И кIуэдыкIар къахуэщIакъымЗызыужьа къэралыгъуэжьхэу Мысырымрэ Вавилонымрэ я гъусэу ди планетэм къыщыунэхуауэ щыта «Харрап» цивилизацэр зытекIуэдэжам ехьэлIауэ щIэныгъэлIхэм жаIэр ди нобэми зэтехуэркъым. КъаIуатэ щхьэусыгъуэхэри зэрызэмыщхьым къыхэкIыу, хэти метеорит иныщэ къытехуауэ егъэув, мыдрейми нэгъуэщI уафэщIхэм къилъэтыкIахэр къатеуэу ядернэ лагъымхэр щрадзыхауэ къелъытэ. - Мохенджо - Даро сыкъэмыкIуэ ипэ зэхэсхат, ди эрэм ипэкIэ 1528 гъэм къарушхуэ зиIэ гуэрым пасэрей къалэжьыр ирихауэ. Абы щыхьэт техъуэрт а щIыпIэм къыщыдулъэпхъэщхэри. Iуащхьэ нэхъ лъагэм тет унэ нэхъ иным дэ дащыIущIащ цIыху 14-м къащIэнахэм. Абыхэм я псэр хэкIат шхэуэ здэщысым. ДэнэкIи цIыхухэм я щхьэкъупщхьэхэм уащыхуэзэрт. Жылэжьым щыпсэуахэм я щылъыкIэм къигъэлъагъуэр къэхъуар къагурымыIуэу ажалыр къазэрыхуэкIуарт. НэгъуэщI телъыджэми гу лъыттат: къалэжьым и цIыху минхэр зэрыкIуэдыкIар… радиацэм абдежым зыкъызэрыщиIэтарщ. Сыту жыфIэмэ, унэхэм я блынхэр ткIуащ, абдж удзыфэхэр дэнэкIи щикъухьащ. Ар зэдгъэщхьар апхуэдэ абдж удзыфэхэр Невадэ пшахъуэщIми къызэрыщинэрщ, ядернэ къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIа иужь… КъинэмыщIауэ, а псоми уигу къагъэкIыжырт Хиросимэрэ Нагасакирэ 1945 гъэм къахулъыкъуэкIа насыпыншагъэ иныр. XX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм Пакистан къэралым (аращ мы зэманым зыхуэзэр зи гугъу тщIы къалэжьыр) и правительствэм щIыпIэр зэхуищIащ, «къутахуэхэр яхъумэн хьисэпкIэ». «Зэгъусахэр догупсыс: ди планетэм и тхыдэм щыяпэу ядернэ IэщэкIэ зэуар Мохенджо-Даро къалэрауэ къыщIэкIынущ», - жеIэ илъэсиплI нэблагъэкIэ зи гугъу тщIы щIыпIэм щIытI лэжьыгъэхэр щезыгъэкIуэкIа китай археолог Сэнь Джереми. Тхьэхэм я щыблэ? Сэнь Джереми и псалъэхэм уигу къагъэкIыжыр еджагъэшхуэхэм жаIэхэр нобэр къыздэсми щIызэтемыхуэрщ: Мохенджо-Даро зэуэзэпсэу зэрыкIуэдыкIар къызыхэкIар? Ди эрэм ипэкIэ 2600 гъэм Инд псышхуэм и тIуащIэм щызэтрагъэува а къалэр ди планетэм япэу къыщыунэхуа къэралыгъуищым язым и щыхьэру щытащ. И инагъыр ноби уогъэщIагъуэ: километр зэбгъузэнатIэу 10-м щIигъу къызэщIеубыдэ, Iуащхьэм тет быдапIэр къатищ зи лъагагъ унэхэмкIэ къэухъуреихьащ, а псоми чырбышкIэ зэтралъхьа блын Iув дыдэ къадокIуэкI. Инджылыз археолог Маршалл Джон зи унафэщI гупым Мохенджо-Даро («Мыпсэужхэм я Iуащхьэ» жыхуиIэщ) 1922 гъэм къаплъыхьат. ЩIэныгъэлIхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуат илъэс миниплI ипэкIэ къалэм фIей зэхуэхьэсыпIэхэр, псы зэрыжэ бжьамийхэр зэриIар, уеблэмэ хуейр щIыхьэ хъууэ уэрамхэм… псыунэхэр зэрытетар. АтIэми, гупым я пашэм нэгъэсауэ зыгуригъэIуэн лъэкIакъым Мохенджо Даро къыщыщIар. Абы къызэрибжамкIэ, Индием и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къикIа арий лъэпкъхэращ «налкъутыр» зэтезыгъэщэхар. - БлэкIа жыжьэм щыIа дзэ зэщIэузэдахэм ядернэ Iэщэ ябгъэдэмылъар пэж? – щIоупщIэ Шанхай щыщ тхыдэдж, профессор Минь Сяй - Зы лъэныкъуэкIэ апхуэдэу ущIэупщIэныр нэкъыфIэщI дыдэщ. АтIэми, девгъэгупсысыт: иджырей ди цивилизацэри ядернэ зэжьэхэуэныгъэм хэкIуэдэжыныр зыхуэIуа щыIэ? Апхуэдэ къэхъу хъужыкъуэмэ, мы дунейм дызэрытетам хэт щыхьэт техъуэфынур, илъэс минитху нэблагъэ дэкIмэ? Иджырей ди унэхэр сэхыжынущ, яжьэ хъужынущ, жып телефонхэмрэ компьютерхэмрэ ткIунущ. ЗыгуэркIэ къела цIыхухэм я щIэблэм я фIэщ пхуэщIыну дунейм цивилизацэ гуэр тетыгъауэ? А лъэныкъуэмкIэ дыкъыщыбгъэдыхьэмэ, къыхэдгъэщар лъабжьэ зимыIэу къытхуэлъытэнукъым. Пасэрей Индием къыщыунэхуа «Махабхарата» IуэрыIуатэ эпосым хыдолъагъуэ «Псэхэхым и шабзэхэр» жыхуиIэр, Тхьэ Ахурамазда арий щихъхэм къарита Iэщэ телъыджэу «щыблэхэм я Iэщэр». Тыркум щыщ, археологиемкIэ доктор Селим Мажид щыпсэу къэралым къина къутахуэжьхэр зэрыт щIыпIэ зыбжанэм илъэс 40-м нызэрыхьэскIэ щылъэпхъэщащ. Абы жеIэр: пэжщ, иджырей пластикыр щIым хэткIухьынущ, арщхьэкIэ ядернэ Iэщэм ипхъэха цивилизацэм къыщIэнын хуеягъэнущ ракетэ шахтэхэр, радархэр, нэгъуэщIхэри. ЩIытI лэжьыгъэ езыгъэкIуэкIахэр абыхэм ярихьэлIакъым. А псом къадэкIуэуи, тырку еджагъэшхуэм зеумысыж Мохенджо-Даро къыщыхъуар къызыхэкIар зэримыщIэмкIэ. «Пылхэр мафIэм исырт, псыр къэкъуалъэрт» Пакистан къэралыгъуэм къыщызэрагъэпэща къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуакъым а лъэхъэнэ жыжьэм къалэр ирихыфын хуэдизу щIыр щыхъеяуи е метеорит иныщэ къыщехуэхауи. Ауэ Мохенджо-Даро зи псэ щыхэкIахэм я къупщхьэхэм япкърыт радиацэр мардэм нэхърэ хуэдэ 50-кIэ нэхъыбэт. «Махабхаратэ» эпосыр «гъэхуауэ» топсэлъыхь: «Инд и тIуащIэм зэуэзэпсэу къыщхьэщыхьащ дыгъэ защIэу пщIыхэр зыщхьэщылыдыкI уэгу къалэ. Абыхэм къапкърыпсыкIым псори илыпщIащ. Пылхэм мафIэр къащIэнат, псыр къикъуэлъыкIырт. ЦIыхухэр псыкъуийхэм хэпкIэрт, щхъухьзехьэ сабэр зытрагъэлъэсыкIын хьисэпкIэ». Мохенджо-Даро и мызакъуэу, ар дыдэр къащыщIащ абы и гъунэгъу адрей щIыпIэ псоми. Метеорит къыщемыхуэхамэ, щIыр щымыхъеямэ, сыт а къалэр зэрыкIуэдыкIар? - Псом япэу уигу къихьэр къинэмыщI уафэщIхэм ящыщ гуэрхэр къэкIуауэщ, - жеIэ китай къэхутакIуэ Вонг Чень, дызытепсэлъыхь къалэм къыщIэна къутахуэхэм зыбжанэрэ еплъам. – Ауэ а Iуэхум срителъхьэкъым. Мохенджо-Даро и Iэхэлъахэм щыпсэуахэм яIагъэнущ ядернэ Iэщэм хуэдэ гуэр. Ар абыхэм зэрымыщIэкIэ къаIэщIэуагъэнущ, Чернобыль деж къыщыхъуам хуэдэу. «Щыблэхэм я Iэщэ» зыIэщIалъхьар, арийхэр мыхъуу, езы харрапхэм я пащтыхьрауэ жаIэ. Абы щыхьэт тохъуэ Инд и псыIум къыщыхъуахэм ехьэлIа шумер тхыгъэхэр: «Пащтыхьым фIэфIтэкъым къаруушхуэ къызыпкърыкI Iэщэр зэраIэр. Абы къыхэкIыуи унафэ ищIащ ар якъутэу Iыхьэ-Iыхьэу хым хакIутэну». АтIэми, хэт а Iэщэр пащтыхьым къезытар? Арий лъэпкъым я Iэтащхьэхэра хьэмэрэ дызыщымыгъуазэ тхьэхэра? Шэч сощI дэ ар зэи къытхуэмыщIэнкIэ. Харрап тхыбзэм ярытми иджыри къэс дыкъеджэфакъым… … Мохенджо-Даро и бзэхыкIар арэзы дыкъищIу зыми къиIуэтэфакъым: упщIэр нэхъыбэху, мыгурыIуэгъуэр мэбагъуэ. Абы къыдэкIуэуи пасэрей къалэжьыр кIуэ пэтми щIым хошыпсыхьыж. Ар нэхъри щIегъэхуабжьэ быдапIэжьым и лъабжьэм псы зэрыщIэжым. Арыншами, Мохенджо-Даро и зы Iыхьэр насыпыншагъэ нэужьым хышхуэм и щIагъ хъуащи, абы археологхэр иджыри нэсыфакъым. Инд и тIуащIэм илъэс мини 3500-рэ ипэкIэ къыщыхъуар телъыджэми, къызыхэкIар дяпэкIи яхузэхэгъэкIарэт… АНЗОРЫКЪУЭ Аслъэмырзэ.
Поделиться:
Читать также:
06.11.2026 - 16:56 →
Зэрызехьэм и щIэдзапIэт
02.11.2026 - 13:08 →
ЦIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэр
30.10.2026 - 12:18 →
Тхьэшхуэгухьэж
27.10.2026 - 13:44 →
Адыгэхэм я щIэныгъэр
26.10.2026 - 12:30 →
Ди лъэпкъэгъу щэджащэхэр
| ||




