ЗэгъэзэхуэкIэм и дунейпсо махуэ

«Ахъшэ хъумапIэхэм я япэ дунейпсо конгресс» жыхуаIэм хэтхэр Италием и Милан къалэм 1924 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м щызэрихьэлIат. Абдежым щызэхуэзат къэрал ящыщу 29-м къыщызэIуаха банк нэхъ лъэрызехьэхэм я лIыкIуэхэр.

Япэрей я зэхыхьэгъуэр пщIэ нэхъ зыхуэщIыпхъэу къызэралъытам тращIыхьри, абдежым щызэрихьэлIахэм къыхалъхьащ жэпуэгъуэм и 31-р Ахъшэ зэгъэзэхуэкIэм и махуэу къэлъытапхъэу. А Iуэхум къыдэкIуэуи, а зэIущIэм хэта, ар щекIуэкIа къэралым щыщ профессор Равизза и жэрдэмкIэ, жэпуэгъуэм и 31-р ЗэгъэзэхуэкIэм и дунейпсо махуэу щагъэуващ.

ГъэлъэпIэн хуейуэ къэзылъытахэм зэрыжаIэмкIэ, мы махуэр зэхьэлIар ахъшэм и закъуэкъым, атIэ мы дунейм зэгъэзэхуапхъэу щыщыIэ псоми: цIыхум и къаруми, и зэманми, къигъэсэбэп хьэпшыпхэми, дызэпхыжа ди щIыуэпсми дахуэсакъыпхъэу зэрыщытыр къэгъэнэIуэнырщ.

ЗэгъэзэхуэкIэм (Экономием) и дунейпсо махуэр, ООН-м и жэрдэмкIэ, къэрал псоми къыщызэдащтар 1989 гъэращ.

Мы махуэр зэдагъэлъапIэ хьэпшыпрэ ерыскъыхэкIрэ къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм, ахъшэ хъумапIэхэм, уней, къэрал зэгухьэныгъэхэм я мылъкур зэгъэзэхуэн-зэкIэлъыгъэкIуэныр зи пщэ дэхуэ лэжьакIуэхэм, экономикэм щыхуагъэхьэзыр еджапIэхэм щIэсхэмрэ абыхэм я гъэсакIуэхэмрэ, къэралым зи гугъу тщIы и IуэхущIапIэхэм кIэлъыплъ къулыкъущIэхэм, нэгъуэщIхэми.

Алыджыбзэм къыхэкIа «экономикэ» псалъэр япэ дыдэу къагъэсэбэпын щыщIадзауэ хуагъэфащэр ди эрэм ипэкIэ IV лIэщIыгъуэм икухэрщ, къикIри «унагъуэр тэмэму зехьэн» жыхуиIэрщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зэман жыжьэхэм псэуахэми, тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, унагъуэр зехьэным, къедза лъапсэр зыхуей хуэгъэзэным мыхьэнэ ин дыдэ ирату щытащ.

Европэм ит хэгъэгухэм ящыщу языныкъуэхэм я къалэхэм дэт еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэгъэзэхуэкIэм ехьэлIа дерс пыухыкIахэр ди нобэми щрагъэкIуэкI. Абыхэм, цIыхум ехьэлIауи щIыуэпсым пыщIауи, дыкъэзыухъуреихь дунейм дызыщрихьэлIэ дэтхэнэ «хъугъуэфIыгъуэри» зэгъэзэхуапхъэу зэрыщытым ныбжьыщIэхэри, балигъхэри къыщыхураджэ.

УФ-м и гугъу тщIымэ, ЗэгъэзэхуэкIэм и дунейпсо махуэм гулъытэ хуэтщI зэрыщыхъурэ куэд щIакъым. АтIэми, мы зэманым дызэрыува щытыкIэр къэтлъытэмэ, зэгъэзэхуэкIэмрэ гъэтIылъыгъэхэр зэращI щIыкIэм и Iэмалхэмрэ къытедгъэзэжу зыщыдгъэгъуэзэныр, нэхъ зыхузэфIэкIхэр къыдогъанэри, цIыху къызэрыгуэкIхэм я дежкIи лейуэ къыщIэкIынукъым.

А Iуэхугъуэрагъэнущ, Урысей Федерацэм ФинансхэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа проектым хыхьэу, ахъшэр зэрызэгъэзэхуапхъэм теухуа дерсхэм щыщIагъэдэIу sberden.ru сайт ди къэралым къыщыщIызэрагъэпэщари.

БлэкIа жыжьэм

«Лъапсэр, унагъуэр тэмэму зехьэн» мыхьэнэр кърагъэкIыу, пасэрей алыджхэм къадекIуэкIар я бзэм хэта «экономикэ» псалъэрт. АбыкIэ щыхьэту къэувыфынущ тхыдэжьыр зи лъабжьэ тхыгъэхэри щIэныгъэлIхэр зыхэплъэж дэфтэрхэри.

Ауэрэ здекIуэкIым, цIыхухэр нэгъуэщI пщэрылъхэми еувалIэу, ахэр зэгъэхъулIэным теухуа Iэмалхэми лъыхъуэу щIадзащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, XVI лIэщIыгъуэр здекIуэкIым, Европэм ит къэралхэм къыщыунэхуащ экономикэм щыхуагъасэ еджапIэ зыбжанэ. Илъэсищэхэр блэкIри, цIыхубэ хозяйствэм зыкъыщиужьащ, псэуныгъэм пыщIа Iуэхухэм зыщаубгъуу щыхуежьащ, производствэмрэ хьэрычэтымрэ щызэтеуващ.

ГъэщIэгъуэнщ

- Дунейм япэ дыдэу кредит картэ къыщыунэхуауэ къалъытэр Нью-Йорк къалэм дэта финанс зэгухьэныгъэм и унафэщI Макнамар Фрэнк, и ахъшэр зэрылъ и чысэр зэримыIыгъым къыхэкIыу, шэджагъуашхэ щищIам ишхам и уасэр щримытыжыфа 1950 гъэм иужькIэщ.

- Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, «День благодарения» жыхуаIэ махуэм трагъахуэу, щыхабзэщ илъэс псом щIэупщIэ нэхъ зиIа хьэпшыпхэр зыщIэлъа тыкуэнхэм уасэ нэхъ зэгъкIэ щащэжу. Зэрахьэ я тхылъхэм абыхэм я цIэр зэрыщыхагъэщхьэхукIыу къадекIуэкIар шакъэ фIыцIэкIэти, «мэрем фIыцIэ» («чёрная пятница») цIэфIэщыр къызытепщIыкIауэ къалъытэри аращ.

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться:

Читать также:

06.11.2026 - 11:42 → НОБЭ
05.11.2026 - 11:25 → НОБЭ
03.11.2026 - 09:00 → НОБЭ
02.11.2026 - 11:03 → НОБЭ
30.10.2026 - 12:13 → НОБЭ