Мазибгъум зэфIахам ириплъэжащ

Суд унафэкIэ тезыр зытралъ­хьахэм ахэр егъэпшынынымкIэ къэрал къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и коллегием 2026 гъэм и мазибгъум я лэ­жьыгъэм кърикIуахэр щызэ­халъ­­хьэжри, адэкIэ нэхъыщ­хьэу къа­­пэщытхэр яубзыхуащ. 

Я лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ дэт­хэнэми щахузэфIэкIам теп­­­сэ­лъыхьащ. Гулъытэ хэха хуащIащ хуит ямыщI хьэпшыпхэр тутнакъэщхэм демыгъэхьэным, шэч зыхуащIхэм, ягъэкъуаншэхэмрэ ягъэтIысахэмрэ драгъэкIуэкI ­гъэ­сэ­ныгъэ, социальнэ Iуэхухэр егъэ­­фIэкIуэным, я нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэр лэжьакIуэхэмкIэ, техникэкIэ къызэгъэпэщыным. 
ЩIыналъэ IуэхущIапIэм и уна­фэщIым и япэ къуэдзэ Ковалев Михаил зэрыжиIащи, илъэсыр къы­зэрихьэрэ телефон Iэмэп­сы­мэу дахьэу къытраххэр процент 27-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм елъытауэ. 
- ИтIанэми, сотовэ телефонхэмрэ абы и пкъыгъуэхэмрэ нэ­мыщI, наркотикхэкIхэри Iэрагъэ­хьэну щыхэт щыIэщ. Псори зэхэ-ту апхуэдэу къытрахар грамм ­31-м щIигъурт, - жиIащ къэрал кIуэцI къулыкъум и подполковникым. Зэпкърыхауэ къытеувыIащ хабзэм тетынымрэ абы ебакъуэ­хэр жэуапым ешэлIэнымрэ. 
Пенитенциар къулыкъущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ ­Абазэ Аслъэн тепсэлъыхьащ те­зы­рыр езыхьэкIхэр ахъшэ ирату зэрагъэлажьэм, къэрал конт­ракт­хэр зэщIылIэным. Къэ­рал кIуэцI къулыкъум и полковникым зэрыжиIамкIэ, IэнатIэ зэхуэ­мы-дэхэм ща­гъэлажьэ ягъэтIысахэм ящы­щу 300-м нэблагъэ. Нэгъабэ ебгъапщэмэ, улахуэм процент 14-кIэ хэхъуащ. КъыщIагъэкIа продукцэхэм, ягъэзэщIа лэжьыгъэхэмрэ зэфIаха Iуэхутхьэбзэхэмрэ я уасэр сом мелуани ­139-м щхьэдэхащ. 
Коллегием и кIэухыу щIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщIым наIуэ ищIащ 2026 гъэм къриубыдэу адэкIэ ягъэзэщIапхъэхэр. 
- ЩытыкIэм ди нэIэ тетщ, те­зы­рыр щагъэзэкIуэж IуэхущIапIэхэр тэмэму мэлажьэ, - жиIащ Демидов Александр.

ДЫГУЛЫБГЪУ  Жантинэ.

Поделиться: