Амырхъан и зэфIэкIхэр

Мы тхыгъэмкIэ фэд­гъэ­цIыхунущ Налшык къалэм и «Олимп» уней школым и 2-нэ классым щеджэ, ментальнэ арифметикэм къызэрымы­кIуэ ехъу­лIэныгъэхэр щызиIэ сабий акъылыфIэ Хъуэ­кIуэн Амырхъан. 

Зи ныбжьыр илъэсих фIэкIа мыхъу, и адэш­хуэм и цIэр зе­зыхьэ Амыр­хъан и зэфIэкIхэр узэрыгушхуэнщ. Илъэсищ зэ­ры­хъурэ абы ментальнэ арифме­тикэм зыщыхуегъасэ акъы­­­лым зыщрагъэужь Кампус IQ ­Iуэ­ху­­щIапIэм. И егъэ­джа­кIуэр Багъэтыр За­ли­нэщ. Илъэситху щри­къум курыт еджапIэм щIэ­тIысхьа ­Амы­р­хъан щэнейрэ ­щы­­те­кIуэну хунэсащ ментальнэ ариф­метикэмкIэ 2025 гъэм Шэшэным, мы гъэм Дагъыс­тэнымрэ Налшыкрэ щекIуэкIа урысейпсо олимпиадэхэм. КъызэщIэпкъуэжмэ, щIалэ жыджэрым и щIэныгъэм къыпэ­кIуащ щIыхь тхылъ зыбжанэ, медаль 11, кубоки 5. 
 - Япэ махуэхэм щыщIэдзауэ си гъэсэнхэм щIэныгъэкIэ я ­пашэщ зи зэфIэкIхэмкIэ сыгушхуэ, сыт щыгъуи ехъулIэны-гъэм хуэпабгъэ Амырхъан. ФIы дыдэу зэреджэм къыдэкIуэу, ар зэпымыууэ хущIокъу и хъуэпсапIэхэр зэрызригъэ­­хъу- л­Iэным, и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным, - жеIэ и егъэджакIуэ Багъэтыр Залинэ. Ментальнэ арифметикэм и фIыгъэкIэ, абы курыт еджапIэми гъащIэми ехъулIэныгъэхэр щиIэщ. Гу зы­лъыстэращи, гукIэ бжэф сабийр сыт щыгъуи и ныбжьэгъухэм зы лъэбакъуэкIэ япэ итынущ. ИпэжыпIэкIэ, Амырхъан и гъащIэри еджэн Iуэхури ментальнэ арифметикэм къыщегъэ- п­сынщIэ. 
Амырхъан и анэдэлъхубзэмрэ урысыбзэмрэ уэрсэру, и ­ныбжьхэм ефIэкIыу ещIэ. КъинэмыщIауэ, илъэсиплI зэ­-                       ры­хъурэ инджылызыбзэр, хьэрыпыбзэр, китаибзэр едж. Абы къыдэкIуэу, IэрыщI интеллектымкIэ курсхэр къиухащ, шахмат джэгуми зыхуегъасэ. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым, са­бийхэм яхуэгъэза тхылъхэр мыхъуу, ар балигъ щIэнгъуазэхэм, психологием теухуа къыдэкIыгъуэхэм зэрыдахьэхыр. Есэ­пымкIэ Амырхъан, дауи, зыдэплъеяр зи IэщIагъэкIэ эконо­-мист и адэ ХьэзрэIилу къыщIэкIынущ. Психологием дезыгъэхьэхар юрист лэжьыгъэм пэрыт и анэ Рузанэщ.
Зыхуеджэну IэщIагъэм ущыщIэупщIэкIэ, Амырхъан и фIэщу жеIэ нейрохирург хъуну зэрихъуэпсапIэр. АбыкIэ щIалэ жы­джэрым и щапхъэщ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Москва щылажьэ хирург, и адэ къуэш нэхъыжь Мухьэмэд. 
ЗэфIэкI зиIэ Амырхъан хуэдэ щIэблэрщ къэкIуэнур зейр. Ди гуапэщ щIалэ Iущым и хъуэпсапIэхэр къехъулIэну, лъэпкъыр, республикэр, къэралыр зэрыгушхуэн щIалэ цIэрыIуэ къищIы­кIыну. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ. 

Поделиться:

Читать также: