БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»

 Литературэм и жанрхэм ящыщу ди лъэпкъ тхакIуэхэм, усакIуэхэм поэмэм хуащIа гулъытэм зэпкърыхауэ тетхыхьащ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къэжэр Иннэ. «Лъэпкъ балладэмрэ поэмэмрэ яIэ щхьэхуэныгъэхэр» тхыгъэм  абы щызэпкърихащ поэмэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ ГъукIэкъул Даут и IэдакъэщIэкIхэри.        

«Лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм ириплъэжурэ цIыху щхьэзакъуэм и гъащIэр абы къызэрыхэщ щIыкIэр ди пащхьэ къралъхьэж ГъукIэкъул Даут и поэмэхэм. 2007 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ «Аслъэнбэч», «Кърымджэрий» поэмэхэр зэрыт «Тхыдэм и джэ макъ» тхылъ цIыкIур.

 ТхыгъитIми я сюжетым лъабжьэ хуэхъуар адыгэ хъыбархэрщ. Зым и лIыхъужь нэхъыщхьэр ДжэдыгущIэ Аслъэнбэчщ, адрейм – зэгуэрым Дохъушыкъуейм я къуажэпщу щыта Кърымджэрийщ. Поэмэхэм къыщыгъэлъэгъуэжа Iуэхугъуэхэр щекIуэкIыр ХIХ лIэщIыгъуэмрэ ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэмрэщ. А лъэхъэнэм къриубыдэу къэхъуа къэхъукъащIэхэм ящыщу ГъукIэкъулым нэхъ къыхигъэщыр Кавказ зауэрщ, ИстамбылакIуэрщ, урыс-япон зауэрщ. Лъэпкъымрэ абы и цIыхухэмрэ зыхэта гъэунэхуныгъэ гугъухэр лъабжьэ яхуэхъуащ ГъукIэкъулым и поэмэхэм. Ауэ «Аслъэнбэч» поэмэм лъэпкъ тхыдэр псом япэу гъащIэ теплъэгъуэхэм здызыщаукъуэдий къэхъугъэу къыщыщтамэ, «Кърымджэрий» тхыгъэм ар дуней тетыкIэм и пщIэр къызэралъытэ мардэу къыщоув.

Гугъуехь Iэджэм пэщIэувэн хуей мэхъу ДжэдыгущIэ Аслъэнбэч, япэ поэмэм хэт персонаж нэхъыщхьэр. Абы и хэкур ибгынэн хуейуэ къылъыкъуокI икIи «шу закъуэу Тыркум мэIэпхъуэж». Илъэс зыбжанэкIэ къэтауэ къыщигъэзэжам, и нысэ нэмысыншэмрэ абы и жыIэщIэ и къуэш нэхъыщIэмрэ ар бэлыхь хадзэ. «КъелыпIэу» къыхуэгъуэтыжыр зауэрщ. Урысыдзэм къулыкъу щызыщIэ и къуэш нэхъыжь ФIыцIэ и фIыгъэкIэ Аслъэнбэч дзэм хохьэ, ауэ сэлэт мэжэлIахэм ялэжь Iуэхугъуэ Iейр имыдэу щапэщIэувэм Iуэхур лъэхъуэщкIэ еухыж. Тутнакъэщым ихуа иужькIи  абы исхэм я деж пщIэшхуэ щиIэурэ йокIуэкI. ЦIыхум и напэр, и щIыхьыр зэрихъумэжыф щапхъэ мэхъу лIыхъужьым и къекIуэкIыкIэр. Абы дэщIыгъуу иджыри зы гупсысэм поэмэм зыщеужь – ар цIыхум къылъыс насып Iыхьэр мыгуэшу зэрыщытырщ.

«Акъылым къимытIасэщ» зыхужаIэм хуэдэщ лIыхъужьым и кIуэдыкIэ хъуар. Апхуэдиз гугъуехьым япсыхьа лIыр, мызэ-мытIэу ажалым и пащхьэм къихутар, щэхурыпхъуэу къаукI и къуэш нэхъыщIэ Къарэбэчымрэ абы и къуэмрэ. Хъыбарым и зыужьыкIэм, къэхъукъащIэхэр зэрызэкIэлъыхьа щIыкIэм тепщIыхьмэ, дауи, Аслъэнбэч-цIыху щэджащэр, апхуэдэу «IухыгъуафIэ» хъун хуеякъым.

Поэмэм хэт лIыхъужь нэхъыщхьэм и ухыкIэ хъур зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Абы гупсысэ хьэлъэ куэд къегъэщI, Аслъэнбэч илъ и шынэхъыщIэ Къамбот зэрищIэжами мыхьэнэшхуэ хыумылъэгъуэжу. ГъащIэ гугъуми, тхыдэ гущIэгъуншэми дапхуэдизрэ ямыгъэунэхуами, лIыхъужьыр зыхуэпэжа захуагъэм лъэмыIэсауэ жыпIэ хъунущ – насып зыхуэфащэм ар къылъысыжакъым.

 «Кърымджэрий» поэмэм нэхъыщхьэу хэтлъагъуэр ИстамбылакIуэм щыгъуэ лъахэм къинэжыныр къыхэзыхахэм къалъыса мыгъуагъэхэрщ. АдыгэщIым къинахэр урыс зауэлIхэм пщылIыпIэ ирагъэувэн папщIэ, Iуэху мыхъумыщIэ Iэджэ къыкIэлъызэрахьэу щIадзэ.

Апхуэдэ зым пэщIоувэ Аслъэнджэрий «щIалэ пщтырыр», Дохъушыкъуеипщым и къуэш нэхъыщIэр. ЩIалэр я шы гуартэмрэ шыхъуэмрэ я бзэхыкIэ хъуам лъыхъуэурэ ар къэзакъхэм я Iэужьу зэрыщытыр къещIэ. Гуартэри шыхъуэ лIыжьри къаIэщIигъэкIыжыну Аслъэнджэрий къэзакъхэм якIэлъопхъэр, здэжэм тIур еукI, ауэ ещанэр IэщIокI. А къэхъуам адыгэ жылагъуэр бэлыхь хедзэ. Армырми наIуэт къэзакъхэм адыгэпсэ ямыгъэну къызэрамыгъэнэнур. Апхуэдэ щытыкIэ гугъум хэкIыпIэ къыхуигъуэтэну иужь йохьэ Кърымджэрий.

Поэмэм нэхъыщхьэу IуэхугъуитI къыщыхобелджылыкI. Зыр адыгэпщым къылъыкъуэкIарщ – дзыхь къыхуэзыщI жылагъуэм къыщхьэщыжу уэркъ хабзэр игъэпэжын, уэркъыгъэм и купщIэу щыт адыгагъэм зы мэскъалкIи емыбэкъуэнырщ. Ауэ нэхъ щIэщыгъуэу поэмэм къыхыхьэр етIуанэ Iуэхугъуэрщ – ар иIэпхъукIын ямыдэу лъахэм къина адыгэхэм адэкIэ я къекIуэкIыкIэ хъунурщ. Ар щIыгу гугъусыгъухэм адыгэхэр ирагъэтIысхьэу зэрыщытарщ, къаугъэ хамыгъэкIыу зэрагъэпсэуарщ. А темэм зэкIэ адыгэ лъэпкъ поэмэм зыщиукъуэдиякъым. А IуэхугъуэмкIэ ГъукIэкъулым ди литературэм лъагъуэщIэ щыхишауэ жыпIэ хъунущ.

Литературэ Iэмалхэм ящыщу ГъукIэкъул Даут фIэфI дыдэу къегъэсэбэп зэпэщIэгъэувэныгъэр. Апхуэдэу, «Аслъэнбэч» поэмэм къыхохьэ езы Аслъэнбэчрэ и къуэш Къарэбэчрэ я зэпэщIэувэныгъэ ткIийр. Къарэбэч къызэрыгъэлъэгъуар цIыху жьгъейуэщ, и щхьэгъусэ Цацэ зэрихъэ Iуэху фIейхэм сыткIи зыдэзыщI лIы мыхьэнэншэущ. Персонаж зэмыщхьхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм я зыужьыкIэри ГъукIэкъулым  къызэриIуэтэжыр зэкIэлъыхьауэщ. Нысэ нэмысыншэм къыкIэлъызэрихьэну хэта хабзэншагъэм унэр иригъэбгына нэужь, Аслъэнбэч и гурыгъу-гурыщIэхэмрэ Къарэбэч ейхэмрэ «зэпэджэжыныгъэ» хьэлэмэт къагъэщI. Къарэбэч лIыгъэншэр нэхъ зытешыныхьыр и псэращ – и къуэш лъэрызехьэм IущIэжмэ, яущэхуа Iуэху мыхъумыщIэм текIуэдэнкIэ зэрыхъунурщ. Аслъэнбэч гупсысэм етхьэлэ, «нэмыс хаутэжам», «зэшыгъэ я кум щылIэжам» и дунейр кIыфI къыхуащI, и къарур хуэм-хуэмурэ щIах.

 Гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым поэмитIми я хэзыгъэгъуазэ Iыхьэхэр зэрызэщхьым. ТIуми сурэт-теплъэ къыщыгъэсэбэпащ – ар лъэныкъуабэ хъуа мывэ сынхэр зи бэ шэрджэс кхъэхалъэрщ. Сынхэр зыхуагъэувахэр щыпсэуам щыгъуэ я дуней тетыкIам ещхьу, абыхэм я теплъэхэри къыщыгъэлъэгъуащ кхъэм: «Зым жыг къудамэр щхьэщытщ, / Адрейр «зейм и гум ещхь хъужауэ, / Кхъуэбанэм хэтщ къэпIэнкIыжауэ». Ауэ а мывэ фэеплъхэм я теплъэр дапхуэдизу зэщхьэщымыкIми, псоми я щIыб къыдэту тлъагъур дуней дахащэрщ.

 Апхуэдэ щIагъыбзэ Iэмалхэр здигъэIэпыкъуурэ ГъукIэкъул Даут гурыIуэгъуэ ещI блэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэмыбзэхыкIыу» зэрыщхьэщытыр».

         Тхьэхущынэ Ланэ.

Поделиться: