ТхьэшхуэгухьэжЩIэныгъэлI МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъыр щIэгъэкъуэнышхуэ тхуэхъунущ ди бзэмрэ, хабзэмрэ щэнабзэмрэ иджырей щIэблэм едгъэщIэным теухуауэ. Тхылъым и зы Iыхьэм «Лъэпкъым и махуэгъэпс» жыхуиIэм, къыхэтха пычыгъуэщ фызыщыдгъэгъуэзэнур. Гъатхэм ехьэжьауэ дах ВакIуэкъихьэж тхьэлъэIушхуэм и мыхьэнэкIи и екIуэкIыкIэкIи мыр къызэрыщхьэщыкI щыIэкъым, емыфIэкIмэ. Дауэрэ щымытами, гъатхэ тхьэлъэIум цIыхур фIым щыгугъыу, фIым щIэлъэIуу аращ, мы бжьыхьэ тхьэлъэIум щыгъуэ псори нэрылъагъущ, бэвыр я гуэным илъщ, пшэрыр я бэкхъым щIэтщ. ЩекIуэкIыр бжьыхьэ мазэу жэпуэгъуэм (октябрым) и пэ махуэхэрщ. Жылэм, уеблэмэ псыхъуэм къуажэу дэсыр зэпэмыжыжьащэмэ, псори зэхыхьэрэ тхьэлъэIушхуэ ящIыжу аращ, гъэм берычэту къахэхъуам щхьэкIэ Тхьэшхуэм фIыщIэ хуащIу. «Тхьэшхуэгухьэж» псалъэм мыпхуэдэу уегупсыс хъунущ. Илъэс хъурейм цIыхур лэжьащ, гугъу ехьащ, зэм мэкъущ, зэми мэшщ, зэм щынэщ, зэми шкIащIэщ, - а псом елIалIэурэ цIыхум тхьэхэм хуащIэну псори, хуалэжьыну псори ямыщIэфагъэнкIи хъунщ, тхьэхэм ягу къащIебгъэн зыгуэрхэр яIэщIэкIагъэнри хэхакъым. ЦIыхур сытым щыгъуи цIыхущ. Зыр ищIэмэ, адрейр IэщIогъупщыкI. Апхуэдэу щыщыткIэ, иджы къыдэхуахэщ лэжьыгъэ псоми, тхьэхэм гущIэгъушхуэ яIэу сытри къайхъулIащи, сыт хуэдэ Iуэхугъуэм пэрымытами, Тхьэшхуэр ягу зэримыхуамкIэ, абы зэрыхуэлажьэмкIэ заухыжу, абы елъэIуу аращ дэтхэнэ зыри Тхьэшхуэм и блыгу щIимыгъэкIыу, хэт сыт ищIами хуигъэгъуу зыгуигъэхьэжыну, и Iумэтым химыгъэкIыну. ВакIуэкъихьэж тхьэлъэIум текIуэдэнур хьэжыгъафэр я пашэу къыхахыу щытамэ, Тхьэшхуэгухьэжым щыгъуэ абы шыгъу-пIастэу къыщаIэтынури, щхьэтыхьу яукIынури, шыгъажэм, нэщэнэ зэпеуэм, бэнакIуэхэм, къэфакIуэхэм, нэгъуэщI къинэмыщIхэм я зэфIэкIым щхьэкIэ иратынури цIыхум езыр-езыру хьэлэлу зэхалъхьэрт, щхьэж игу пыкIым зэрефIэкIыным, нэхъ жумарту зэрыщытыным яужь иту. Тхьэшхуэ, апхуэдиз фIыгъуэр къахуэзыщIам, щымысхьыжу къезытам дэплъей хуэдэт дэтхэнэ зыри. Бжьыхьэщ, бэвыр кърахьэлIащ, пшэрыр кърахулIащ, а псор къахуэзыщIам щхьэкIэ зыми ущысхь хъунукъым. ТхьэлъэIур щекIуэкIыну тхьэм и губгъуэр жыжьэ нэужькIэ цIыхур пщэдджыжь нэмэзым щIидзауэ выгукIэ, шууэ къекIуалIэрт. Тхьэшхуэгухьэжым хэтыр зы жылэмэ, хьэблэм пщыIэ хъурей ящIурэ щхьэхуэ-щхьэхуэу тIысырт, абы псыхъуэм дэс нэгъуэщI къуажэхэри кърихьэлIамэ, а къуажэхэм я пщыIэр зэпэщыту ирагъэувэкIырт. Абы щыгъуэми