызэгурыIуэнт.

- Сыт сом? КъыщIумыхужмэ, дамэ къытекIэнущ абы, цIыхукIэ зигъэнщIкъым, вахтёру лэжьащи, иджыри плъырыпIэм Iутщ, аращ тетIысхьэпIэм щIытемыкIыр, - мэдыхьэшх, ауэ зэхихар и гуапэ мэхъу. ИтIанэ, зыхуей дыдэм нэсам ещхьу, хуэсакъыпэурэ къызоупщI:

- Сыт адыгэхэм щыкъу анэр щIызыхэвмыгъэсыр?

- ЦIыхухъум пщIэ иIэн щхьэкIэ, - си щхьэм нэгъуэщI къихьакъым.

- Дауэ?

- ЦIыхубзыр и анэм и нэкIэ фIэкIа зэмыплъыжмэ, зэи уэ жыпIэр жиIэнукъым.

- Зы тхьэмахуэкIэ е мазэкIэ жиIэнкIи хъунщ, - подыхьэшхыкI.

- Щэ къызэлъэIумэ, зэ фIэкIа хуэзмыщIэу зызогъэпщ, къыстегушхуэн зэрыщIидзэу, - ар жызыIэр сэращ, Гришэ згъэсэжу фэ къыстемыуэн хуэдэу. – КъыгурымыIуэмэ, шыугъэти мышыути жысIэурэ, уае зызощIэкI, къызбгъэдэмыхьэфу. Езыр делэкъыми, хуэмурэ и пIэ йоувэж. Мыхъунур хъунукъым, адрей псори хъунущ – аращ си конституцэр.  

- Верэ лэжьапIэ къыдощтэ, - яжызоIэ а пщыхьэщхьэ дыдэм.

- Ыы? – занщIэу зэакъылэгъу хъужащ Сабринэрэ Камилэрэ.

- КъыщIыхьэмрэ щIэкIыжымрэ якIэлъыплъын диIэкъым нобэр къыздэсым, фэри нэхъ фыхущIыхьэнщ. ЯщыгуфIыкIыу щрес. КъыщыкIуэфым къокIуэ, мэжалIэмэ машхэ, сыкIуэжарэт жиIэмэ, фоутIыпщыж, сом гуэри хутшиинщ.

- ФIы дыдэщ, Расул, уи лIахэм къэрэгъул бжыхь Тхьэм яхуищI, псоми къытпоплъэ а ныбжьыр.

Камилэщ нэхъыжьри, сэ стеухуа апхуэдэ псалъэ хэIэтыкIахэр игу тохуэ Сабринэ. ЛIы бэлыхь зэриIэр игу къызэрагъэкIыжри зэранкъым.

Ауэрэ тхьэмахуэ хуэдэ докIри, Верэ унэм къашэж. ЩIэупщIакIуэ кIуа зэныбжьэгъуитIым лэжьапIэ къызэрытщтэр жраIэри ягъагъ, ягъэдыхьэшхыж, сытми, ягъэхъужыпэ.

- Гришэ къигъэхъухэр зэхэфха? – къыдолъадэ Камилэ нышэдибэ.

- Уэри уи пщэдджыжь фIыуэ, Камилэ!

- Унэр зэрахьэ зэлIзэфызым. Щыкъу анэм зигъэгусэри адрей и пхъум екIужащ. Хъыджэбз цIыкIури хьэблэм щыуфэразэу солъагъу.

«Зы: ноль - цIыхуфIхэр дытокIуэ!» - жиIэщ си ябгэжьми, и Iэгу ущIаитIыр Камилэ ейхэм яригъэуIуащ.

Сэри зыцкIэ зысфIэмыIеижу, си шэрхъиплIым сышэсри НалшыккIэ дэзгъэзеящ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: