Лъэпкъым и цIыхушхуэхэр

Нобэ адыгэхэм уащрихьэлIэнущ дуней псом: Тыркум, Иорданием, Сирием, Германием, США-м, нэгъуэщI къэралхэми. 
Израилым щыIэ ди лъэпкъэгъухэр нэхъ мащIэщ (ахэр Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ щхьэхуэу дэсщ), ауэ абдеж гъэщIэгъуэну нэхъ щахъумэфащ адыгэхэм я лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ, ялъэкIащ нэгъуэщIхэм яхэмышыпсыхьыжыну. 

Къапщтэмэ, адыгэхэр дэнэкIэ къыщыщIимыдзми, лъэужь дахэ къыщагъанэ, я цIэр фIыкIэ ягъэIу. Абы и щапхъэщ Иорданием и пащтыхь Хъусен и щхьэ хъумакIуэу сыт щыгъуи шэрджэсхэр къищтэу зэрыщытар. Шэч хэмылъу, ар фIыуэ щыгъуазэт адыгэхэм я хахуагъэм, пэжагъым. Хамэ къэралхэм цIэрыIуэ щыхъуа адыгэхэр, дауи, мащIэкъым. Псоми я цIэ къытхуимыIуэми, зыбжанэ къэдгъэлъэгъуэнщ.
Тыркум ехъулIэныгъэ щызиIахэм ящыщщ: Уэсмэн къэралыгъуэм и дзэ-тенджыз къарухэм я министру щыта Кезрак Сэлихь Хулуси-пэщэр (1864-1939); Оттоман къэралыгъуэм и премьер-министру щыта Тунуслу Хайреддин-пэщэр (1819-1890 гъэхэм псэуащ); политикэ лэжьакIуэ Сабахеддин (1877-1948 гъ.гъ); кавказыдж, адыгэхэм я тхыдэм и къэхутакIуэ, Истамбыл педагогикэ институтым и профессор Нэмытокъуэ Айтэч (1892-1963 гъ.).
Мысырым: курыт лIэщIыгъуэхэм псэуа щIэныгъэлI икIи тхакIуэ, адыгэ мамлюкхэм ятеухуа къэхутэныгъэшхуэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа Макдиси Абу Хъалид бин Юсуф (1416-1483); курыт лIэщIыгъуэхэм я тхыдэдж Хьэнэфи Мухьэмэд Ахьмэд ибн Ийас (1448-1524); щIэныгъэлI икIи тхакIуэ, Каир шэрджэс зэкъуэшыныгъэр къызэзыгъэпэща, абы и унафэщIу щытахэм ящыщ, «Адыгэхэмрэ Мысырымрэ», «Адыгэ лъэпкъым и лъэпкъ гузэвэгъуэм и тхыдэ» къэхутэныгъэхэр зи IэдакъэщIэкI Рушди Расим (1898-1976); Мысырым Мамырыгъэм и телъхьэхэм я зэщIэхъееныгъэр къыщызэзыгъэпэща, Жолио-Кюри и цIэр зезыхьэ дыщэ медалыр зыхуагъэфэща Хъалед Мохи-эд-дин (1922). 
Сирием: Сирием и цIыхубэ лIыхъужь, Сирием и дзэ-хьэуа къарухэм я унафэщIу щыта Абазэ Мамдухь Хьамбди (1932-1982); Сирием и къэрал, политикэ лэжьакIуэ, узэщIакIуэ, тхыдэдж Самгуг Iэмин (1900-1953). 
Болгарие: Болгарием и лIыхъужь Шэрджэс Стефан (1945-1972).
Германие: нэмыцэ актрисэ, тхакIуэ, Германием и театрым, кином, телевиденэм я саугъэт лъапIэхэр зыхуагъэфэща Темыркъан (Демиркан) Ренан (1962). 
Иорданием: Иорданыдзэм и Генеральнэ штабым и унафэщI, 1959 гъэм къыщыщIэдзауэ 1970 пщIондэ Хьэшимит пащтыхьыгъуэм шынагъуэншагъэмкIэ и къарухэм я унафэщIу щыта Къандур Иззэт (1910-1992 гъ.); тхыдэдж, тхакIуэ, продюсер, Голливудым и режиссер цIэрыIуэу щыта Къандур Мухьэдин, Пащтыхь дзэ-хьэуа къарухэм я унафэщI нэхъыщхьэ Мудар Ауни (1945-1994 гъ.); Иорданием дзэ IуэхухэмкIэ и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъуу, Хьэшимит пащтыхьыгъуэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министру щыта Исмэхьил Ануар-Мухьэмэд; адыгэ хэхэсхэм я уэрэдхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ зэхуэзыхьэсыжа, усакIуэ, композитор, IуэрыIуатэдж, Амман Адыгэ Театр къыщызэзыгъэпэща, «Мамлюкхэр» тхыдэ поэмэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Куба Шабан (1890-1974 гъэхэм); щIэныгъэлI-антрополог, США-м и Антропологие зэгухьэныгъэм, КъуэкIыпIэ ГъунэгъумкIэ Британием и советым хэт Щам (Шами) Сэтэней (1956 гъэм къалъхуащ). 
Иужьрейуэ зи цIэ къитIуа адыгэ бзылъхугъэм - Щам Сэтэней - нобэ щхьэхуэу дыщIытепсэлъыхьын щхьэусыгъуэ диIэщ: абы щIэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ дунейпсо саугъэт къратащ. 
Жэпуэгъуэм и 6-м Лондон деж антропологым, и лэжьэгъу Шайя Надя и гъусэу, Джонс Сарэ и цIэр зезыхьэ саугъэтыр къыщыхуагъэфэщащ. КъэпщытакIуэхэм къыхагъэщ хьэрып щIыналъэм щыяпэу абыхэм социальнэ къэхутэныгъэхэм я архив къызэрызэрагъэпэщар. Ар сэбэп хъунущ щIэныгъэ лэжьыгъэм кърикIуахэр яхъумэнымкIэ, апхуэдэуи нэгъуэщI щIэныгъэлIхэм яIэрыхьэнымкIэ. 
Сэтэней езыр Иорданием щыщ адыгэ бзылъхугъэщ, зэрыжытIауэ, антропологщ. 2012 гъэ лъандэрэ Социальнэ щIэныгъэхэмкIэ Хьэрып советым и унафэщIщ. Сэтэней генерал Бэркъокъу Исмэхьил и пхъурылъхущ, тхакIуэ Бэркъуокъу Жансетрэ Иорданием щыщ шэрджэс дохутыр Щамирэ япхъущ. 
Абы антропологиемкIэ доктор нагъыщэр къыщихьащ Беркли дэт Калифорние университетым. Сэтэней и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщщ «Иджырей илъэс миным папщIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум теухуа къэхутэныгъэхэр» зыфIища лэжьыгъэр (2016 гъэм къыдэкIащ). Бзылъхугъэм щригъэджащ Ярмук университетым, Беркли дэт Калифорние университетым, Чикаго университетым, Стокгольм университетым. Апхуэдэуи къыдэкIыгъуэ зыбжанэм - «Азие Курытым и IуэхукIэ», «ЦIыхубзхэмрэ ислъам щэнхабзэхэмрэ я щIэнгъуазэ», «Щэнхабзэ антропологие», «Лъэпкъ», «Дунейпсо Iэпхъуэшапхъуэхэр» - щылэжьащ.
Адыгэ щIэджыкIакIуэхэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ хэхэсхэм я гъащIэмрэ тхыдэмрэ ехьэлIа и къэхутэныгъэхэм. 1994 гъэм Сэтэней къытрыригъэдзауэ щытащ Иорданием ис адыгэхэр зэрагъэIэпхъуам теухуа лэжьыгъэ, 1995-м - Иорданием, Тыркум, Кавказым щыпсэу адыгэхэр зы зыщI Iуэхугъуэхэм теухуа къэхутэныгъэр. 
 «Адыгэ зэIущIэхэр» зыфIища и тхыгъэм (1998 гъэм итхащ) бзылъхугъэр куууэ кIуэцIрыплъащ хэхэсхэр Кавказым зэрыкIуэж щIыкIэм. Абы фIэгъэщIэгъуэнт я тхыдэ хэкур зрагъэлъэгъуа нэужь, щэнхабзэм, тхыдэм, лъэпкъым зэрыщыщыр зэрызыхащIэм теухуауэ я гупсысэм зэрызригъэхъуэжыр. 
Тхыдэдж Беслъэней Зейнель Абидин Тыркум щыпсэу адыгэхэм ятриухуа и тхылъым Сэтэней и щIэныгъэмрэ и гуащIэмрэ пщIэшхуэ зэрыхуищIыр къыщыхигъэщащ. Абы къызэрилъытэмкIэ, бзылъхугъэм и къэхутэныгъэхэм (шэрджэсхэм ятриухуахэм) дунейпсо щIэныгъэм лъабжьэ щагъэтIылъащ. 
2010 гъэм накъыгъэм и 21-м ирихьэлIэу шэрджэс псоми захуигъазэу, Сэтэней къыхигъэщауэ щытащ лъэпкъым щIэгъэкъуэн яхуэхъуну Iуэхугъуищ: Хэкур, щIыпIэ зэгухьэныгъэхэр щыIэныр, хэхэсхэр зэкъуэтыныр. Абы къыхилъхьащ дунейм щикъухьа лъэпкъым и щхьэр нэхъыфIу къызэрицIыхужыну Iэмалу а фэеплъ махуэр яIэныр. Шэч зыхэмылъращи, мы бзылъхугъэм къызыхэкIар гурэ псэкIэ зыхещIэ, лъэпкъ тхыдэр хъумэным ехьэлIауэ и щIэныгъэр къегъэщхьэпэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: