«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэм

«Дыгъэм къегъэзэж». Мыр и фIэщыгъэщ Налшык, ди республикэр илъэси 100 зэрырикъуам и цIэр зезыхьэ и паркым ит галереем щыIа гъэлъэгъуэныгъэм, Црым Руслан и лэжьыгъэхэм траухуам. Гъэлъэгъуэныгъэм и фIэщыгъэр зытетха плакатым и щхьэмкIэ ит сурэтым щыслъэгъуащ гу. Плъыжь, хужь, удзыфэ, мащIэу хэплъагъукIыу нэгъуэщI плъыфэ зыбжани щызэхэунэхуа сурэтым къыхэщырт а гум гъащIэ щекIуэкIыу, дунейм щыщIэращIэу, гупсысэхэр къыщызэрыкIыу. Аращ атIэ, «дыгъэм къегъэзэж»!

Казимир Малевич и «Чёрный квадрат» лэжьыгъэ цIэрыIуэр дыгъэ къэдыгъуам егъэпщащ. «Нуль формы» жиIат езы сурэтыщIым абы щхьэкIэ, теплъэ зэхэщIыкIыгъуэхэр къыщыгъэлъэгъуа гъуазджэм кIэIунэ хуищIыжу, хьэпшып щхьэхуэхэр зыхэмыт, атIэ дамыгъэ защIэу гъэпса сурэт щIыным и зэманыр къэблэгъауэ къилъытат, абы «супрематизм» фIищыжат. Ар 1915 гъэм ехьэлIащ. Иджы 2026 гъэщ. «Чёрный квадрат» лэжьыгъэми Руслан и гъэлъэгъуэныгъэм и гугъу щыщIат. Абы уезыгъэблагъэ плакатым щытлъэгъуащ гугъэ – сурэтыщI гъуазджэм гугъэ иретыж абы. Гъэлъэгъуэныгъэм и фIэщыгъэри, сурэту хъуари, утыкум ит скульптурэри – псори щIагъыбзэ щабэщ. Къапщтэмэ, IуэрыIатэм ухишэ хуэдэщ «Дыгъэм къегъэзэж» фIэщыгъэм, «мафIэр къэхьыжын» жыIэкIэм уогупсыс.

ГъадэщIыдэм унагъэс хуэдэщ сурэт хъугъуэфIыгъуэм. Зы зэманым укъыхэкIым адрейм ухыхьэурэ, нартхэм я деж щегъэжьауэ, иджырей дунейм къэсыжыху уи гур щызоуэ. Гъэлъэгъуэныгъэм щызэхуэхьэса сурэтхэр езыхэр зэрыщIэ хуэдэщ, зы сурэт къахэпхмэ, адрейхэм ар зэрычэмыр зыхащIэн хуэдэу къыпщыхъуу зэгъэкIуащ. Плъыфэхэр, теплъэгъуэхэр, образхэр, дамыгъэхэр къопсалъэр. Ауэ си фIэщ хъуркъым а «къэпсэлъахэм» цIыхухэм жраIэр зэтехуэу. Щхьэж и гур здынэплъысым и нэр теплъызэу къыщIэкIынущ.

Мыбы щытлъэгъуркъым жыгхэр, мывэхэр, псыежэххэр, бгыхэр, цIыху сурэтхэр – ахэр псори уи нэгум къыщIыхьэу аращ. Сурэтым уеплъурэ, гу къуэпсым къару щабэ къеIэрти, кIапсэ хуэдэу абы зыгуэр къытрашырт. Къытрашурэ, сурэтым ухашэрт. Дамыгъэхэр зэпыбгъэувэурэ, щхьэж и плъыфи ептыжурэ, философие дунейм ухэтт. Зы сурэтым уеплъу укъыIукIыжыфынутэкъым асыхьэту, сыту жыпIэмэ нэкIэ къыбгурыIуэркъым ар занщIэу, атIэ уи гур дыбогъэIэпыкъу. АпщIондэхункIэ зы сурэт дунейм ухохьэри, сурэтыщIым къигъэлъэгъуам щыщу къыбгурыIуари къыбгурымыIуэу къэна къомри зэпыболъыт. Езы сурэтыщIым и автопортретым убгъэдохьэ. Мыпхуэдиз плъыфэмрэ дамыгъэмрэ уи псэм щыщ хэплъхьамэ, гупсысэр къызэрыпх уи гум и куууагъыр къызэрыппщытэ зы марди щымыIэмэ, ар лъащIэншэу аракъэ? – жыбоIэри уогупсыс. «ИгъащIэм къэзмыщта хы тхъурымбэ лулэр зыIурызгъэзу зызощI. Дыгъэ къыкъуэкIыгъуэщи, Малевич и квадрат плъыжьыр мэс»… - жеIэ езым.

Дамыгъэхэм я щIагъыбзэ защIэу зэхэухуэнат гъэлъэгъуэныгъэр. ПлIимэхэр, зэпэплIимэхэр, екъуахэр, хъурейхэр, нахътэхэр (точкэхэр) – псори дамыгъэщ. Мес, зы сурэтым, цIыхум и дзажэ къыхызолъагъукI, адрейм - гу, ещанэм – гъуэгу. НэгъуэщI зы сурэтми уафэ гущIэм ущIоплъэри, кIапсэ псыгъуэхэмкIэ зэпыщIа вагъуэхэр къыхыбобжыкI. Ауэ сурэту хъуар дыгъэм пыболъыт, къэзыгъэзэж дыгъэм. Плъыфэ дамыгъэхэм пхыплъа зыхэщIэм къилъагъу хуэдэщ абыхэм щыущэхуауэ хъугъуэфIыгъуэ щытIыгъуэу, ар дыгъэу къыщиудыну… Уигъэхуэбэнуи укъисынуи фIыщ а дыгъэм. Пэшым и IуплъапIэм «хэIэтыкIа дамыгъэу» итар дыгъэм къызэригъэзэжыр и щIыкIэмкIэ къэзыIуэта скульптурэщ.

 Т.S. жиIэу кIэщIэтхащ лэжьыгъэхэм. Црым унэцIэм епха хуэдэу къыпщыхъуми, аракъым и пэжыпIэр, Т.S. – «трансформирующее существо» жиIэу къокI, Црымым и псевдонимщ.

ГУГЪУЭТ Заремэ
Поделиться: