Налшык зыгъэдахэр фщIэрэ?

«Къэбэрдей-Балъкъэрыр Кавказым и курыхщ» жыIэгъуэм къегъэлъагъуэ ди щIыналъэм и купщIэр: мыбдеж щIыуэпс уардэр, тхыдэ къулеймрэ щэнхабзэмрэ щызэдокIу. Мы махуэхэм абы и щыхьэрыр щIобэн «Урысейм и щIалэгъуалэ къалащхьэ-2027» фIэщыгъэр къэхьыным. 

Урысейпсо зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэм пхыкIа къалипщIым ар ящыщ хъуащ. Налшык щIыгъущ Архангельск, Великий Новгород, Ивановэ, Краснодар, Мурманск, Сыктывкар, Уфа, Якутск, Ярославль къалэхэр. Абыхэм адэкIэ къапэщылъщ я фIагъ нэхъыщхьэхэр къэпщытакIуэхэм я пащхьэ ирахьэну. Къалэхэм къагъэлъэгъуэн хуейщ щIыналъэхэм я студентхэм яIэ зыужьыныгъэр, щIалэгъуалэ жэрдэмхэр зэрыдаIыгъыр, щэнхабзэ Iуэхухэр, нэгъуэщIхэри. КъэпщытакIуэхэм цIыху­бэ IэIэтым хагъэхьэну къалитхур ягъэбелджылынущ щэкIуэгъуэм и 10-м. 
«ЩIалэгъуалэм я къалащхьэ» цIэр зыхуагъэфащэ къалэм къэкIуэну илъэс псом къэралыр къыдэIэпыкъунущ щIалэгъуалэ зэхыхьэшхуэхэр иригъэкIуэкIынымкIэ, щIыналъэр къызэрацIы­хум нэхъри хигъэхъуэнымкIэ, IэщIагъэлI, турист ныбжьыщIэхэр къришэлIэнымкIэ. «Нэхъы­щIэ­хэм я зэман» урысейпсо саугъэтым хыхьэу ирагъэкIуэкI мы зэхьэзэхуэр иджы етхуанэу къызэзыгъэпэщыр ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэрщ («Росмолодежь»). 
Ди республикэм и къалащхьэм и гугъу тщIымэ, нобэ ар щIалэгъуалэм заужьынымкIэ, я зэфIэкIым хагъэхъуэнымкIэ, я щхьэ Iуэху зэрахуэжынымкIэ IэмалыфIхэр здэщыIэ къалэщ. ­Iуащхьэмахуэ бгыр, Гуэл щхъуантIэхэр, Шэджэм псыкъелъэхэр, псы хуабэхэр, Балъкъэр Ипщэ и фэеплъхэр - ди щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къэрал псом къыщацIыху, зыгъэпсэхуакIуэ къытхуэкIуэхэм я бжыгъэр илъэсым и кIуэцIкIэ цIыху мелуанитIым щIегъу. 
Налшык курорт щIыпIэу къызэралъытэрэ куэд щIащ, абы и къабзагъэмрэ щIыуэпс къулеймрэ псори дехьэх. Я лъахэ цIыкIур дауэ зэралъагъур нобэрей щIалэгъуалэм?! Сыт ар щIалэгъуалэм я къалащхьэ хъун хуейуэ къыщIалъытэр?! Лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIаубыдэу, мы упщIэхэм ехьэлIауэ я Iуэху еплъыкIэхэр къыщагъэнаIуэ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм игъэхьэзыра видеороликым къыщыпсалъэхэм. Дыхуейт нобэрей щIэблэм я гупсысэхэм фыщыдгъэгъуэзэну. 
Чемаев Магомед (Урысейпсо студент гъатхэм уэрэдымкIэ и Iыхьэм щытекIуащ): «Налшык щIалэгъуэр щыбгъэкIуэну узыхуей къалэщ. Зэгу­рыIуэныгъэм и утыкур сыт щыгъуи Iуэхугъуэш­хуэхэм, пшыхьхэмрэ зэхыхьэхэмрэ хузэIухащ. Къалэм щIалэгъуалэм ехьэлIа Iуэху куэд къы­щызэрагъэпэщ. Фигу къэвгъэкIыж, псалъэм пап­щIэ, иджыблагъэ Урысей-Абхъаз зэхыхьэр Нал­шык щрагъэкIуэкIыну къыхахауэ зэрыщы­тар, «Брикс 2026» дунейпсо щIэныгъэ конференцыр къызэрыщызэрагъэпэщар, «Iуащхьэмахуэ и ­Кубок» дунейпсо зэпеуэр зэрыщызэхэ­тар, тIэунейрэ «Большая перемена» Iуэхур ди къалащхьэм зэрыщрагъэкIуэкIар. Ди щIалэ­гъуалэр а псоми жыджэру хэтщ».
Бэрэгъун Заур («Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и Iуэху зыгъэкIуатэщ): «Налшык зыгъэдахэр фщIэрэ? Мыбдеж зыри лъэныкъуэ къыщынэркъым: зыгуэрым уэрэд жиIэрэ - къалэ псор йодаIуэ, зыгуэрым къэрэндащ къищта - блынхэм гъуазджэ теплъэ ягъуэт, нэгъуэщIым гуп зэхуешэсыфри, ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэ­регъэхьэ. Налшык дэтхэнэми къыщегъуэтыф дэзыхьэхын Iуэху. Куэд зэбгъэхъулIэфынущ, нэхъыщхьэр - къыщIэдзэ закъуэ!»
