ЩIакхъуэ хуабэ, щIакхъуэ IэфI

 

Жэпуэгъуэ мазэм ди къэралым щагъэлъэпIащ ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэр. 2006 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м ар щIакхъуэгъажьэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ махуэшхуэу ягъэуващ. 1945 гъэм а махуэм ерыскъыхэкIхэмрэ мэкъумэш IуэхущIапIэхэмрэ я зэгухьэныгъэ къыщыунэхуауэ щытащ ООН-м – аращ а махуэр зэпхар. Махуэшхуэр щагъэбелджыла илъэсым щегъэжьауэ ди къэралым щокIуэкI щIакхъуэм пщIэ хуэщIыным укъыхуезыджэ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэ куэд. Абы яфIэфIу хэтщ цIыкIуи ини. Ди зэманым щIакхъуэ гъэжьэным Iэмал куэд къыхуагупсысащ – ар къэуатщ, IэфIщ, шхыныгъуэдэшхщ. АтIэ щIакхъуэм тхыдэ иIэщ – куэд дыдэ щIащ абы и IэфIыр цIыхухэм зэрагъэунэхурэ. А тхыдэм дриплъэу, щIакхъуэм теухуауэ гупсысэ гъэщIэгъуэнхэри къэдгъэлъэгъуэну дыхуейщ.

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм ипэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм. Зыгуэрым зэрымыщIэкIэ хьэку дакъэм къытринат псыкIэ зэхэщIа хьэжыгъэр – ар игу къыщыкIыжам хупцIынэр дахэу тэджат. Абдежым къыщыгурыIуащ хупцIынэ гъэтэджакIэ гъэжьар зэрыкъэуатым. Пасэрей Мысырым щIакхъуэм пщIэшхуэ щыхуащIырт. Тхыгъэм деж ар дыгъэр къызэрагъэлъагъуэ иероглифымкIэ къыщагъэлъагъуэрт – хъурейм и кум зы точкэ иту.

Ди эрэм ипэкIэ 2500 гъэм пасэрей алыджхэм ягъажьэрт щIакхъуэ лIэужьыгъуэу 80 хуэдиз.

Нэхъыбэ дыдэ щIакхъуэ яшхыу къалъытащ Франджым и цIыхухэм. КъызэрабжамкIэ, илъэсым зы цIыхум хуэзэу щIакхъуэ килограмм 60-65-рэ хуэдизын ешх.

ЩIакхъуэ нэхъ ин дыдэу Киев, Софиевскэ утым щагъэжьар рекордхэмкIэ Гинесс и тхылъым иратхауэ щытащ. Ар щIакхъуэм и махуэшхуэм ирихьэлIэу ягъэжьат, килограмми 150-рэ и хьэлъагъыу, сантиметр 65-рэ и лъагагъыу, сантиметри 160-рэ хъууэ.

1996 гъэм Мексикэм щагъэжьауэ щытащ щIакхъуэ нэхъ кIыхь дыдэ – километри 9 хъууэ. А рекордыр иджыри къыздэсым якъутакъым.

ЩIакхъуэ нэхъ хьэлъэ дыдэр – тонн 1,43-рэ хъууэ - Йоханесбург щыIэ «Саско» IуэхущIапIэм щагъэжьауэ щытащ 1988 гъэм гъатхэпэм и 18-м.

ЩIакхъуэ къыхащIыкI гуэдзым, хьэм, хум, зэнтхъым, нартыхум, прунжым я хьэжыгъэм. ГъэщIэгъуэнщ, жыгейм и мышхумпIэ зэтегъэщэщам щIакхъуэ къызэрыхащIыкIри.

1928 гъэм щIакхъуэр зэрызэпагъэж машинкэ къагупсысащ. Абы лъандэрэ тыкуэнхэм зэпыгъэжа хьэзыруи щIакхъуэр щIэлъщ.

1266 гъэм Инджылызым унафэ къыщыдэкIауэ щытащ щIакхъуэм и хьэлъагъыу ягъэжьэн хуейр иту – ар грамм 600-м нэхъ мащIэ хъунутэкъым. ГъэщIэгъуэнщ, унафэм илъэс 600-кIэ къару зэриIар. 2008 гъэм а къэралым и щIакхъуэ гъэжьапIэхэр щIакхъуэм и хьэлъагъыр нэхъ мащIэ ящIынуи хуит хъуащ.

Совет Союзым щIакхъуэм хабжэу щытар зи хьэлъагъыр килограмм 0,5-м щIигъурт.

Санкт-Петербург япэ щIакхъуэ гъэжьапIэ къыщызэIуахауэ щытащ 1704 гъэм.

Исландием щагъажьэ щIакхъуэ лIэужьыгъуэ телъыджэ. ХупцIынэр кхъуэщыным щыгъэтэджауэ пхъэ бочкэхэм иралъхьэ, бочкэхэр къэбэкъауэ къыщIэжыпIэхэм пэгъунэгъуу щIым щыщIатIэри, сыхьэт 12 хуэдизынкIэ ягъажьэ.

2016 гъэм Челябинск щыщ щIэныгъэлIхэм къагупсысри ягъэжьащ «антистресс» зыфIаща щIакхъуэр. ХупцIынэр щапщкIэ халъхьэ цIыхум гузавэр щхьэщызых биопротекторхэр.

Ику ит лIэщIыгъуэхэм Франджым и щIакхъуэ гъэжьапIэхэм щIакхъуэр щIыхуэу (кредиту) ятыфырт, езыхэм хьэпшып гуэрхэр щIакхъуэкIэ къахъуэжырт.

ЗэрыжытIащи, 2006 гъэм щегъэжьауэ, жэпуэгъуэм и 16-м ягъэлъапIэ щIакхъуэм и дунейпсо махуэр. Щакхъуэ къызыхащIыкI хупцIынэм и пщыкIэ зэхуэмыдэхэр а махуэм псом хуэмыдэу ягъэлъагъуэ. Псалъэм щхьэкIэ къыхэдгъэщынщи, щIакхъуэм и тхьэвым дрожжхэр халъхьэ щыхъуар XVII лIэщIыгъуэрщ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться: