Гулъытэ ягъуэтЩIыналъэ хъыбархэр
Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу унагъуэхэм ящыщу 5879-м я бынхэр сабий садхэм зэрыщаIыгъым щхьэкIэ щIата пщIэм и Iыхьэ гуэрхэр къэралым яхуипшыныжащ икIи псори зэхэту сом мелуан 74-рэ ар хъуащ. Сабий садыпщIэм хохьэ цIыкIухэр абы зэрыщаIыгъыр, зэрыщагъашхэр, зэрыщагъэджэгур, абыхэм я зэчийхэм зэрызыщрагъэужьыр, нэгъуэщIхэри. Къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр ират унагъуэм щIэсхэм ику иту къахь улахуэр зы мазэм къриубыдэу цIыхур нэхъ мащIэ дыдэу зыхуэныкъуэну ахъшэм и куэдагъым щыщIимыгъум деж. Апхуэдэ щIыкIэкIи, адэ-анэхэм быным трагъэкIуадэ ахъшэр ягъэмащIэ, унагъуэхэм гугъуехь гуэрхэри щхьэщах. Псалъэм къыдэкIуэу, адэ-анэхэм я япэ сабийм щхьэкIэ щIат пщIэм и процент 20-р, етIуанэм щхьэкIэ – и процент 50-р худачых. КъищынэмыщIауэ, 2024 гъэм фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ республикэм щыщ унагъуэшхуэхэм сабий садыпщIэр щхьэщахащ икIи апхуэдэхэм а Iуэхутхьэбзэм зыри щIатыркъым. Мыдрейуэ, апхуэдэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ унагъуэхэм зыхуагъазэ хъунущ республикэм ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и центрхэмрэ МФЦ-мрэ. Тхьэмахуэ пIалъэ 2026 гъэм жэпуэгъуэм и 26 - щэкIуэгъуэм и 7-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ «Ахъшэ жьгъейм и тхьэмахуэ» Iуэху щхьэпэр. Республикэм щыпсэухэм а пIалъэм къриубыдэу Iэмал яIэнущ унэм щаIэ жьгъейхэр тхылъымпIэ ахъшэхэмкIэ яхъуэжыну. Мы Iуэхугъуэр нэхъыбэу зыхуэунэтIар тыкуэнхэм ахъшэр щызэIэпыхыгъуафIэ щIынымрэ къэралым къыщыщIагъэкI гъущI ахъшэм трагъэкIуадэр гъэмэщIэнымрэщ. «Ахъшэ жьгъейм и тхьэмахуэ» Iуэхум хэтынущ республикэм щылажьэ банку 14-рэ сату щIыпIэ инхэмрэ. Уеблэмэ банкхэм ахъшэр къыщыпхуахъуэж къудей мыхъуу, ар цIыхум и цIэкIэ абы къыщызэIуаха счетым ягъакIуэ хъунущ е апхуэдэ ямыIэмэ, къыщыхузэIуахынурэ абы хухалъхьэнущ. Абы щхьэкIэ узыхуеинур паспорт закъуэрщ. Мыдрейуэ, ахъшэ жьгъейр банкхэм е тыкуэнхэм яхъуэжыну яхьын ипэ къихуэу ахэр зэхэдзауэ щытын хуейщ, нэхъ бжыгъуафIэ хъун папщIэ, цIыхухэри зэтримыхьэн щхьэкIэ. Иджырей жэрдэмыр къыхэзылъхьахэм зэрыжаIэмкIэ, Урысейм и Банкым гъущI ахъшэ жьгъей куэд илъэс къэс къыдегъэкI, ауэ абыхэм я нэхъыбэр тыкуэнхэмрэ бэзэрхэмрэ щыземыкIуэу унагъуэхэм щызэхуахьэс, къамыгъэсэбэпуи щагъэлъщ. АтIэ ар щэн-щэхуэным къыхэшэжын хуейщ. Армыхъумэ, сату щIыпIэхэр гугъу йохь, жьгъейр къазэремэщIэкIым, щэхуакIуэхэм иратыжын зэрамыIэм къыхэкIыу. Мыдрейуэ, мы гъэм гъатхэм ирагъэкIуэкIа мыпхуэдэ Iуэхугъуэ щхьэпэм и фIыгъэкIэ, республикэм и цIыхухэм гъущI ахъшэ жьгъейуэ 35 238-рэ банкхэм хуахьыжащ е сом мини 191-рэ. Iуэхум теухуауэ упщIэ зиIэ щыIэмэ, абыхэм зыхуагъазэ хъунущ монетнаянеделя.рф. сайтым.
НэгузыужьыпIэ зэпэщхэр Къалэ цIыкIухэмрэ къуажэ щIыпIэхэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэр щыхьэрышхуэхэм япэгъунэгъу щIыным хуэунэтIа пэхуэщIэхэм ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуащ Налшык къалэм и экстрим-паркым и проектыр икIи ар нобэ щаухуэ 2-нэ Таман дивизием и цIэр зезыхьэ уэрамым. УнэтIыныгъэ куэдым хуэгъэпса а пэхуэщIэм социальнэ мыхьэнэ ин зэрехьэ икIи къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ, я ныбжь емылъытауэ, къызэрыдахьэх Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэр щызэхашэ хъунущ а щIыпIэм. Экстрим-паркым хэтынущ спортыр зи IэщIагъэмрэ абы дихьэххэмрэ щхьэкIэ скейтбордхэмрэ стритбордхэмкIэ, лъакъуэрыгъажэхэмкIэ, роликхэмкIэ къыщажыхь, паркур щIыпIэхэр, иджырей сабий джэгупIэхэр, лекцэхэр, IэпэIэсэхэм, сурэтыщIхэм, архитекторхэм, нэгъуэщIхэми я мастер-классхэр, къалэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щрагъэкIуэкIын афмитеатр зэпэщыр, утыку Iэхуитлъэхуитыр, лъэс лъагъуэ тыншхэр, шхапIэхэр, администрацэм и хэщIапIэр, машинэ гъэувыпIэр. Апхуэдэуи абы и дыхьэпIэм деж арт-объект щагъэувынущ, Налшык и псы ежэхым екIуэлIапIэ хуащIынущ. Иджыпсту ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм хыхьэу ухуакIуэхэм паркурым и щIыпIэм и лъабжьэр ягъэтIылъ, зэтес ящI, псы жапIэхэр къыхагъэщхьэхукI, инженер коммуникацэхэр яукъуэдий. КъищынэмыщIауэ, лъэс лъагъуэхэмрэ автомобиль гъэувыпIэхэмрэ зыхуэзэ щIыпIэхэр зыхуей хуагъазэ. ПэхуэщIэр и кIэм нагъэсмэ, къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ зыщагъэпсэхун, я нэгу зыщрагъэужьын щIыпIэ зэпэщ яIэ хъунущ. Абы къыдэкIуэу, къедза щIыпIэхэри зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ гупсысэхэри щыIэщ, щыжаIащ Налшык къалэ администрацэм. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ дызэрыт илъэсыр икIыху.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||




