Псалъэхэм я мыхьэнэрНобэ къэдмыгъэсэбэпыж псалъэ куэд ди бзэм хэтщ. Сыт а псалъэхэр цIыхухэм щIаIурымылъыжыр? Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэр ахэр зи фIэщыгъэ хьэпшыпхэр е абыхэм къагъэлъагъуэ Iуэхухэр нобэрей ди гъащIэм зэрыхэмытыжырщ е зэзэмызэххэ фIэкIа дызэрыримыхьэлIэрщ. Апхуэдэ псалъэхэр зэхуихьэсыжри, я мыхьэнэхэри къигъэлъагъуэу, тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIауэ щытащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Думэн Хьэсэн. Абыхэм ящыщ зыбжанэм щыгъуазэ фыхуэтщIынщ.
Гъуэрыгъуэ мэкъуауэ. ЦIыхухэм я зэхущытыкIэм, лэжьыгъэм ехьэлIауэ адыгэхэм хабзэу зэрахьэу щытащ. Япэм щыгъуэ жылэм дэс жьыкIэфэкIэхэм, цIыхухъу балигъ зэрымыс унагъуэхэм я мэкъур щIыхьэху ящIрэ хупаупщIу икIи къыхуашэжу щытащ. Апхуэдэ унагъуэхэр зыбжанэ хъумэ, пхъэидзэ ящIырти, япэу зи мэкъупIэм хыхьэнур ягъэнахуэрт. Зы махуэм зы унагъуэм, къыкIэлъыкIуэм адрейм и мэкъур паупщIырт. Апхуэдэу щIащIыр дэтхэнэ унагъуэми мэкъу паси нэхъ кIаси яIэрыхьэн щхьэкIэт. Армыхъумэ, пхъэидзэкIэ зи кIэн къикIа япэ гупым я мэкъупIэхэр къаунэщIыху удзыр гъэужь хъужу къэуат зыщIэмылъыжыр адрейхэм ялъысынкIэ хъунут. Апхуэдэ зэдэIэпыкъукIэм псори зэхуэдэ ищIырт, лэжьыгъэри зэуэ зэдэуха хъурт. А зэдэлэжьэкIэм «Гъуэрыгъуэ мэкъуауэкIэ» еджэу щытащ.
Гъубжэдэх. Мэкъумэш лэжьыгъэм епха хабзэщ. Мэшыр къэхыжын зэраухам иращIэкI гуфIэгъуэщ гъубжэдэхыр. Япэм мэшыр зэрыпаупщIу щытар гъубжэкIэщ. А лэжьыгъэр зэфIэкIа нэужь, гъубжэхэр я дамащхьэм телъу лэжьакIуэхэр пщIантIэм къыдыхьэжырт. Абыхэм япежьэрт унэгуащэр, шхынрэ зэфэнрэ иIыгъыу. Ар яритырти, къэкIуэжахэм я пщэм дэлъ гъубжэхэр къыдихырт. Абы иужькIэ Iэнэм пэрытIысхьэрти хъуахъуэхэрт. А гуфIэгъуэм «ГъубжэдэхкIэ» еджэрт.
ГъукIэхуэлажьэ. Лэжьыгъэ зэхущытыкIэхэм епха хабзэщ. Къуажэр зыхуэныкъуэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэригъэпэщу гъэми щIыми кIыщым щIэт гъукIэм езы жылэдэсхэми Iуэхутхьэбзэ гуэрхэр хуащIэжырт. Псалъэм папщIэ, абы и щIы Iыхьэр хуавэрт, жылэр хутрасэрт; гъавэр хъуамэ, хуIуахыжырт, и мэлыр къыхуащырт, н.къ. Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэу гъукIэм хуащIэхэм «ГъукIэхуэлажьэкIэ» еджэрт. Мыпхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм лъэныкъуитIми я сэбэп хэлът: и IэнатIэр къигъанэу гъукIэр куэдрэ губгъуэм ихьэн хуей хъуртэкъым, абы и Iуэхутхьэбзэ хуэныкъуэ цIыхухэми ар и лъэщапIэм къыщагъуэтырт.
Гъунэгъу Iыхьэ. Унагъуэм хьэщIэ къыхуэкIуауэ хьэщIэныш хуаукIамэ, тхы IупщIэ, зы блэгъур, щхьэ щIэлъэныкъуэ сэмэгур ягъавэрти, ипщэрэ ищхъэрэкIэ къыщыс я гъунэгъухэм хурагъэхьырт. Щхьэ щIэлъэныкъуэр зыхурагъэхьыр лIыжь нэхъыжь зэрыс унагъуэрат. Хабзэр иджыри кIуэдыжакъым.
Гъуо. Жылагъуэ зэхэтыкIэм ехьэлIа терминщ. Хэкум, жылэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ унафэхэр цIыхубэм ялъэгъэIэсыныр, яхэгъэIуэныр зи пщэрылъым гъуокIэ еджэу щытащ. Совет властыр Къэбэрдейм щагъэувыным ипэ къихуэ лъэхъэнэм хабзэу щыIащ къуажэ къэс гъуо иIэн хуейуэ. Ар цIыхубэм хъыбар зэрырагъащIэ зы Iэмалт. ИщхьэкIэ къикIауэ унафэ щыIэмэ е, къуажэдэсхэр зэхуэсу, зы Iуэхугъуэ гуэрым тепсэлъыхьын хуеймэ, гъуом ар цIыхухэм яхигъаIуэрт. Къуажэр инмэ, уэрамдыхьэ къэс увурэ гъуор кIийрт, унафэм цIыхухэр щIигъэдэIуу. Къуажэр цIыкIумэ, лъагапIэ гуэрым теувэрти, и псалъэр ялъигъэIэсырт. Гъуо къалэныр зыгъэзащIэм хьэкъэлэт (налог) ирагъэтыртэкъым. ЩIыхьэхукIэ абы и щIы Iыхьэр хуавэрт, хутрасэрт, хуIуахыжырт, мэкъу хупаупщIырт, нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэхэри пщIэншэу хуащIэрт.
Гъуо Iыхьэ. Фызышэм хэта хабзэхэм щыщщ. НысащIэр кърагъэтIысхьауэ фызышэр пщIантIэм къыщыдэкIыжым деж, къуажэ гъуом и Iыхьэу джэд укIа, аркъэбжьэ яту щытащ. Абы «Гъуо IыхьэкIэ» еджэрт. Хабзэр кIуэдыжащ.
ГъущIкъэтхъыхь. Лъэпкъ IэзэкIэм, мажусий диным ехьэлIа хабзэщ. ЦIыху джэламэ е зэрымыщIэкIэ къэмэхамэ, абы и хъуреягъыр гъущIыпэ гуэркIэ къатхъыхьырт. Апхуэдэу ящIмэ, зэран къахуэхъуар (бзаджэнаджэр е узыр) а къатхъыхьам къинэу ягугъэрт. А хабзэм «ГъущIкъэтхъыхькIэ» еджэрт. Адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ гъущIхэкIым пщIэ хуащIу, ар къабзагъэм и нэщэнэу къалъытэу къогъуэгурыкIуэ. Псалъэм папщIэ, щIэупщIакIуэ кIуэм гъуэгум гъущIыкIэ гуэр щрихьэлIамэ, ар и нэщэнэу ябжырт зыхуэкIуэ сымаджэр щIэх зэрыхъужынум. IуэхукIэ уежьауэ, нал е нэгъуэщI гъущI кIапэ къэбгъуэтынри фIыуэ къалъытэрт.
БэлътокукIэрыщIэ. Фызышэм хэта хьэщIэхэр пщIантIэм щыдэкIыжкIэ, абыхэм я шы сокухэм бэлътокуми IэлъэщI цIыкIуми хэгъэрей хъыджэбзхэм хащIэрт. Хабзэр Къэбэрдей псом щагъэзащIэрт. Иджы бэлътокухэр, данэщагъэхэр шыхэм я пIэкIэ машинэхэм кIэращIэ.
Бэракъбла. Нэчыхьытх къэкIуахэр щыдэкIыжым и деж, бэракъым дэ пыIэ, дэ джанэ, щхьэфIэпхыкI, бэлътоку, дыху, мажьэ, кIэнфет, н.къ. кIэрыщIауэ иратырт, здэкIуэж унагъуэм яхьыну. Ар щхьэгъусэ къэзыша щIалэм и адэ шыпхъум, хьэгъуэлIыгъуэм къыщыкIуэкIэ хьэзыру блауэ къыздихьырт. Нэчыхьытх икIыжхэм бэракъыр псоуэ яшэну хэтт, къахуэзэхэм ар трахыну яужь итт. Бэракъбла яхьу щытащ XX лIэщIыгъуэм и 50-60 гъэхэм къэсыху, дызэрыт зэманым абы узэрырихьэлIэр зэзэмызэххэщ.
БгъуэщIэс. Адыгэ Iэнэм ехьэлIауэ хабзэ зыгъэзащIэ цIыху. ГуфIэгъуэ, хьэгъуэлIыгъуэ щекIуэкIкIэ, Iэнэм пэрысхэр, хьэщIэхэр зыхуей хуигъазэу абы егъэбыдылIа цIыхум «БгъуэщIэскIэ» йоджэ. Языныкъуэ куейхэм «бгъуэщIэсым» и пIэкIэ «щхьэгъэрыт» псалъэр къыщагъэсэбэп.
Бгъурытыбжьэ. Унэишэм деж, нысащIэм ибгъу зырызымкIэ щыту, ар гуащэмрэ адрей цIыхубз нэхъыжьхэмрэ ятезыгъэхьэ бзылъхугъитIым «Пхъужь къафэм» щIидза иужь, бжьэрэ шхын тепщэч зырызрэ «уэредадэ» жызыIэ цIыхухъухэм ират. Абы зэреджэр «Бгъурытыбжьэщ».
Ди зэманым хабзэр щIыпIэ псоми щагъэзащIэжыркъым, хэхауэ «БгъурытыбжьэкIэ» еджэу къэфапщIэ щатыр Аруан районым ис къуажэхэрщ.
Бгъурышасэ. Жылагъуэ зэхэтыкIэм ехьэлIа хабзэ къэзыгъэлъагъуэ, ауаныбзэм къыхэкIа псалъэщ. Пасэм щыгъуэ и Iуэху къигъэнауэ, пщыжь-уэркъыжьхэм ядэшасэу, къыдакIухьу зэманыр пщIэншэу зыгъэкIуэд цIыхухэм ярищIэнакIэу адыгэхэр «БгъурышасэкIэ» еджэу щытащ.
Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
06.11.2026 - 12:39 →
БлэкIар ди нобэрей гъащIэм «хэбзэхыкIакъым»
04.11.2026 - 13:00 →
Хуабагъ къызыпкърыкI лэжьыгъэхэр
30.10.2026 - 14:34 →
«Дыгъэм къегъэзэж» гъэлъэгъуэныгъэм
30.10.2026 - 13:38 →
Уимытхьэкъун плъэкIыркъым
| ||