дэтхэнэ зы жылэми, зы къуажэ игъэлъэгъуэн, зэрызигъэщIэгъуэн, нэгъуэщIхэм ямыIэ яIэмэ, ар къыздашэрт. Хэт и хущхьэр нэхъ фафIэ, хэт нэхъ нартыхушхуэ къыдичыжа, хэт и гуэдз щхьэмыж нэхъ ин, хэт и къэб нэхъ абрагъуэ. Зэрагъапщэр гъавэхэкIым и закъуэтэкъым. Хьэблэхэм, жылэхэм дэс фызхэр я пщэфIэкIэ, я шхын щIафэ, я махъсымэ, я джэдлыбжьэ, дэлэн, мэжаджэ. ГъукIэхэм я IэдакъэщIэкI, пхъащIэхэм я IэпщIэлъапщIагъэ, хъыджэбзхэм я дэнлъэч, Iэджэ. Нэгумэ Шорэ мыпхуэдэу етхыж: бжьыхьэм, гъавэр зэщIэкъуа иужькIэ, япэрей махуэр ехьэжьауэ ягъэтхьэлъэIушхуэ. ЯпэщIыкIэ, пещэ абы, Тхьэшхуэгухьэж зэращIым ехьэлIауэ хъуэхъу яIэт. Тхьэм зэрелъэIум хэтщ узыншагъэ, бэвыгъэ яIэу гъэр зэрызэщIалъхьам щхьэкIэ Тхьэшхуэм фIыщIэ хуащIу, гъавэм и берычэтым, дунейм и хъугъуэфIыгъуэм зэрыхимынам щхьэкIэ хъуэхъу мыухыжыр яIэту. Апхуэдэу тхьэм елъэIуа иужькIэ ефэ-ешхэр къызэIуах, мэджэгу, я нэгу зрагъэужь. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, вакIуэкъихьэж тхьэлъэIум елъытауэ Тхьэшхуэгухьэжыр зэрекIуэкIыр зы махуэт икIи, абы къыхэкIыу, джэгукIэ, къафэ, гушыIэхэр, дауи, нэхъ мащIэт, а псом еплъыну псори хущIыхьэу къыщIэкIынтэкъым. Ауэ мыбы нэхъ узэIэпишэу, удихьэхыу мыр хэлът: мы тхьэлъэIум щыгъуэ хьэблэ-хьэблэкIэрэ, жылэ-жылэкIэрэ зэпэувурэ зэхьэзэхуэрт, зэпеуэрт. Абы хэтт бэнакIуэхэри, зэпекъухэри, IэпщэрыкIуэри, мывэ зыдзхэри. Тхьэшхуэгухьэжым къыгуэх имыIэу щыщ пкъыгъуэт шы гъэджэгухэмрэ шу зэпеуэхэмрэ. Мыбы щыгъуэ шэщIауэ шыгъажэ ящIыртэкъым. Ауэ шы джэгукIэхэр нэхъ куэд хъурт. Апхуэдэу хьэблэ зырызым е къуажэ зырызым щыщу шууитI лъэбакъуэ хыщIым нэблагъэ я зэхуакуу зэпэувырт. Абы я зэхуакум и зэхуэдитIыпсым деж упщIэ пыIэр Iэтауэ иIыгъыу зылI дэувэрт. ЛIым пыIэр иридзыхамэ, шухэр абы язэрифIэщкIэ къыхуэжэу щIадзэрт, хэт лIым и деж япэ къэсми текIуэрт. Мыпхуэдэ шы гъэджэгуу нэгъуэщI куэдхэри щыIащ. Псалъэм щхьэкIэ, шухэр япэм ещхьу зэпэувырт, пыIэр зыIыгъ лIыри яку дэту. Ауэ а лIым и бгъуитIым лъэбакъуэ пщIырыпщI хуэдизкIэ пэжыжьэу тур тращIэрти шухэр къыздрагъэлъырт. Иджы ахэр лIым и деж къэса иужькIэ шыхэр кIэщIу жьэдакъуэрти, турым нэмысу япэ къэзыгъэувыIэр текIуэу арат. Шы хъыжьэ зизычар апхуэдэу занщIэу къэбгъэувыIэныр тынш цIыкIутэкъым. Тхьэшхуэгухьэжым щыгъуэ зэрызэпеуэ Iэмал гъэщIэгъуэнхэм ящыщт а тхьэлъэIум щхьэтыхь щащIыну къахуа выщIэхэр щIалэхэм бжьэкъуитIымкIэ яубыдурэ зэрытрадзэр, шы-уанэ зэтелъ щытым и щIагъым зыщIадзэурэ ар плIэкIэ къызэраIэтыр. ДжэгукIэ гъэщIэгъуэну щытауэ и гугъу ящIыж хьэблэ зырызым ящыщ щIалитI я щIыбыр зэхуэгъэзауэ ягъэуврэ, ахэр я бгым деж щыхуэзэу шыныбэпхкIэ быдэу зэрапхрэ, зэрагъэбэну зэрыщытар. ТхьэлъэIур апхуэдэу нэгузыужьу екIуэкIырт, хьэблэхэм, къуажэхэм я пщафIэхэм я Iуэху зэфIыхьэхукIэ. ИтIанэ уи хьэблэти е си къуажэти щымыIэу, тхьэлъэIум хэтхэм ягу ирихь ерыскъы, фIыуэ ялъагъу шхыныгъуэ здэщыIэм щетIысэхыурэ хъуахъуэрт, едзакъэрт. Мыри зы зэхьэзэхуэ, зэпеуэ гуэрым ещхьт: дэтхэнэ къуажэм и Iэнэр нэхъ нэщI щIэх ящIами, ар текIуэрт, абы я пщафIэм нэхъ зэфIэкI иIэт, нэхъ шхын гуакIуэ ипщэфIырт. Ещхьыркъабзэт зи махъсымэ чей япэ яухри. Ауэ а псори щIащIэр, щIалэжьыр цIыхур зэхуэарэзыуэ, зэхуэгушхуэу бэв кърахьэлIар зи фIыщIэ Тхьэшхуэм щхьэкIэ ящIыну уджым, Тхьэшхуэ уджым зэрыхэтынурт. А удж ехьэжьам хэмыхьэу къанэр джэгуакIуэ пашэр, пшынауэр, пхъэцIычауэр, бжьэмияпщэр арат, сабий дыдэхэр къомылъытэмэ. Ауэ ахэр псори - джэгуакIуэм и гупри сабийхэри - удж хъурей екIуэкIым и утыкум итт, уджым хэтхэм зыхуащIу, зыдащIу, псоми зы гуфIэгъуэр зыхащIэу, псори абы зэщIиIыгъэу. Тхьэшхуэгухьэж уджыр здекIуэкIым, хьэгъуэлIыгъуэм ещхьу, джэгуакIуэ пажэм уджым хэт хъыджэбзхэм я нэхъ дахэ дыдэ, нэхъ щэныфIэу зыкъэзыгъэлъэгъуар (абы щэхуу джэгуакIуэри нэгъуэщIхэри кIэлъыплъат) уджым триубыдэрт: мыпхуэдэ хьэблэм, мыпхуэдэ къуажэм щыщу, мыбыхэ я пхъур яубыдащ, ар хэт къригъэутIыпщыжын, жаIэрти. Хъыджэбзыр кърагъэутIыпщыжын щхьэкIэ ар зи гум и къуахуэ щIалэм ахъшэ ятырт е щхьэ бжыгъэ гуэрхэр ираIуэрт. А тхьэлъэIум и гуащэ лъапIэу хахам щIатар джэгуакIуэхэм яй хъурт. Ауэ псоми ягу ирихьа пщащэр Iыхьэншэ хъуртэкъым: тхьэлъэIум кърихьэлIахэм, зэрахабзэти, абы къахэкIырт а гуащэ дахэм щхьэкIэ былым хэдз зыщI, нэгъуэщIу жыпIэмэ, жэмыщIэ, мэл щхьэ бжыгъэ гуэр абы хухэзых. Зэ къызэрыхэдгъэщащи, мыпхуэдэ тхьэлъэIум и деж цIыхур хьэлэлу, жумарту щытын хуейт, мыбы цIыху къузгъунхэр яхэзэгъэнутэкъым. Ахэр Тхьэшхуэми елъагъу, ещIэ. Апхуэдэр зи фIэщ мыхъур Тхьэшхуэгухьэж уджым хыхьэркъым.
Поделиться:
Читать также:
06.11.2026 - 16:56 →
Зэрызехьэм и щIэдзапIэт
06.11.2026 - 12:38 →
И кIуэдыкIар къахуэщIакъым
02.11.2026 - 13:08 →
ЦIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэр
27.10.2026 - 13:44 →
Адыгэхэм я щIэныгъэр
26.10.2026 - 12:30 →
Ди лъэпкъэгъу щэджащэхэр
| ||




