Шащхьэр трихуми, джэгурейщи…

Бзэр псэухукIэ - лъэпкъыр псэущ. Ар хъумэным гулъытэ хэха щиIэн хуей зэмани дыхэхуауэ жыпIэ хъунущ. Нобэ къыдэкIуэтей щIэблэр анэдэлъхубзэм зэрыдебгъэхьэхыфыну Iэмалхэм ящыщщ лъэпкъ джэгукIэхэри, таурыхъхэри, хъыбарыжьхэри, къуажэхьхэри. Сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ тхьэмахуэр къэсащи, тфIэигъуэу къуажэхьхэм щыщ дигу къыдогъэкIыж, адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэ зэгъусэу къедгъэпщытэжыныр ди мураду.

И фэ цIыкIур вынд-фIыцIабзэу,
Бгыкъу унапIэм щобзэрабзэ.
И бгъэгу цIыкIур уэс-хужьыбзэу,
Насыпзехьэу къыдоубзэ.
(ПцIащхъуэ)
***
Пэ кIыхьышхуэу тхьэкIумэшхуэ,
ЖыIэрыщIэу пелуанышхуэ.   
(Пыл)
***
Зи цыр кIыру лъакъуэ пIащэ,
Бжьэ фо матэр зыфIэмащIэ.
(Мыщэ)
***
Ар пшахъуалъэм щызэрахуэ,
Хьэлъэзехьэу лъакъуэкIыхьщ.
(Махъшэ)
***
Ди унащхьэм тетIысхьауэ,
И бзэ IэфIыр къытхуреш.
(Уэрэдбзу)
***
Зи пэр псыгъуэ къуаншэ кIыхьу
Къуалэбзу щхьэгуагуэ дахэ.
(Хьэрхьуп)      
***
Бадзэуэгъуэхэм жаныбзэу
Гъуабжэ цIыкIухэу мэшым хэзщ.
(Ныбгъуэ)
***
Губгъуэм итщ удз гъэгъа дахэ –
И цIэджэгъущ Сосрыкъуэ и анэм.
(Сэтэней - Лабазник)
 ***
Iэщхэм фIыуэ яшх удз хущхъуэщ,
Ар фIэрафIэу тхьэпэ хъурейщ. 
(ФIарий - Подорожник)
***
Псэм хэпщIауэ нэ гъуэжь цIыкIуу,
КъапщIий хужьу мэщIэращIэ.         
(Ромашка - Дадийщхьэху)

***
Бзуужь джабэхуу кIапэгъэсыс,
ПцIыупсырейуэ жыгыщхьэрыс.
(Къанжэ - Сорока)
***
Зызыгъэпщ пщэ бацэу,
Зи пщэдыкъ данагъуэ.    
Къакъэм я Iэтащхьэу,
Шындэбзийм щогъуагъуэ.
(Адакъэ)
***
Къупщхьэ матэр зи цей,
Мывэ лъабжьэм щожей.
(Шылъэгу)
***
Шащхьэр трихуми, джэгурейщи,
ЩIигъэкъуанцIэу нэхъурейр,
ЩабэрыкIуэу, ар къуейщIейми,
Нанэ пIэкум щегъэжей!
(Джэду)
***
Ар зэ папщIэ пфIощIыр гъуджэ,
Лъэгу-лъэрыжэу гукъыдэжщ.
Iэди-уади имыIыгъыу,
Псышхуэм хуохъур и лъэмыж.
(Мыл)
***
Хьилэщ - ещIэ Iэмал куэд,
Мэл, бабыщхэр тфIегъэкIуэд.
Къуажи жыли зэщIищыхьу,
КъэгъэпцIакIуэм лъокIыр куэд.
(Бажэ)
 ***
И щхьэр ину хьэлъэзехьэ,
ЦIыкIунитIэу Iуэху зезыхьэ.
(ХъумпIэцIэдж)
***
Лъакъуэ имыIэу,
Унэм щызокIуэ.
ХуащIми - Iуахыжыр,
Iуахми – хуащIыж.
Жэщыр къэсамэ,
Зегъэпсэхужыр,
КъикIуа щымыIэу,
Ар мэтыншыж.
(Бжэ)
***
Унащхьэ тхыцIакIуэ,
Шындэбзий зекIуапIэ.
Дзыгъуэ кIуапIэр зи гъуэгу. 
Зи кIэ цIыкIур зыгъэджэгу.
(Джэду)
***
ПщIэгъуалащхъуэу лыпцIэ пцIанэ,
ПсыпцIэ унэу хьэ лъакъуэжь.
Куафэ щхъуантIэу нитIыр къопщри,
Кумбым йопкIэ - псым хопкIэж.
(Хьэндыркъуакъуэ)
***
Къуршхэм къелъэу къожэхыфыр,
Ауэ къуршхэм дэмыкIыф.
Лъакъуэ щIэткъым - къежыхьыфыр,
КъуакIэм гъуджэу щоджэгуф.
(Псыжэ)
***
Жьауэ хъумэ, зегъэпсэху,
А зэ закъуэм къыткIэроху.
Зэш имыщIэу тщIэр ещIэж,
Ауэ кIыфIым мэкIуэдыж.
(Ныбжь).

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться: