ФIэщхъуныгъэмрэ фэрыщIыгъэмрэ

Ди зэманым и нэщэнэ хъуа Iуэхугъуэхэм язщ цIыхум нэхъыфIу зыдилъагъуж псори адрейхэм я нэм щIиIуныр. Ар шхыным, щыгъыным, щхьэцым, Iэбжьанэм, зэхущытыкIэ гуапэм, щIэныгъэм, унагъуэм щытеухуам дежи, щIагъуэу пхужыIэнукъым. Ауэ дин зезыхьэхэм я тхьэ хуэпщылIыкIэмкIэ ардыдэр къагъэхъуну щыхуежьэм деж, езым щапхъэ игъэлъагъуэ къыфIэщIу щытми, Iуэху мыхъумыщIэ куэд кърокIуэ. Апхуэдэхэм дыхуегъэсакъ шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ доктор Щхьэныкъуэ Анзор и хъутIбэм.  

СыкъэзыгъэщIа Алыхь иным нэхъ пэгъунэгъу сыхъун папщIэ, сыт нэхъ сщIэн, сыт нэхъ злэжьын хуейр жиIэу, зыгуэр щIэупщIэмэ, шэч хэмылъу, япэ дыдэ абы игу къэбгъэкIын хуейр нэмэзращ. Нэмэзыр диным и пкъощ. ЦIыхумрэ Тхьэмрэ зэпызыщIэ кIапсэщ. Муслъымэн пэжым и насыпыр зэпха Iуэхугъуэ дахэщ. Япэ дыдэ жэуап щIихьыжыну лэжьыгъэщ. ЦIыхум и нэмэзыр къыфIэIуэхумэ, Iуэхуу иIэм ар япэ иригъэщыфмэ, ар насыпышхуэщ. ИкIи и насыпщ нэмэз уахътыр къихьамэ, зи лэжьыгъэр къэзыгъэувыIэу, гъуэгу тетмэ, къызэтеувыIэу, Алыхь Иным и пащхьэ иувэу, ар къезыхьэлIэм. Сыт нэхъ дахэ щыIэ, цIыхур дэнэ щымыIами, и нэмэзыр щымыгъупщэным, и уахътым сыт щыгъуи щIэупщIэным, дэнэ деж си нэмэзыр щысщIа хъуну жиIэу, ар гукъеуэу иIэным нэхърэ? «ЦIыхур зэкIуэкIыгъуафIэу къигъэщIащ, - жеIэ тхылъ лъапIэми. – Iейр къылъэIэсмэ, мэгужьей, фIы къехъулIэмэ, мэнэпсей. Ауэ апхуэдэкъым нэмэз зыщIхэу зи нэмэз блэзымыгъэкIхэр».

Зы махуэ къэмынэу нэмэз тщIын щыхуейкIэ, дэнэ дыщымыIами, сыт хуэдэ Iуэху дыпэрымытами, ар тщыгъупщэ щымыхъунукIэ, абы къикIращи, нэмэзыр дэ тщыщ хъуауэ, нэмэзымкIэ дыкъацIыхуу, дызищIысри къащIэу аращ. Арамэ, нэмэзым хъер къызэрыхэтхыр, абы и хьэтыркIэ нэхъыфI дызэрыхъур цIыхум къыддалъагъун хуейщ. Армырамэ, а нэмэзым зы фIы гуэр хэлътэмэ, уэ фIы ухъунт, жедгъэIэнкIи хъунущ цIыхухэм. Уеблэмэ ди нэмэз щIыкIэмкIэ цIыхухэм я гур диным щыдгъэкIынкIэ хъунущ. Мис абы епхыжауэ нобэ зы Iуэхугъуэ гу лъыттэну сыхуейт.

Муслъымэнхэм нэмэзым и Iуэхур Алыхьым псынщIэ тщищIащ. Дэнэ дыщымыIами, щIыпIэ дызытетыр къабзэмэ, нэмэзыр тщIыну хуит дищIащ. А щIыпIэм деж мэжджыт щыIэми щымыIэми. Ар хьэдис лъапIэми къыхощ. Ауэ щIыпIэр къабзэу щытмэ, абы къикIыркъым дэнэ дежи нэмэз щыпщI хъуну. Зыгуэрхэр зэбгъэзэхуэн хуейуэ уи пщэм дэлъщ, нэмэзым утемыувэ ипэкIэ. «Нэмэз щIы» къыбжезыIа Тхьэшхуэм «зэран умыхъу» къыбжиIащ. «ЦIыхум я гур диным щумыгъэкI», - къыбжиIащ. А псори зэпхыжащ. Алыхьым и хьэкъри, цIыхум и хьэкъри къыпфIэIуэхун хуейщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр зэзымыгъэзахуэ муслъымэн куэдым уарохьэлIэ. Езым и нэмэз уахътыр къэсамэ, псори екIуэтэкIыу, и нэмэзыр ирагъэщIын хуейуэ. И хъуреягъкIэ дунейр къызэтеувыIэу, езым къыпэплъэн хуейуэ зыгъэув щыIэщ. Апхуэдэ гупсысэкIэ зэриIэм къыхэкIкIэ, кIуэнурэ утыку дыдэм деж нэмэз щищIынущ. Е цIыху зэблэкIыпIэм деж иувыкIынущ, нэхъ гъэщIэгъуэныжращи, машинэ зэблэжыпIэм деж увынурэ нэмэз ищIынущ.

 Гъуэгущхьэм нэмэз щытщIыныр имыдэу, Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и хьэдисым къыхэщащ, абы и купщIэри щIэныгъэлIхэм зэпкърахыжащ. Ар щIимыдар цIыхухэм зэран уазэрыхуэхъуращ. КъинэмыщIауэ, уи нэмэзым нэгъэсауэ уемыгупсысыфу узэрытетращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, апхуэдэм деж УкъэзыгъэщIам утогупсысыкIри, къигъэщIахэм уегупсысу нэмэзым утетщ. Ауэ уэ уи закъуэкъым къигъэщIам тегупсысыкIыр. А уэ пщIэр зыгъэщIагъуэу, ар хьэдэгъуэдахэу къызыщыхъу псори Алыхьым емыгупсысыжу бощI. Алыхьым къыдита динри яфIэмыфIыжу бощI. Уи нэмэзым и дахагъымкIэ, абы къыхэпх хьэлыфIагъымкIэ диным цIыхухэр гъунэгъу къыхуэпщIын хуейти, ар зэбгъэдзэкIауэ, уи нэмэзымкIэ цIыхухэр бгъащтэу ухъуащ. Уахътыр къихьамэ, зэупщIыж. Мыбдежым гъунэгъуу нэмэз щIыпIэ иIэу пIэрэ, жыIи. Нэмэз щIыпIэ имыIэмэ, зэупщIыж: нэмэз щIыпIэм сынэсыхукIэ, е унэм сынэсыжыхукIэ, уахътыр имыкIыну пIэрэ? Уахътыр икIынумэ, егупсыс: нэхъ лъэныкъуэегъэзу, зэран сымыхъуу, гулъытэ леи къысхуамыщIу, щIыпIэ гуэр згъуэтыну пIэрэ? Ауэ псом япэжи апхуэдэ утыку зибгъэхуэн хуейкъым. Уи нэмэз уахътыр къызэрихьэнур, нэмэз щIыпIэ тэмэми зэрумыгъуэтынур пщIэрэ пэт, уэ езым апхуэдэ утыку зибгъэхуамэ, абы и гуэныхьыр уэ къыбохьыж. ИкIи къыздемызэгъ щIыпIэ гуэрым деж ущиувыкIрэ, псалъэм папщIэ, зекIуапIэу, дэкIыпIэу, абы иужькIэ зыгуэрым «мыбдежым щхьэ нэмэз щыпщIа, мыбдежым щхьэ укъэува» къыбжиIэмэ, ар умыгъэкъуаншэу, уи щхьэ гъэкъуэншэж.

Ауэ нэхъыбэм аракъым ящIэр. Нэмэз дагъэщIыркъым, зэран къытхуохъу, муслъымэнхэр фIыуэ дыкъалъагъуркъым, жаIэри, мис апхуэдэ псалъэмакъ мышыухэр ирахьэжьэ. ИпэжыпIэкIэ, апхуэдэхэм деж фIыуэ ямылъагъур динракъым, уи дин зехьэкIэращ.

Нэмэзым япэ дыдэ къыхэтхын хуей хьэлхэм ящыщщ гъэсэныгъэр, хабзэ дахэр, ауэ дэ дызэрымыгъэсар, цIыхухэм пщIэ зэрахуэдмыщIыр нэмэзымкIэ къэдгъэлъагъуэмэ, Алыхьыр зыхуэмей дыдэр къыхэтхауэ аращ абы. Ар къызэрытфIэIуэхур фIы дыдэщ, ауэ нэмэзым и щIыкIэм кърикIуэ Iуэхухэми дегупсысын хуейщ. Демыгупсысауэ зы Iуэху цIыкIу длэжьу, ар Iуэхушхуэ щыхъу щыIэщ. Мэкъу пыпхъуэ псо бгъэсын папщIэ, узыхуейр зы хъуаскIэ цIыкIущ.

Алыхьым нэхъыфIым дыхуишэ. Ди нэмэзыр Алыхьым къытхуихъумэ, дэри а нэмэзым дыхуихъумэ. Диным и пщIэр тIэтауэ, и емыкIуи къэдмыхьауэ, Алыхьталэм и пащхьэ дришэж.

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: