Узыфэ зэрыцIалэхэм я чэзущИужьрей илъэс зыбжанэм псори щыхьэт дытехъуащ вирусхэр цIыхум зэран зэрахуэхъумрэ абы кърикIуэмрэ. Ахэр лIэужьыгъуэ куэд мэхъу, зым упэщIэтыху зэротIэпIыкIри, нэгъуэщI теплъэ егъуэт, зэрызихъумэжыным иужь иту. Дэнэ къыздикIыр зым нэхърэ адрейр нэхъ гуащIэжу къыдэбгъэрыкIуэ вирусхэр? Сыт абыхэм ятеухуауэ щIэныгъэм къитIэщIар? Дауэ дызэрыпэщIэувэфынур? Энциклопедиехэм зэритымкIэ, «вирус»-р латиныбзэм къыхэкIащ, «щхъухь» жиIэу аращ къикIыр. ЩIэныгъэм ецIыху вирус лIэужьыгъуэу мини 5-м щIигъу, ауэ ахэр сыт хуэдиз хъуми, иджыри къамыхутауэ дапщэ щыIэми, абы къыдищIэфынури зыми ищIэркъым! 21-нэ лIэщIыгъуэми, щIэныгъэмрэ техникэмрэ я нэхъ зыужьыгъуэ дыдэми, щыIэщ щIэныгъэлIхэм жэуап зрамытыф упщIэхэр. «Алъандэрэ щIэныгъэм иджар цIыхумрэ псэущхьэхэмрэ къеуалIэ вирусхэрщ, ауэ щыIэщ Iэгъэбэгухэм, къэкIыгъэхэм, бактериехэм къефыкIхэри. Ахэр мелуан бжыгъэ мэхъу. Дэтхэнэри гурыхуэу бджыным зэманышхуэ ехь, Iэмал щхьэхуэхэм ухуейщ», - жеIэ вирусолог Лукашев Александр. Вирусым зыкъиIэтынкIэ, зиубгъункIэ щыхъунур зыми ищIэркъым. Ауэ хьэкъыр зыщ – сытым дежи ахэр хьэуам хэтщ, щIыуэпсым зэпымычу хэлъщ, я зыужьыныгъэр зэи къызэтеувыIэркъым. Къыхэгъэщыпхъэщ - вирусыр микроорганизмкъым икIи бактериекъым. Ар генетикэ информацэ гуэрым и пытхъахуэщ, белокым «кIуэцIышыхьауэ». Абы къыхэкIыу, жыпIэ хъунущ абыхэм псэ яIуту икIи яIумыту. Псэ яIутщ езыхэм ДНК зэраIэжым къыхэкIыу, икIи яIуткъым, цIыхум е псэущхьэм я Iэпкълъэпкъым хэмылъу зэрызимыужьыфыр къэплъытэмэ. КIэщIу жыпIэмэ, абы кърихьэкI узыфэр зищIысыр къэпщIэн щхьэкIэ, хьэуам кърихьэкI вирусыр Iэпкълъэпкъым къыщыхутэн, цIыхум и ДНК-м зриубгъуэн, «зыкъигъэлъэгъуэн» хуейщ. ЖыпIэ хъунущ вирусхэр паразиту, зыхэпсэукIын имыIэмэ, езыри кIуэдыжу. Ауэ, псалъэм папщIэ, эболэм, коронавирусым цIыхур яукI. Эволюцэм и лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, узыгъэпсэу организмыр букIыным мыхьэнэ гуэри хэлъкъым. Ар апхуэдэу щIыщытыр щIэныгъэм иджыри къыхуэхутакъым. «Вирусым и къалэн нэхъыщхьэр клеткэм зриубгъуэнырщ. Абы сыхьэт зыбжанэ трегъэкIуадэ. Мыбдеж зауэ-банэ телъыджэ зэхаублэ а тIум. ЦIыхур зэрызэпкърылъ налъэ къэс вирусым зэрыпэщIэт къару хэлъщ, икIи къыпэщIоувэ зэрыпхъуакIуэм. Вирусыр псэуну мэныкъуакъуэри, клеткэм ебэнын хуей мэхъу. ЗэрыпхъуакIуэр нэхъ лъэщу къыщIэкIмэ, клеткэм зиукIыжыну яужь йохьэ, вирусым Iэпкълъэпкъ псом зримыубгъуэн папщIэ. Е, къыбгъурылъ клеткэхэм закърегъащIэ, сымаджэ зещIри. Къапщтэмэ, и нэхъыбэм клеткэр токIуэ, цIыхум вирус гуэр къызэреуэлIари къимыщIэххэу пкърокIыж. Ауэ вирусыр гуащIэу, лъэщу, ерыщу къыщIэкIмэ, Iэмал имыIэу текIуэнущ, цIыхур сымаджэ хъунущ, адрейхэри ицIэлэнущ, пхуэмыгъэхъужу, упэмылъэщу уиукIынри хэлъщ», - жеIэ Лукашевым. А уз зэрыцIалэр зищIысыр, къызыхэкIым, узэрыпэщIэтыным теухуауэ тхылъ гъуэзэджэ итхащ Латыпов Нурали. Журналист, биолог, нейрофизиолог, философ, Москва къалэм и мэру лэжьа Лужков Юрий инновацэ технологиехэмкIэ и чэнджэщэгъуу щыта Латыповым зэрыжиIэмкIэ, 2003 гъэм къэунэхуауэ щытащ алъандэрэ щIэныгъэм имыцIыхуа вирус лIэужьыгъуэ. «Мытипичнэ пневмоние» зыфIаща вирусыщIэм теухуауэ схузэхуэхьэса дэфтэрхэр сIыгъыу Лужковым деж сыкIуат. Абы Сингапурымрэ Гонконгымрэ иубыдакIэт. Зы цIыху сымаджэ хъуамэ, ар щыпсэу унэм щIэсу хъуар зэрыщыту ицIалэрт, фэтэр куэду зэхэт унэшхуэхэм жьыр зэрыщызекIуэ системэмкIэ къикIухьурэ. Лужковым ар щызэхихым унафэ ищIат вокзалхэм, аэропортхэм, сату щIапIэхэм, IуэхущIапIэхэм я вентиляцэ системэхэм дезинфекцэ щрагъэкIуэкIыну. Е ди насып кърихьэкIащ, е едгъэкIуэкIа лэжьыгъэр пщIэншэ хъуакъым, ауэ а илъэсым ди гъунэгъу къэралыгъуэхэр зыгъэзджызджа вирусыр ди деж къэсатэкъым. Илъэс зыбжанэ дэкIри, MERS зыфIащауэ щыта коронавирус лIэужьыгъуэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къыщыунэхуащ. ЗакъуэтIакъуэщ а Iуэхугъуэхэм шынагъуэ гуэр хэзылъэгъуар, кIуэ пэтми вирусхэр нэхъ бзаджэ, лъэщ зэрыхъур къызыгурыIуар. Абы щыгъуэщ «НурАли-Баба и сорок вирусов-разбойников» тхылъыр тхын щыщIэздзар», - жеIэ Латыповым. АдэкIэ дызытепсэлъыхьынур нэхъ гурыIуэгъуэ хъун папщIэ, мыбдеж къыщыхэдгъэщынщ вирусхэр къыздикIар. ЩIэныгъэлIхэм зэдэарэзыуэ жаIэ псэущхьэхэмрэ цIыхухэмрэ, уеблэмэ клеткэр иджыри къыщымыунэхуа лъэхъэнэ жыжьэм вирусхэр дунейм зэрытетар. Абы и закъуэкъым - ДНК пытхъахуэ зыпкърылъ а вирусхэрауэ жаIэ псэ зыIут псори къызэрыкIыкIыжар, къызытехъукIар. НэгъуэщIу жыпIэмэ, вирусхэращ гъащIэм и лъабжьэ хъуар. Уеблэмэ, ныбэрылъыр зыкIуэцIылъ, бынжэкIэ зэпха лыджанэр къызэрыунэхуар вирусхэм я фIыгъэщ. Дауэ? Вирусхэр Iэпкълъэпкъым дэгуэшащ лыджанэр къызэрыунэху белок лIэужьыгъуэмкIэ! Абы и закъуэкъым, эволюцэр щIэзыгъэхуэбжьари, генетикэ информацэр къезыхьэкIари, налъэхэр зыгъэбэгъуари ахэращ. Ауэ дэнэ езы вирусхэр къыздикIар, а лъэхъэнэм ЩIым гъащIэ щымыIэххамэ, зы псэущхьи темытамэ? ЗэрыхуагъэщафэмкIэ, ахэр хьэршым къикIащ, зэры-ДНК пытхъахуэу къэнэжауэ нобэр къыздэсым дунейм тетщ. ИкIи нобэр къыздэсым къэунэхуа гъащIэмрэ вирусхэмрэ зозауэ, зыр зым иукIыжыну хэту. ГъащIэр къызэрыунэхурэ куэд щIакъым, вирусхэр абы нэхърэ илъэс меларди 3,5-кIэ зэрынэхъыжьыр къэплъытэмэ. Арами, гъащIэр нэхъ лъэщу къыщIэкIауэ, а зауэм щытекIуэу къэгъуэгурыкIуащ алъандэрэ. ЦIыхум мэзхэр къызэрыриупщIыкIым и зэран къыщыдокIыж мыбдежи. Сыту жыпIэмэ, абы псэущхьэхэм я бжыгъэм хегъэщI. А псэущхьэ кIуэдыжхэм япкърыта вирусхэм «псэуалъэ» къалъыхъуэу цIыхум къыпкърохьэ. Къапщтэмэ, Эболэри Ковидри псэущхьэхэм яхуэлъэ вирусщ, цIыхум къефыкIыни хуейтэкъым. Ауэ мащIэ хъуа мэзхэм щIэс псэущхьэхэм я бжыгъэм зэрыхэщIым къыхэкIыу, цIыхум дежкIэ къоIэпхъуэ. Апхуэдэщ Индием къыщыунэхуауэ щыта Нипах вирусыр, зэфыкIахэм я процент 50-р зыукIар. НэхъапэIуэкIэ ар Малайзием щыпсэу дзыгъуэнэфхэращ зыпкърытар, ауэ мэзхэр ираупщIыкIщ, пальмэ щагъэкIыну цIыхухэр джунглим пэгъунэгъуу тIысыжри, вирусым «зихъумэжу» абыхэм закъридзащ. ЦIыхум вирусым зэрыпэщIэтын Iэмал къигъуэтащ, вакцинэр къигупсысри. Абы щхьэкIэ къэмынэу, псэущхьэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъум къыхэкIыу, вирусхэр есащ хуиту цIыхум дежкIэ къекIуэкIыу. А Iуэхугъуэр тынш щIэхъуар къызыхэкIри цIыхум и иммунитетыр зэрехуэхарщ. Иммунитетыр зэлъытыжар ерыскъыр аращ. Нобэ цIыхум ишх джэдкъазымрэ Iэщымрэ гормонрэ антибиотиккIэ къагъэхъуа защIэщ. Эпидемиолог Уоллес Роб зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ къагъэхъу джэдкъазымрэ Iэщымрэ я бжыгъэм хэхъуэху, ажалырыхьу къэунэху вирусхэри нэхъыбэ мэхъу. Псори къыщежьэжар къэкIыгъэхэм я дежщ. Зэхуэмыдэ защIэу щхьэмыж зыщI къэкIыгъэу дунейм тетар цIыхум игъэкIуэдри, генетикэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр зыхэлъ нартыхумрэ прунжымрэ хисэу щIидзащ. Аращ бананми, кофеми, оливкэми къащыщIар. ЦIыхум лей зрихыжащ, дунейр теплъаджэ ищIри. Хьэуар, псыр фIей зэрытщIам, мэзхэр зэритхым, ерыскъы мыхъумыщIэ тшхыурэ зэрызыдукIыжым и закъуэкъым, вирус нэгъунэ къызэрыдэбгъэрыкIуэр ди ягъэжщ. Абыхэм хущхъуэкIэ, вакцинэкIэ дапэщIэтыну ди мурадщ. Ауэ вирусхэм хущхъуэгъуэ къахуэбгъуэтыху, захъуэж, нэгъуэщI сэфэт йоувэ, зыкърагъэл. Абыхэм я геномыр цIыхум ейм нэхърэ мелуан бжыгъэкIэ нэхъ мащIэщ, ахэр къызэрыгуэкIщ, арами, дэ нэхърэ нэхъ бзаджэу, нэхъ губзыгъэу къыщIэкIащ. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||




