1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и экономикэ, социальнэ зэпIэзэрытагъым хуэунэтIауэ зэфIэхыпхъэхэр зэкIэлъызыгъэкIуэну зэзыгъэуIу штабым хэтхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №21-РГ-мкIэ къащтам, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) зэзыгъэуIу штабым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Абрэдж I. Хь. - Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Ащхъуэт А. М. - Налшык къалэ округым и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Быф А. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрыр
Уэдыхь Т. А. - Тэрч муницпальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
Жанкишиев Ж. Хь. - Шэрэдж муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
ХъуэкIуэн М. М. - Дзэлыкъуэ муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)
б) Белецкая О. В. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр»;
в) Инжыжокъуэ С. М. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Лэскэн муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)»;
г) Кожухов К. В. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Прохладнэ къалэ округым и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)»;
д) Кульбаев А. Б. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Шэрэдж муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)»;
е) Ломов М. С. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)»;
ж) Мамхэгъ Хь. Хь. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Бахъсэн къалэ округым и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)»;
з) Отаров М. М. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)»;
и) ПщыукI Хь. Б. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЛэжьыгъэмкIэ и къэрал инспекцэм и унафэщIыр – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмкIэ и къэрал инспектор нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)»;
к) Саенкэ Т. В. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Май муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)»;
л) ЛIыжьыкъуэ Хь. Хь. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Аруан муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэр (зэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ)»;
м) зэзыгъэуIу штабым къыхэгъэкIыжын Ахъуэхъу Т. Б., Балъкъыз А. Хь., Борсэ Ю. Къ., Гъащтэ А. А., Дэхъушокъуэ И.И., Къуныжь М. А., Хъущт А. А., ЩоджэнцIыкIу М. Л.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Респеубликэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм инвестицэхэм ехьэлIа и хабзэхэр хэпщэным теухуауэ» 2023 гъэм накъыгъэм и 15-м къыдигъэкIа унафэ №182-РГ-м мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) преамбулэм хэт «къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэр» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэр» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
б) 1-нэ пункт къуэдзэм хэт «къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
в) 4-нэ пунктым хэт «Къуныжь М. А.» псалъэхэр «Говоров С.А.» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын;
г) Къэбэрдей-Балкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэу инвестицэ лэжьыгъэр зэрегъэкIуэкIыпхъэр зыубзыхун хуейхэу къагъэлъэгъуахэм, инфраструктурэм и Iэмал нэхъыщхьэхэр къагъэсэбэпыну, ахэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыхапщэу адэкIи якIэлъыплъыну хуит ящIахэм, алгоритми 3-м я унэтIыныгъэхэмкIэ («зыдэлэжьэнухэр зыунэтIынухэр») жэуап зыхьхэу ягъэувахэм ятеухуа Iыхьэм хэт «къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэр «гъэзэщIакIуэ органхэм» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын, «Къэрал властым и гъэзэщIакIуэ орган» псалъэхэр «ГъэзэщIакIуэ орган» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIын.
3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хьэрычэт Iуэху щегъэкIуэкIынымкIэ щыщыIэ Iэмал нэхъыщхьэхэр егъэфIэкIуэным теухуа Iуэхухэр («гъуэгу картэр») зэкIэлъыгъэкIуэнымрэ Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэхэм я инвестицэ щытыкIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIыгъ увыпIэр егъэфIэкIуэнымрэ я IуэхукIэ» 2026 гъэм щIышылэм и 13-м къыдигъэкIа унафэ №2-РГ-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, «Къуныжь М.А.» псалъэхэр «Говоров С.А.» псалъэхэмкIэ щызэхъуэкIауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2026 гъэм жэпуэгъуэм и 23-м
№176-РГ