Iуэтэж
ХьэпшыпыфI зыщI фирмэ псори я дамыгъэхэмкIэ къыбоцIыху. «Эпл»-м и мыIэрысэ ныкъуэшхыр, «Билайн»-м и бжьэр, «Адидас»-м и тхьэмпищыр – куэд мэхъу нэм едэхащIэ, гур зыгъэхуабэ, щэн-щэхуэнми мыхуэмыхуу хуэщхьэпэ а сурэт цIыкIухэр.
Ди лъэныкъуэм нэхъ щыцIэрыIуэр «Фохэнэ» жыхуаIэращ. ЩэкI зэфэзэщым къыхэщIыкIа щыгъыным къетIэтIэх фо гъуэжьычым бадзэ фIыцIэ хэнауэ хэсщ – аращ зэрыхъур. Зым а сурэтыр и дамэ лъэныкъуэм хуегъазэ, адрейм - и бгъэгум, ещанэм - и щIыбым, бостеикIэм е гъуэншэдж лъапэм. Сытми, иужьрей илъэс зытIущым фом хэна бадзэм и мэ зыщымыуа фэилъхьэгъуэр модэм къыкIэрыхуауэ ябж. Си насып кърихьэкIри, ар къэзыгупсыса дизайнерыр щагъэпсэлъа санэхуафэм срихьэлIат, ауэ иджырхэми шэчышхуэ къытызохьэ абдежым щызэхэсхам. Ахъшэ къызэлъэлъэххэм зыгуэр зэрызэхаджэр хэт зымыщIэр? Данизэ (арат цIыхубзым и цIэр) дызэрытригъэуа шыпсэри пщэдджыжьым щыщIэдзауэ жэщ хъуху и щхьэр къимыIэту лажьэ дэрбзэрым къыщыщIауэ къызыфIэгъэщIыгъуейщ. И гукъэкIыжхэм фIыуэ хэусыхьауэ си гум жеIэ, фирмэ дэхуэхар зы теплъэгъуэ нэIурытым къыдихыжауэ ди фIэщ ищIын папщIэ. Iуэхум губзыгъагъэу е бзаджагъэу ирахьэлIар фыбзыщI къыжраIамэ, къагупсысагъэнщ. КIуэ, Данизэ пцIыупсыфэ есплъауи жысIэркъым. КъэхъункIэ Iэмал зимыIэхэмкIэ иужькIэ сеупщIыжын си мураду, зыри дэзмыгъэхуу езгъэтхащи, фэри зытевгъэу.
«Хэхъуэ щIагъуэ зимыIэж ди фирмэр зэхуащIыжыным нэсат. Зызэман яхузэрымыгъэгъуэту щыта ди хьэпшыпхэр хэт цехым зэтефыхьу щIэлът, хэти тыкуэнхэм щызэхэзедзэнт. Ди фIыгъуэм зэрыкъэралу тхуапэу щытащ дэ. Иджы ди лэжьакIуэхэр нэхъ Iэзэ, ди щэкIхэри нэхъ гуакIуэ зэрыхъуам щхьэкIэ къэмынэу, хамэ къэралхэм кърашхэр нэхъ пудти, дыпщIэншэрыдэт. Модэм улъэщIэмыхьэмэ, зыри и мыхьэнэкъым уи сатырхэр зэрызахуэми, уи дыпIэхэр зэрыбыдэми, уи джанэхэр, бостейхэр, бэлътохэр, гъуэншэджхэр зэрыдахэми. Ящэхумрэ щIэупщIэ зиIэмрэт фирмэм мылъку къыхуэзылэжьри, тедгъэкIуадэр къытхэхъуэм нэхърэ нэхъыбэщ жаIэурэ, дэрбзэрхэм ди бжыгъэм хагъэщIын Iэуэлъауэ щIэх-щIэхыурэ къэIурт. ФIыгъуэр зыхуищIэн ди цехым и тхьэмадэ Дибир занщIэу Iуэхум хэлъадэхэм ящыщкъым. Зыри дыIуигъэкIын идакъым. ИтIани, хъыбарыфI зэхэтхыным дыщыужауэ, япэу мывэ зытехуэнур хэту пIэрэ жытIэу, ди зэхуакум дзыхь дэлъыжтэкъым.
Адрей цеххэр зэщагуэри, нэщI хъуа я пэшхэр дунейм темыхуэж шхапIэхэм иратат, щIэсыпщIэ къыIахын папщIэ. Дэри арагъэнт къытпэплъэр. АрщхьэкIэ, сыт щыгъуи жыжьэрыплъэу щыт Дибир нэхъыщхьэIуэхэр зэхъуэпсэнкIи хъуну ди кIэлындорышхуэм пэш цIыкIу зыбжанэ къыхищIыкIщ, машинэщIэхэр тхущIигъэувэри, апщIондэху тIурытI-щырыщу щIэса дэрбзэрхэр зырызу дащIигуэшащ, уэршэрыпIэ димыIэмэ, нэхъыбэ зэрытхуэдынур ищIэу.
Щыгъыныр ящэхун папщIэ, е пудрэ фIыуэ зы фэилъхьэгъуэ лIэужьыгъуэ закъуэ куэду къыщIэбгъэкIын, е лъапIэрэ зыми емыщхьу щIэ гуэр къебгъэжьэн хуейщ. А тIумкIи зыри зытедгъакIуэртэкъым ди цехым. НэхъыфIу дэхэр ди дежт щылажьэр. Сэ нэхъыбэу къыслъысыр джанэхэрт, ауэ бзыпхъэхэм, щэкIым тебгъауэ хъуну сурэтхэм сепэщэщын си хьэлти, зырыз дызэращIар сфIэфI дыдэт.
«Интернетым зыщыфплъыхь, мыр щыстIэгъарэт жыпIэу, щIэщыгъуэ гуэр къэвгупсыс, зекIуэр, цIыхухэм къалъыхъуэр, зыгъэтыншыр къафщIэ», - къыджиIэ зэпытт Дибир. Зигу илъ щIалэт езыр, нэхъыщхьэхэм задригъэкIуу щытми, езым и Iуэху еплъыкIэр жыжьэ иримыхьэкIыу. Дэ тхуэдэ дэрбзэр Iэзэ щымыIэу махуэ къэс къыджиIэн зэрымыщхьэхым дигухэр иудыгъуэджэ ищIауэ, дагъуэ къытхуэзыщIыну псоми дахуэгъэзат.
Лажьэ яIэтэкъым къыщIэдгъэкI щыгъынхэм, пэжыр жыпIэмэ. Ауэ ди цIэр хуабжьу Iуным фирмэм и фейдэ хэлътэкъым. Зыдар къызэращIэу, налогхэм хэхъуэнути, щыгъыныр нэм къыфIэмынэмэ, нэхъ къащтэнут. Рекламэр яфIэлъапIэт. ЩэхуакIуэм дзыхь къыпхуищIын папщIэ, нэгъуэщI мыхъуми, этикеткэ уиIэн хуейтэкъэ? Фирмэр зыгъэлажьэхэм хэхъуэр я жагъуэтэкъым, дауи, ауэ хабзэншагъэкIэ зэрахьэр зыхуэдизыр езыхэм ящIэжырти, Iуэхум щIэ гуэр халъхьэ нэхърэ, гу зылърамыгъатэным нэхъ траухуат. АпщIондэху хэлъэт зиIэ тыкуэнтесхэм ди джанэ-гъуэншэджхэм дамыгъэ нэпцIхэр трагъауэурэ, хъуэпсэгъуэу зэкIуэцIалъхьэжырти, хамэ къэралхэм къраша фIэкIа умыщIэу, я уасищ-плIым нэс къыщIахырт.
Илъэс бжыгъэкIэ зы пэш бдэзыгуэша лэжьэгъур ныбжьэгъу, Iыхьлы пэлъытэ пхуохъу. Щыгъын гъэхьэзырыныр гуп лэжьыгъэщ: зым ебз, адрейм зэгуедэ, ещанэм Iэщхьэхэр фIегъэзагъэ, и кIэр е и лъапэр щIэзыдэр щхьэхуэщ. УзэупщIыжу, узэчэнджэщу фIэкIа хъуркъым. Зы цIыхум и еплъыкIэкIэ псоми ягу ирихьын джани бостеи къыпхуэгупсысынукъым. ЩIыIу-Iуданэхэр къэтлъыхъуэ зытщIми, машинэ дагъэ дыхуэныкъуэми, дахэ-мыдахэм дыщIэупщIэми, зы пэшым дыщIэкIым адрейм дыщIыхьэурэ, мазэ зытIущ, дызэресауэ, дгъэкIуащ. Ауэрэ дэ езым гу лъыттэжу, лэжьыгъэми IэщIагъэми IэфI къащIыхьэжри, сэлам къыдэзыххэр щIэмыкIыжынкIэ дыгузавэу, дэн-бзэным дитхьэкъужат, зырыз дызэращIрэ. Ди улахуэм хагъэхъуэн зэрыщIадзэжари зыкъызэрыдужьыжым и щыхьэтт. Компьютерым игъадэ машинэхэм я зэфIэкIыр абрагъуэщ, зыпхуегъасэмэ. Дибир и чэзум къытхилъхьа зэхъуэкIыныгъэ псоми нэрылъагъуу дыкъагъэщIэрэщIэжат.
Узэшыныр хущхъуэшхуэщ. Ущызэшым дежщ узыхуей дыдэр къыщыбгурыIуэр. Апхуэдизу си IэщIагъэр фIыуэ слъагъурэ пэт, иужьрей илъэсхэм дыкIэщIэ, бзыпхъэщIэ къыхэслъхьэным сыщыужат, ядэнукъым жысIэу. Иджы зыри зэран къызэрысхуэмыхъум си дуней хужь-фIыцIэр щхъуэкIэплъыкIэ ищIын щIидзэжауэ, япэм ещхьу, лэжьакIуэ сыщыкIуэкIэ, си гур къилъэтырт. Хьэпшып бжыгъэр иридгъэкъунратэкъым Дибир иджы зыхуейр. УнафэщIышхуэхэр къехъурджауэ щхьэкIэ къимыгъанэу, хахуэу щIэ гуэр хэтлъхьэным дытригъэгушхуэрт. Дэнрэ бзэнрэ зыфIэфIхэрат, дауи, абы жиIэр зи тхьэкIумэ ихьэр. Зырызу дызэрыщIэс лъандэрэ, зыщIезыгъэххэм гу нэхъ ялъыптэу хъуати, Дибири лажьэмрэ мылажьэмрэ зэхигъэкIын щIидзат, япэм ещхьу, хьэпшып хьэзырым тримыщIыхьу. ИтIани, сытыт а псом и мыхьэнэр, хы адрыщIым кърашым жыжьэрэ гъунэгъуу упамыщIмэ?!