УзыгъэгуфIэ бжыгъэхэр

2026 гъэм и щIышылэм – фокIадэм Къэбэрдей-Балъкъэрым туристу мелуан I,56I-рэ къэкIуащ. Нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ процент I,5-кIэ нэхъыбэщ ар. Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу хьэщIэ нэхъыбэ здэщыIар Шэджэм районырщ. Абы зыщызыгъэпсэхуахэм, зыщызыплъыхьахэм я бжыгъэм процент 20-кIэ хэхъуащ. Абы къыкIэлъыкIуэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIа туристхэм я бжыгъэр проценти 4,5-рэ нэхъыбэ хъуащ. 
КъищынэмыщIауэ, туристхэр щыкуэдщ псы хущхъуэхэр къыздыщыщIэж щIыпIэхэм, псалъэм папщIэ, «Янтарнэ», «Джэдыкъуэ» зыгъэпсэхупIэхэм хуэдэхэм. 
Мыдрейуэ, Налшык къалэм къакIуэ зыплъыхьакIуэхэм я бжыгъэми илъэс къэс къыхэхъуэ зэпытщ. ЖыпIэнурамэ, 2025 гъэм ди къалащхьэм щыIа туристхэм я бжыгъэм елъытауэ мы гъэм ар процент 4I,5-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Апхуэдэуи Iуащхьэмахуэ лъапи хьэщIэхэм сыт хуэдэ зэмани я кIуапIэщ, мы гъэм зэрыщIидзэрэ абы щыIащ туристу мин 947-рэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыгъэпсэхуну, зыщызыплъыхьыну къакIуэхэм я бжыгъэм къыщIыхэхъуэм я фIыгъэ куэд хэлъщ щIыналъэм и турист, къалэ инфраструктурэхэр зэрырагъэфакIуэм, абыхэм зэрызрагъэужьым, щалэжь Iуэхутхьэбзэхэм фIагъ лъагэ зэраIэм. Ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэжращи, ди республикэм и щIыпIэ телъыджэхэм, щэнхабзэ-тхыдэ щIэинхэм ямытхьэкъун яхузэфIэкIыркъым, щыжаIащ КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм.
 
Къэпщытэныгъэхэм къагъэлъагъуэ 
Туристхэм папщIэ щыIэ «YouTravel.me» маркетплейсым иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым етIуанэ увыпIэр къэралым щиIыгъщ цIыхухэм зыщагъэпсэхуну нэхъыбэрэ къыхах щIыналъэхэмкIэ. Ар наIуэ къэхъуащ мы гъэм и гъэмахуэ лъэхъэнэм. 
ЖыпIэнурамэ, 2026 гъэм гъэмахуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ туристу мин 300-м нэблагъэ. ШыщхьэуIу мазэ закъуэм къриубыдэу Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 85-м щIигъум. Апхуэдиз бжыгъэ ди республикэм япэм зэи щыIакъым, уеблэмэ а щIыпIэм туристхэр щынэхъыбэ щIышылэ мазэми ар ефIэкIащ.
Дызыхэт илъэсым и япэ Iыхьэ ныкъуэм республикэм къэкIуащ туристу мин 934-рэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 2,4-кIэ нэхъыбэщ ар. 
Зэрыхабзэу, ди щIыналъэм и хьэщIэхэм хуагъэлъагъуэ Iуащхьэмахуэ лъапэ, Шэджэм, Шэрэдж аузхэм я турист экологие лъэс лъагъуэхэр, альпинист, треккинг программэхэр, нэгузыужьыгъуэ щагъуэтыну нэгъуэщI щIыпIэ телъыджэхэри.
 
ХьэщIэщхэм къахохъуэ
2030 гъэм и кIэм ирихьэлIэу Налшык къалэм и курорт щIыпIэм иджырей хьэщIэщ ехьэжьа щаухуэнущ. Инвестицэ ахъшэу абы къыхашэнущ сом мелуан 450-рэ. 
«Инвестицэ пэхуэщIэ инхэм ящыщу «Тур-индустрие» IуэхущIапIэм дунейпсо мардэм хуэкIуэ, фIагъ лъагэ зиIэ Iуэхутхьэбзэхэр щызэрахьэ, пэш 50 зыхэт хьэщIэщ комплекс ехьэжьа иухуэнущ. Проектыр сом мелуан 450-рэ и уасэщ икIи ахъшэр къызыбгъэдэкIынур езы инвесторырщ», - жиIащ КъБР-м ЩIымрэ мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн. 
ПэхуэщIэр ягъэзащIэрэ ар и кIэм нагъэсмэ, цIыху 50-м лэжьыгъэ IэнатIэхэр къыхузэрагъэпэщынущ, налог ахъшэу бюджетым сом мелуан I8 илъэс къэс ягъэкIуэнущ. Хъыбар зэрыщыIэмкIэ, хьэщIэщыр щаухуэнущ Налшык къалэм Пироговым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет сымаджэщым пэгъунэгъуу. 
ИпэIуэкIи, «Like4Like» дунейпсо консалтинг компанием и унафэщI Орландини-Авруцкая Иринэ 2026 гъэм екIуэкIа Кавказ инвестицэ зэхуэсым щыжиIауэ щытащ 2029 гъэм ирихьэлIэу «Белый сад» фIэщыгъэр зэрихьэу вагъуитху зиIэ хьэщIэщ ехьэжьарэ СПА-центрэ Налшык къызэрыщызэIуахынур. ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, ахъшэ инвестицэу абы кърашэлIэнущ сом мелард I,5-рэ, лэжьыгъэхэри мы гъэм ирагъэжьэн мурадхэр щыIащ.
Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, хьэщIэщым псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэу мини 8 иубыдынущ, пэшу I20-рэ хэтынущ, абыхэм нэмыщI, ухуэныгъэ щхьэхуэу, виллэкIэ зэджэу 4 ящIынущ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, цIыху къызэрыгуэкIхэм ар яхуэгъэкъаруунукъым. Апхуэдэуи хьэщIэщым хыхьэнущ ресторану 2, зыр унащхьэм тету, спорт комплекс, СПА-центр, бассейну 2, теннис, падл-кортхэр я гъусэу.
ПэхуэщIэр къыхэзылъхьар «Озон отель Нальчик»-рщ. ХьэщIэщым иIэну теплъэм щелэжьар Франджым щыIэ архитектурэ бюрорщ.
МЭРШЭН Батыр.
Поделиться: