ХабзэщIэ къыдэкIащКъэралым бзэм теухуауэ иригъэкIуэкI политикэм зэхъуэкIыныгъэ къызэрыхэхуам теухуауэ экспертхэм хъыбар къыдагъащIэ. Ар епхащ УФ-м и Президент Путин Владимир «Къэралым иригъэкIуэкI бзэ политикэм епхауэ, 2025 гъэм, бадзэуэгъуэм и 11-м къащта унафэ №474-м зэхъуэкIыныгъэ зэрыхалъхьэм теухуа» дэфтэрым Iэ зэрыщIидзам. Экспертхэм зэратхымкIэ, унафэщIэм урысыбзэмрэ къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмрэ я щытыкIэм теухуауэ къулыкъущIэхэм отчёт зэратыну щIыкIэм зрегъэубгъу. ДяпэкIэ абы хагъэхьэнущ бзэ щхьэхуэм зиужьынымкIэ жэуап зыхь къулыкъущIэхэм я лэжьэкIэр къэзыпщытэ нагъыщэхэмрэ абы епхауэ цIыхухэм яIэ хуитыныгъэхэр зэраIэрыхьэмрэ. Правительствэм гъэ къэс отчёт убгъуа игъэхьэзырынущ урысыбзэмрэ къэралым ис лъэпкъхэм я бзэмрэ я Iуэху зыIутым теухуауэ. Отчётым хиубыдэнущ щытыкIэр къэзыгъэлъагъуэ бжыгъэхэр, дэтхэнэ зы бзэми епха къэпщытэныгъэхэр, узыпэплъэ хъунухэр, щытыкIэм узыхуишэр. КъинэмыщIауэ, дэтхэнэ зы къулыкъущIэми бзэ политикэр зэрыригъэкIуэкIыр наIуэ къащIынущ. Правительствэм щхьэхуэу зэпкърихынущ урысыбзэмрэ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмрэ цIыхухэм къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэр зезыгъакIуэ хабзэхэр, а бзэхэр къагъэсэбэпыну хуит зэрищI мардэри зэхагъэкIынущ. Илъэс къэс ягъэхьэзырыну отчётым елэжьынущ къэрал, щIыналъэ, щIыпIэ къулыкъущIэхэр. Иджыри къэси ящIу щытащ а илъэс отчётыр, ауэ иджы абы хэтыну Iыхьэхэр яубзыхури, парламентым и палатитIми ягъэхьащ. Ар илъэс къэс, накъыгъэм и 1-м ирихьэлIэу, Къэрал Думэмрэ ФедерацэмкIэ и Советымрэ я пащхьэ иралъхьэну я къалэнщ. Урысыбзэмрэ Урысейм ис лъэпкъхэм я бзэхэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ Президентым и советыр УрысыбзэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм дэIэпыкъунущ ар лъэпкъхэм зэдай бзэ ищIынымкIэ. УнафэщIэм къару игъуэтакIэщ. Адыгэбзэри и пIэ зэримытым и щыхьэтщ иджыблагъэ къагъэнэIуа «Яндекс-зэдзэкIакIуэ» платформэм щIэуэ халъхьам. Иджыри къэс ди бзэм епха абы и къудамэр хьэрфкIэ фIэкIа мылэжьамэ, иджы абы макъри щIагъэуващ. «Диалог» жыхуиIэ Iыхьэм адыгэбзэкIэ къыщыбгъэщхьэпэ псалъэхэм иджы Урыс Миланэ и макъ гъэхуар къыщIоувэ. Ди анэдэлъхубзэри зэманым къызэрыкIэрымыхум и нэщэнэщ ар. КъинэмыщIауэ, ар зэзыгъэщIэну хуейхэм псалъэм и къэпсэлъыкIэ пэжыр щыуагъэншэу къагъуэтыфынущ.
Поделиться:
Читать также:
07.11.2026 - 09:03 →
Зэпыу щымыIэн хуэдэу
06.11.2026 - 13:47 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УКАЗ
03.11.2026 - 14:58 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
02.11.2026 - 11:30 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
24.10.2026 - 09:58 →
Япэ илъэс ныкъуэм кърикIуар
| ||




