«Iуащхьэмахуэ» нэхъыфIхэм хабжэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Iуащхьэмахуэ» курортыр «Спорт турист комплекс нэхъыфI» унэтIыныгъэм къыщыхэжаныкIащ икIи SKI BUSINESS AWARD бгы-лыжэ саугъэтыр къихьащ. ТекIуахэр щагъэлъапIэ зэIущIэр Москва щекIуэкIащ, туризмэм нэхъ зыщиужь щIыналъэхэм ятеухуа форумым хэту.

Саугъэтыр и щыхьэтщ «Iуащхьэмахуэ» курортыр бгы-лыжэхэмкIэ, сноубордымкIэ, фрирайдымкIэ, фристайлымкIэ, ски-альпинизмэмкIэ, скайраннингымкIэ зыгъэсэныгъэхэмрэ зэхьэзэхуэ­хэмрэ гъэм и кIыхьагъкIэ щебгъэкIуэкI хъуну щIыпIэ нэхъыфIхэм зэращыщым. 
Хабзэ хъуауэ мыбдеж щрагъэкIуэкI «FWT Qualifier»-м и урысей Iыхьэр, фрирайдымкIэ Урысейм и Кубокыр, «Iуащхьэмахуэ и саугъэт» урысейпсо зэхьэзэхуэр, апхуэдэу «Red Fox Elbrus Race», «Alpindustria Elbrus Race», «Урысейм и къырхэр» спорт фестивалхэр.
Курортым и щхьэхуэныгъэ нэхъыщхьэу къалъытэр метр 3800 - 4000-рэ зи лъагагъ Гарабаши мылылъэм зыгъэсэныгъэхэр щрагъэкIуэкIыну Iэмал зэрыщыIэрщ. Ахэр шыщхьэуIу пщIондэ йокIуэкI.
Илъэс къэс «Iуащхьэмахуэ» Урысейм и щIыналъэ 30-мрэ хамэ къэрал зыбжанэмрэ къикIыурэ къыхуоблагъэ бгым лыжэкIэ ­къежэх спортмен мин 15-м щIигъу.

Поделиться: