ЩIэныгъэр и лъабжьэу![]() Жэпуэгъуэм и 20-21-хэм Абхъаз Республикэм щекIуэкIащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, тхыдэдж, этнограф, литературовед, IуэрыIуатэдж Инал-ипэ Шалвэ къызэралъхурэ илъэси 110-рэ зэрырикъум ещIэкIа IV Дунейпсо зэIущIэ. ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз академием, Абхъазым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием зэщIыгъуу къызэрагъэпэщат ар. ЗэIущIэм хэтащ къэрали 5-м я лIыкъуэ 200-м щIигъу. ЩIДАА-м къыбгъэдэкIыу абы хэтащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, адыгэ академием и щIэныгъэлI секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий зи пашэ гупыр. Къаныкъуэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||