Кузнецовэ Ангелинэ (Урысей студент гупхэм я лIыкIуэ): «Налшык щIалэгъуэр пщIэншэу щы­кIуэркъым. Мыбдеж зыщыбоужь, уи IэщIагъэр къыщыбогъуэтыж. Хэт зымыщIэр Налшык мы­Iэрысэм и щыхьэру зэрыжаIэр? Ар къызытекIар Къэбэрдей-Балъкъэрым жыг гъэкIыным егу­гъуу зэрызыщрагъэужьырщ, щIыналъэм мыIэ­рысэ лIэужьыгъуэ куэд къызэрыщагъэ­кIырщ. А Iуэхум гурэ псэкIэ ди щIыналъэр бгъэдохьэ».
Сафаров Мурад (КъБР-м и щIалэгъуалэ жыджэрхэм ящыщщ): «Сэ сызэреплъымкIэ, Налшык зыгъэпсэхупIэ къудейкъым. Абы и уэ­рамхэми щIалэгъуалэм я зэчийхэр къыщызэ­Iуах, фейцей хъуа блынхэм «псэщIэ» халъхьэжу. Дэ ауэ сытми дыщыскъым, зыгуэр къакIуэу ди къалащхьэр тхуигъэдэхэным дыпэплъэу. ДиIэщ цIыху цIэрыIуэ куэд, къэралми хамэ щIыпIэхэми я цIэхэр щыIуауэ. Налшык лъэпкъ хабзэхэмрэ нобэрей псэукIэмрэ щызэдогъуэгурыкIуэри, щэнхабзэр хъумэныр дэтхэнэми и къалэну къилъытэжын хуейщ».
Бахъуэ Алим (дзэ Iуэху хэхам хэтщ, хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ щIыналъэ центрым и уна­фэщIщ) «Хэкупсагъэр си дежкIэ псалъэ къудейкъым. Абы къокI блэкIар зыщумыгъэгъупщэныр, абы урипэгэныр. 2010 гъэм ди къалащхьэм «Дзэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ, Хэку зауэшхуэм ди цIыхухэм къыщагъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ. ЦIыху мин 20-м щIигъу зауэм дэкIати, мини 9-м къагъэзэжакъым. Абыхэм я фэеплъыр зэрытхъумэным иужь дитщ, я гъуэгуанэм пыдощэ».
Мэрзей Сэлим («ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэ нэхъыфI» зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэм те­кIуэныгъэ къыщызыхьа): «Ди республикэр ­ижь-ижьыж лъандэрэ щIэныгъэм хуопабгъэ. КъБКъУ-м, КъБКъАУ-м, Кавказ Ищхъэрэм Гъуаз­джэхэмкIэ и къэрал институтым илъэс къэс IэщIагъэлI зэчиифIэхэр къыщIагъэкI. Дэ дропагэ ди щIэныгъэлIхэм, егъэджакIуэхэм. Зэгъусэу зы Iуэхущ дызытелажьэр - республикэр егъэфIэкIуэнырщ».
Шормэн Амырхъан (архитектор, дизайнер): «Къалэм жыг хадэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр, цIыхубэ зэхуэсыпIэ дахэхэр иIэщ. Дэ долэжь Налшык нэхъыфIыж, нэхъ дахэж, щIыпIэ тынш хъуным. Хэт зымыцIыхур къалэм и дэкIуеипIэ миныр?! Зи гъуэгуанэр километри 2-рэ ныкъуэм щIигъур метр 843-кIэ тенджызым елъытауэ нэхъ лъагэщ. А щIыпIэм деж Налшык уи Iэгум илъым хуэдэу щыболъагъу. ЗэрытщIэщи, ди щыхьэ­-рыр Урысейм и къалэ нэхъ щхъуантIэ дыдэу       къалъытэ. Дауэ атIэ ар фIыуэ зэрумы­лъагъунур?!»
КIэдыкIуей Хьэким («Спартак-Налшык» футбол гупым и капитан): «Налшык къалэм и стадионым цIыху мин 13,5-м щIигъу йохуэ. Дэ дыджэгу къудейкъым, атIэ гуп хэтыкIэм, Iэпкълъэпкъри псэри псыхьыным зыхудогъасэ. Ди къалащхьэм къыщотэдж спортсмен цIэрыIуэхэр».
Куэпэшэр Лалинэ (сабий дохутыр): «Сэ Налшык сыкъыщалъхуащ, сыкъыщыхъуащ, сыщеджащ, IэщIагъэри щызэзгъэгъуэтыжащ. Республикэм и медицинэ IэнатIэр ефIакIуэ зэпытщ. А ехъулIэныгъэм и щIыбагъ къыдэт нэхъыщхьэр - цIыхухэм я дзыхьырщ».
Борыкъуей Эдуард (волонтёр): «Налшык гуа­пагъэм и къалэщ. Мыбы щыхабзэкъым дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэм блэкIыу. Гугъуехь хэтым зыщIэдгъэкъуэну дэ дыхьэзырщ. Налшык и щIалэгъуалэм сыт хуэдэ Iуэхуми гурэ псэрэ хелъ­хьэф».
Апхуэдэ щIалэгъуалэ зэчиифIэхэр щыдиIэкIэ, къэкIуэнум щхьэкIэ дымыгузавэми хъунущ. Абыхэм ди зэманым сыт и лъэныкъуэкIи зау­жьыну Iэмал яIэщ. А псом тетщIыхьу, дэри жыдоIэ: Налшык «щIалэгъуалэм я къалащхьэ» хъуну, шэч хэмылъу, къелэжь. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: