Зым нэхърэ адрей нэхъыфIыжу«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прохладнэ щIыналъэм и автомобиль гъуэгухэм ящыщу щIыпIитIым деж ахэр щыIэ мардэхэм хуагъэкIуэнущ, псори зэхэту километр 8,I-рэ я кIыхьагъу. Ахэр Бахъсэн – Къэрэгъэш автомобиль гъуэгумрэ (километри 2,85-рэ), езы Къэрэгъэш къуажэм хуэкIуэмрэщ (километри 5,25-рэ).
Мы щIыпIэхэм щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм хиубыдэу гъуэгухэр зэтес ящIынущ, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэнущ, гъуэгубгъухэр зыхуей хуагъэзэнущ, дамыгъэхэр, къэухьхэр щагъэувынущ. Абы щыпэрыхьэнур етIанэгъэ и пэщIэдзэрщ.
Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Къэщкъэтау и уэрамиплI – Кадыровым, Черкесовым, Чеченовым я цIэхэр зезыхьэхэр, Октябрьскэ уэрамыр - къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Псори зэхэту километри 3,3-рэ я кIыхьагъщ абыхэм.
НобэкIэ лэжьакIуэхэм гъуэгубгъухэр мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIащ, псы жапIэхэр ящIащ, къахуэнэжар асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ гъуэгущхьэм тралъхьэжынырщ.
«Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн районым и Жанхъуэтекъуэ къуажэм и сабий садыр къагъэщIэрэщIэж икIи лэжьыгъэхэр мы гъэм дыгъэгъазэм и I-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.
Сабий садыр щаухуауэ щытар I986 гъэрщ, сабийуэ I00-м хуэщIащ. Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр абы щрагъэкIуэкIыхукIэ цIыкIухэр курыт еджапIэм ягъэIэпхъуащ.
НобэкIэ унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ, лъэгухэр, блынджабэхэр къагъэщIэрэщIэжащ. Иджыпсту унэ IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ. Ар зэрызэфIэкIыу, пэшхэм иджырей обрудованэхэмрэ унэлъащIэрэ щIагъэувэнущ.
«ГъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Май щIыналъэм и поликлиникэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж икIи цIыхухэм абы щыхуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зэпамыгъэун щхьэкIэ лэжьыгъэхэр Iыхьэ-Iыхьэу зэпаудащ. Иджыпсту ухуакIуэхэр унэм и сэмэгурабгъумкIэ щолажьэ, медицинэ Iуэхутхьэбзэ хуейуэ къахуэкIуэхэм поликлиникэм и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щакIэлъоплъ.
ЕтIуанэ корпусым и блынджабэхэм сэху иратащ, электрокъару зэрыкIуэ кIапсэхэр щызэрахъуэкIащ, етIуанэ, ещанэ къатхэм псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр щыщIашащ. ИужькIэ унэ лъэгухэр зэтес ящIынущ, керамогранити унэ щIыбым кIэралъхьэнущ.
Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI поликлиникэм метр зэбгъузэнатIэу мини 4,5-рэ еубыд, цIыху мин 33-м щIигъум абы щоIэзэ икIи 2028 гъэм и лэжьыгъэр иригъэжьэжыну траухуащ.
«Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч щIыналъэм и Курп насос станцыр къагъэщIэрэщIэж. Районым щыпсэу цIыхухэр псы къабзэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ мыхьэнэ ин зиIэ ухуэныгъэщ ар. НобэкIэ, насос станцым и пкъыгъуэжьхэр къыпкърахащ, унащхьэри зэрахъуэкIын щIадзащ. Апхуэдэуи абы и лъабжьэр, щIэгъэкъуэнхэр ягъэбыдэнущ, псыIэм щызыхъумэ материалхэри кIэралъхьэнущ. ИужькIэ, станцым щIагъэувэну технологие обрудованэхэр кърашэлIэнущ. Лэжьыгъэхэр мы гъэм и кIэхэм зэфIагъэкIын мурад щыIащ.
«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Дзэлыкъуэкъуажэм и курыт еджапIэ №I-м и етIуанэ къудамэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэм и япэ Iыхьэу абы пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыжащ, электромонтажхэр зэфIагъэкIащ, блынджабэхэр ягъэкъэбзащ. Иджыпсту унащхьэр тралъхьэ, блынджабэм сэху ират, щхьэгъубжэхэр хагъэувэ, псы хуабэ зэрыкIуэ бжьамийхэр къагъэщIэрэщIэж, лъэгур захуэ ящI.
Лэжьыгъэхэр 2026 гъэм и кIэм зэфIагъэкIынущ.
Тэрч къалэм Лермонтовым и цIэр зезыхьэ и уэрамри къагъэщIэрэщIэж мы махуэхэм. Мы гъэм районым щызэхаубла гъуэгу лэжьыгъэхэм ящыщу мыр псом нэхърэ нэхъ инхэм яхохьэ. Ахэр зэхаублащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и транспорт IэнатIэр егъэфIэкIуэн» къэрал программэм ипкъ иткIэ.
Зыхуей хуагъэзэну уэрамым километр I,7-рэ и кIыхьагъщ. ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIи, уэрымым и лъэныкъуитIымкIи лъэс лъагъуэщIэхэр щаукъуэдиинущ, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIыжынущ, светофорхэр щагъэувынущ, автобус къэувыIэпIэу 4 щаухуэнущ, иджырей уэздыгъэхэри щыпадзэнущ.
НобэкIэ лэжьакIуэхэм тротуархэр яшэщIащ, мывэхэр кIэралъхьащ, зэ ирикIуэгъуэуи асфальт тралъхьащ. Иджыпсту машинэ гъэувыпIэхэмрэ зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэмрэ асфальткIэ къращIыкI.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||




