Уимытхьэкъун плъэкIыркъым

«Гъуэгупэ псалъэ», «Вагъуэзэшибл», «ПцӀащхъуэ хужь», «Мазэхэ жэщ», «Бжьыхьэр пщӀащэ пылъэлъыжыгъуэщ», «Къуажэ пшыхьхэр», нэгъуэщӀ тхылъхэмкӀэ, дэгъуэу адыгэбзэм къригъэзэгъэжа романхэмкIэ дызыгъэгуфӀа Мэзыхьэ Борис творческэ гъуэгуанэ бгъуфIэ къыхинащ лъэпкъ литературэм. Псом хуэмыдэу абы зригъэужьащ адыгэ новеллистикэм. А тхэкӀэ лӀэужьыгъуэмкӀэ Мэзыхьэ Борис лъэщӀыхьа къахэкӀагъэнкъым нобэрей ди тхакӀуэхэм. Художественнэ творчествэми жылагъуэ лэжьыгъэхэми ехъулӀэныгъэфӀ щызиӀэ Мэзыхьэ Борис хуэфащэ гулъытэ игъуэту и къалэнхэр игъэзэщIащ. Ар Урысей Федерацэм щэнхабзэмкӀэ щӀыхь зиӀэ и лэжьакӀуэщ, абы къыфӀащащ Адыгэ Республикэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щӀыхь зиӀэ я журналист цӀэ лъапӀэхэри. Мэзыхьэм къыхуагьэфэщащ СССР-м, Урысей Федерацэм я журналистхэм я союзым и саугъэтхэри, щӀыхь, щытхъу тхылъ зыбжани. Мэзыхьэм ди литературэм щиубыд увыпIэм, абыи творчествэм теухуащ Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэр.

«ХыщI гъэхэм я пэщIэдзэм ди литературэм къыщIэтэджауэ щытащ тхакIуэ, усакIуэ щIалэ гупышхуэ. Ди тхыдэ благъэм щыгъуазэ дэтхэнэми ещIэ а зэманыр зыхуэдар: иджы зэрыжаIэ хабзэщи, дунейр уэфI хъууэ щыщIидза лъэхъэнэт ар, хуитыныгъэм ижь мащIэ къыкъуэури, цIыхум ягу илъыр я жьэкIэ яIуатэ хъуауэ.

Литературэми щызыхэпщIэ хъуащ а жьы мащIэм и IэфIыр, абы и бзэр хуит хъууэ щIидзащ. Апхуэдэ зэманым къытщIэтэджа тхакIуэ, усакIуэ щIалэхэрщ нобэрей ди литературэм и фIыпIэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар.

Сэ шэч къытесхьэркъым Мэзыхьэ Борис апхуэдэ тхакIуэхэм зэращыщым. Илъэс  плIыщIым и кIуэцIкIэ абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ ди литературэм и тхыдэм зэи щымыужьыхыжын тхыгъэ хьэлэмэт куэд – и рассказхэрауи, и новеллэхэрауи, и повестхэрауи ирехъуи. Апхуэдабзэу шэч къытесхьэркъым Мэзыхьэ Борис и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр зыхэгъуэщэн зэрыщымыIэм. Мэзыхьэм ди литературэм къыхихьащ езым и темэрэ и псэлъафэрэ – аращ къалэмыр зыгъабзэ дэтхэнэм дежкIи нэхъыщхьэр. Зи къалэмыр жан тхакIуэ набдзэгубдзаплъэм, зэрыхабзэщи, тхэн зэриублэ лъандэрэ къыдогъуэгурыкIуэ иужькIэ зэи IэщIыб имыщIыж темэрэ образрэ. Мэзыхьэми иIэщ апхуэдэ темэрэ образрэ. Гу зэрылъытэгъуафIэщи, дапщэрэ игъэбатэми, зыщимыгъэнщIу, хуэмыухыу, Мэзыхьэм и тхыгъэхэм лъабжьэрэ купщIэрэ яхуищIыр цIыху цIыкIум и дунеймрэ и гурыгъу-гурыщIэхэмрэщ. Мэзыхьэм зи образ къигъэщI а цIыху «цIыкIум» и псэм и дахагъкIэ, и цIыхугъэкIэ, и гупсысэкIэ уимытхьэкъун плъэкIыркъым – дауи, ар зыхузэфIэкIыр цIыхум и гущIэлъапсэм къипсэлъыкIыф, абы и гум щыщIэмрэ и фэм дэкIымрэ дэзыгъэлъагъуф тхакIуэрщ. Апхуэдэ тхакIуэщ Мэзыхьэ Борис – апхуэдэ зэфIэкIымрэ Iэзагъэмрэ къыдалъхуауэ, Тхьэр абыкIэ къыхуэупсауэ.

Илъэс плIыщIым и кIуэцIкIэ тхыгъэ мащIэ къигъэщIакъым Мэзыхьэ Борис. Абыхэм еджа дэтхэнэми гу лъимытапIэр иIакъым Мэзыхьэ Борис и гъуазэр гъащIэмрэ зэманымрэ я пэжыпIэр зэрыарам – ар IэфIуи дыджуи щрети. ТхакIуэ мащIэм къащыщIакъым ар – щатха зэманыр блэкIамэ, я тхыгъэхэр псыхэкIуадэ хъурэ бзэхыжауэ. Зэманым зыдрагъэкIун щхьэкIэ, абы псалъэ дыгъэлкIэ дежьууа тхакIуэ Iэрпхъуэрхэм яуцIырхъ тхыгъэ нэпцIхэрщ ар къызыщыщIар. Мэзыхьэ Борис и IэдакъэщIэкIхэм яхэбгъуэтэнукъым апхуэдэр зи натIэ хъуа тхыгъэ. Ар зи фIыгъэр гурыIуэгъуэщ – Борис и тхыгъэхэм я лъабжьэр гъащIэмрэ зэманымрэ я пэжыпIэрщ. ТхакIуэм и насыпщ. А пэжыпIэм щичэзум деж гу лъитэрэ иIуэтэфамэ, абы темыплъэкъукIамэ, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, трагъэплъэкъукIын яхузэфIэмыкIамэ. Апхуэдэ насып зиIэ тхакIуэхэм ящыщщ Мэзыхьэ Борис, и зы тхыгъи дэмыхуэхауэ, я гупсысэрэ я купщIэкIэ тIорысэ мыхъуауэ, цIыхум ягу къинарэ я акъылыр дяпэкIи зэхэзехуэн зыщIыфын гуащIэкIэ псыхьауэ.

Мэзыхьэ Борис иужьрей илъэс тIощIрыпщIым ди литературэм, псалъэм папщIэ, ди прозэм, и хъугъуэфIыгъуэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхакIуэ гуащIафIэхэм ящыщщ. Мэзыхьэм и цIэмрэ и гуащIэмрэ хуэчэммэ, ди литературэм и тхыдэр нэхъ фагъуэ хъунт – ар шэчыншэщ. Къэрал саугъэтрэ дамыгъэкIэ зэщIэблакъым Мэзыхьэ Борис и тхыгъэхэр (ар къызэрилэжьрэ куэд щIа пэтми). Абы нэхърэ нэхъ лъапIэщ Мэзыхьэм и тхыгъэхэм я натIэ хъуар – ахэр ди литературэм и жьантIэр яхуэфащэу зылъыса, абы и тхыдэр зыгъэбжьыфIэ тхыгъэщ, анэдэлъхубзэм и IэфIыпIэр зыхыуагъащIэрэ уи гур хагъахъуэу, жылэм яхэIуарэ цIыхум гукъинэ ящыхъуауэ».

Дарий Дахэнур.

Поделиться: