Блашэр дунейпсо чемпионщ
Колумбием и къалэ Картахенэ иджыблагъэ щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 76-м я спортсмену 1700-м щIигъу.
Ди гуапэ зэрыхъущи, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту абы щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ Блашэ Темырлан икIи япэ увыпIэр къихьащ. ГуащIэу икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэIущIэхэм и хьэлъагъ елъытауэ ди щIалэр зыхэта гупым япэщIыкIэ къыщыпэщIэтащ Мексикэмрэ Бразилиемрэ я лIыкIуэхэр икIи и зэфIэкIымкIэ абыхэм хэпщIыкIыу ефIэкIыу ятекIуэри, финалым щыIущIащ Аргентинэм и спортсменым. Мыбдежми, Темырлан щынэхъ лъэщащ.
Апхуэдэ ехъулIэныгъэм къыдэкIуэу, Блашэм игъэзэщIащ УФ-м дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер мардэр. ЩIалэм и тренерыр Сасыкъ Анзорщ.
Мыдрейуэ, УФ-м и командэ къыхэхами гупхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр чемпионатым къыщихьащ.
Мельцер Марк и цIэкIэ
УФ-м кикбоксингымкIэ щIыхь зиIэ и тренер Мельцер Марк и цIэкIэ екIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медаль 12 къыщихьащ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 55-м я спортсмену 1800-м щIигъу.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ СэвкIуий Саид (кг 48-рэ), Бэгъуэт Имир (кг 51-рэ), Къэзан Руслан (кг 57-рэ), Къандэхъу Расул (кг 71-рэ), Мыз Темырлан (кг 67-рэ) сымэ.
Килограмм 54-рэ зи хьэлъагъхэм я деж дыжьын медаль къыщихьащ Алэкъей Темырлан.
Курбанов Рэмэзан (кг 45-рэ), Сындыку Iэдэм (кг 54-рэ), Къарэмызэ Ибрэхьим (кг 75-рэ), Куэпэшэр Батыр (кг 71-рэ), Къарэ Къантемыр (кг 86-рэ) сымэ ещанэ хъуахэщ.
Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Саралидзе Айдин, ДыщэкI Аслъэнбэч, БейцIыкIу Хьэзрэт, Къудей Алим сымэ.
Iэпщэ Александр ягу къагъэкIыж
Сабийхэм я стадионным, Налшык къалэм дэтым, щекIуэкIащ СССР-мрэ РСФСР-мрэ футболымкIэ я чемпион, СССР-м спортымкIэ и мастер Iэпщэ Александр и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ 2012 гъэм къалъхуа топджэгу ныбжьыщIэхэр.
ЗэIущIэхэр зэрекIуэкIам кIэлъыплъащ икIи къыхэжаныкIахэр ягъэпажащ «Спартак-Налшык» клубым и генеральнэ директор, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м спортымкIэ и мастер Заруцкий Александррэ Iэпщэ Александр и цIэр зэрихьэу Налшык къалэм дэт спорт еджапIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Чэрим Олегрэ.
ГуащIэу зэпэщIэту екIуэкIа зэIущIэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIэр иубыдащ Налшык къалэм и «Налшык» командэм, етIуанэр Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ еджапIэм и топджэгухэрщ, ещанэр Бахъсэн къалэм и «Форвард» клубырщ. «Спартак-Налшыкым» и футболист ныбжьыщIэхэр еплIанэ хъуащ.
Абы нэмыщI, зэхьэзэхуэм щагъэбелджылащ топджэгу нэхъыфIхэр. Псалъэм папщIэ, гъуащхьэтет нэхъыфIу къалъытащ «Форвард»-м хэт Къуэдзокъуэ Алихъан. Гъуащхьэхъумэ нэхъыфIыр Теппеев Даниялщ («Спартак-Налшык»), гъуащхьэхъумэныкъуэ нэхъыфIыр Асанов Темырланщ (Iэпщэ Александр и цIэр зызыхьэ спорт еджапIэ). Гъуащхьауэхэм я деж къыщыхагъэщащ Созаев Айдар (Iэпщэ Александр и цIэр зызыхьэ спорт еджапIэ).
Зэхьэзэхуэм топ нэхъыбэ щыдэзыгъэкIар Урыс Ислъамщ («Налшык»). Топджэгу нэхъыфIыр Алборэ Мухьэмэдщ («Налшык»). Тренерхэм я деж нэхъыфIу къыщалъытащ Мэшыкъуэ Хьэчим («Налшык»). Арбитр нэхъыфIыр Сидоров Артемийщ.
РегбимкIэ зэпоуэ
Суанов Михаил и фэеплъу регбимкIэ 8-нэ республикэ зэхьэзэхуэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Ставрополь щIыналъэм, Дагъыстэным, Ингушым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Къэбэрдей-Балъкъэрым я команди 10, псори зэхэту спортсмени 130-м щIигъу.
«Налшык» спорт еджапIэм и гъэсэнхэм, илъэс 14 зи ныбжь щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зэхэту, япэ увыпIэр зэхьэзэхуэм къыщахьащ. Илъэс 17 зи ныбжь щIалэхэм я зэпеуэм ди командэр етIуанэ щыхъуащ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм гегбимкIэ «Центр» академием къыбгъэдэкIыу медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ.