Лъэпкъ махуэгъэпсПлатон гу лъитащ мы дунейм кIэух имыIэу зыгуэр тетыххэмэ, ар зэманыр зэрыарам. Абы лъандэрэ гъадэщIыдэр зэрызэIылъ налъэхэм мыхьэнэ гуэр щIилъхьэрэ гъащIэм и пщалъэу къыхибзыкIыну хэту къогъуэгурыкIуэ цIыхур. Дапщэщ-тIэ цIыхум зэманыр илъэс-илъэскIэ, илъэсыр зэман-зэманкIэ, мазэр махуэ бжыгъэкIэ игуэшын щыщIидзар, сыт ар къызыхихар, сытым тещIыхьауэ? Пасэрей цIыхум зэманыр зэрыпибжыкIыу щытар жэщ-махуэкIэщ. ИужькIэ ар егупсысащ зэманыр нэхъ кIыхьыжу къэббж зэрыхъум: щIымахуэм гъатхэкIэ, гъатхэм гъэмахуэ хуабэкIэ, гъэмахуэм бжьыхьэкIэ зихъуэжрэ, бжьыхьэр икIмэ, щIымахуэм къызэригъэзэжым. Апхуэдэу къэунэхуащ иджыри зы мардэ – илъэсыр. Жэщ-махуэмрэ илъэсымрэ зэманышхуэ я зэхуаку дэлът гъащIэм и кIуэкIэр кърибгъэлъэгъуэнуи, а тIум я зэхуакур иджыри пIалъэ-пIалъэкIэрэ зэпыудын хуейуэ къилъытэри, пасэрейм къигупсысащ гъэр гъатхэу, гъэмахуэу, бжьыхьэу, щIымахуэу зэпиудыжыну. ЦIыхум нэхъыбэ къыгурыIуэ хъуа нэужь, мазэм кIэлъыплъурэ, ар жэщ-махуэ бжыгъэ пыухыкIакIэ хэхъуэу, аргуэру мазэщIэ къыкъуэкIыу гу лъитащ. Абы щыгъуэм зэманыр мазэкIэ къэббж зэрыхъум я акъылыр нэсащ. Дэнэ къикIа-тIэ, илъэсиплI къэс мазаем лейуэ къыхэхъуэ зы махуэр? Мы упщIэм и жэуапыр къэдгъуэтын папщIэ, зы илъэсым жэщ-махуэ дапщэ хэтми къэбжын хуейщ. ДощIэ, ар жэщ-махуэ 365-рэ мэхъу. Пэжщ. Ауэ а бжыгъэм иджыри сыхьэти 6 лейуэ къыпытщ. Жэщ-махуэ 365-рэ сыхьэти 6-рэ. А сыхьэтихыр илъэсиплIым къриубыдэу зы жэщ-махуэ (сыхьэт 24-рэ) ирокъури, мазаем зы жэщ-махуэ лей къыхохъуэ (високоснэ гъэ). Ар къэзыбжари махуэгъэпсым зэхъуэкIыныгъэ хэзылъхьэжари урым узэщIакIуэ, дзэзешэ, тхакIуэ Цезарь Юлийщ (ди лъэхъэнэм и 1-нэ лIэщIыгъуэм). Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа пасэрей хьэтхэми, шумерхэми, мысырхэми махуэгъэпс яIащ. Нобэрей адыгэр хьэтхэм къазэрытепщIыкIыжар къэплъытэмэ, адыгэм и махуэгъэпсри а лъэпкъыжьым иупх мэхъу. Адыгэ махуэгъэпсымкIэ иджыпсту 6224-нэ гъэщ дызыхэтыр. Куэдым ящIэркъым а бжыгъэм къежьапIэ хуэхъуар. Хьэтхэм я тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Хьэт къэралыгъуэр яухуэу и тхыдэр пибжыкIын щыщIидзар ди лъэхъэнэм ипэкIэ 4022 гъэм гъатхэпэм и 22-рщ. Аращ адыгэм и махуэгъэпсри зытещIыхьар. Апхуэдэу, адыгэм и илъэсыщIэр гъатхэпэм и 22-м тохуэ, гъатхэр къыщихьэри аращ. Мэкъуауэгъуэм и 22-м гъэмахуэр къохьэ, фокIадэм и 22-м бжьыхьэр, дыгъэгъазэм и 22-р щIымахуэр. Гъатхэр махуэ 92-рэ, гъэмахуэр махуэ 92-рэ, бжьыхьэр махуэ 91-рэ, щIымахуэр махуэ 90 мэхъу. ЩIымахуэ шылэр щIышылэм и 17-м къохьэри, мазаем и 25-м еух. Гъэмахуэ шылэр бадзэуэгъуэм и 17-м къохьэри, шыщхьэуIум и 25-м йокIыж. ЩIымахуэ шылэм и кум къыщыщIэдзауэ уэсыр пхъашэ мэхъу («шыц уэс» жыхуаIэжри аращ), мылым кхъурбыщыгъэ къещтэ. Абы щхьэкIэ нэхъапэм: «Шылэм и купсэм мылым утемыхьэ», - жаIэу щытащ. Абы къыкIэлъокIуэ бжэндэхъу уаери, къос ныуэжь уэсри, шыц уэсыр кърепхъых, ауэ ахэр гъатхэ нэщэнэу къалъытэрт. ЩIымахуэ шылэр иуха нэужь, бэдрэжузым щIедзэ. Ар шылэм ефыгъуэу жаIэу яIуатэр мыращ: «Си лъэпхъуамбэшхуэр шылэм и лъэпхъуамбэ жьакIэр зэрытым итатэмэ, хьэ лъэмакъыр шы лъэмакъыу згъэIунти, шы лъэмакъыр лъэмакъищэу згъэIунт». Гъатхэпэм и 3-м тохуэ бэдрэжуз жыхуаIэр. А махуэм дунейр, имыхабзэу, щIыIэ мэхъу, жьапщэ къыкъуоу. ПащIэ Бэчмырзэ итхыжауэ щытащ адыгэ мазэцIэхэр: щIышылэ - январь, мэзэхъуанэ - февраль, уэдыбэ - март, уэдыжьыхь - апрель, накъыгъэ - май, напхъуэ - июнь, шыщхьэуIу - июль, хьэстул - август, фокIадэ - сентябрь, вэн - октябрь, тхьэщIын - ноябрь, пхъэзей – декабрь. Гу зэрылъыттащи, иджыпсту газетым къытехуэ мазэцIэхэмрэ мыбыхэмрэ зэтехуэркъым. Нэхъапэм адыгэ лъэпкъ 12-м я бзэхэмкIэ мазэцIэхэри жаIэу щытащ, ауэ я нэхъыбэр зэтехуэрт. ГъэщIэгъуэнкъэ щIэныгъэм иджырей зэманым къихута дуней хабзэхэм пасэрей адыгэр фIыуэ щыгъуазэу зэрыщытар?!
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||




