Иджырей уэздыгъэхэр падзэКъэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ, муниципальнэ гъуэгуу псори зэхэту километр 70-м щIигъу къызэщIагъэнэхуэнущ дызыхэт илъэсыр и кIэм нэсыху. Иджырей уэздыгъэхэмкIэ ахэр къызэщIагъаблэ республикэм и гъуэгу инфраструктурэр егъэфIэкIуэнымрэ зегъэужьынымрэ, машинэхэр зезыгъакIуэхэмрэ лъэсрыкIуэхэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным япкъ иткIэ. Псалъэм къыдэкIуэу, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ Белоглинскэ, Эльтюбю, Булунгу, Чыщбалъкъ, Джэрпэджэж, Хьэмидей, Уэзрэдж, Анзорей, Красноармейскэ, Опытное, Псыгуэнсу, Солдатскэ, Мир къуажэхэм, Нарткъалэ – Аруан – Рыбоприемник автомобиль гъуэгум, Прохладнэ къалэм хуэкIуэ автомобиль гъуэгум щхьэщыкI Iыхьэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 20I9 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгуу псори зэхэту километр 440-м нэблагъэ иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэблащ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щызэхаублэм деж псом япэу къалъытэр цIыхухэм я лъэIухэмрэ къуажэхэр абыхэм зэрыхуэныкъуэмрэщ, щыжаIащ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм. Сэрмакъ и сымаджэщыр «ГъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «ЦIыхухэм япэу зызыхуагъазэ медицинэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ Дзэлыкъуэ районым и Сэрмакъ къуажэм амбулаторэщIэ щаухуэ. УнэщIэр зыхуэзэнур къуажэкурщ, абы метр зэбгъузэнатIэу 350-рэ иубыдынущ икIи къуажэдэс мини 8-м щIигъум медицинэ Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр щыхуащIэнущ. Абы щхьэкIэ ар къызэгъэпэщауэ щытынущ иджырей мардэм къитIасэ оборудованэхэмрэ техникэхэмкIэ. Сымаджэщым хэтынущ участковэхэр зыщIэс, узыфэ зэхуэмыдэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ, мастэ щыхалъхьэ, узыншагъэр къыщапщытэ пэшхэр, нэгъуэщIхэри. ЦIыхухэм я тыншыпIэр къызэрагъэпэщу, ахэр я чэзур къэсу дохутырым деж щыщIыхьэнум щыпэплъэн плIанэпэ щхьэхуэ щыхуащIынущ. Иджыпсту ухуакIуэхэм унэ блынджабэхэр зэтралъхьэ, ар зэрызэфIэкIыу, унащхьэм иужь ихьэнущ. АдэкIэ, сымаджэщым къедза щIыпIэр зыхуей хуагъэзэнущ. Лэжьыгъэхэр 2027 гъэм и кIэм нагъэсын мурад щыIэщ. Къалэдэсхэм я лъэIукIэ КъБР-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, Нарткъалэ Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет къалэ администрацэм и хэщIапIэм и гупэм къедза, цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэр зэIузэпэщ ящIащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ. Мыбдежым гъуэгум телъ асфальтыр щызэрахъуэкIащ, лъэс лъагъуэхэр къыщагъэщIэрэщIэжащ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ. Апхуэдэуи къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ, я ныбжь емылъытауэ, зыгъэпсэхупIэ зэпэщхэр щыхуащIащ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзапIэхэмрэ екIуэкIыу щагъэуващ, жыгыщIэ цIыкIухэр щыхасащ. ЗэхъуэкIыныгъэ нэрылъагъухэр зиIэ хъуа щIыпIэр цIыхухэм кIуапIэ ящIащ: унагъуэ-унагъуэкIэрэ, гуп-гупкIэрэ щызэхуозэ, хьэуа къабзэм хэсу зыщагъэпсэху. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы пэхуэщIэр щытекIуащ къэралым цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ 2025 гъэм ирагъэкIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэ-интернет IэIэтым. Абы щхьэкIэ къалэдэс 3295-м Iэ яIэтауэ щытащ.
Псы къабзэкIэ къызэрагъэпэщ Псы къабзэ зэрыкIуэ, жьы хъуа бжьамийхэр къанэ щымыIэу зэхъуэкIыныр шэсыпIэ хуохъу къуажэдэсхэм псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьа хъуным икIи а Iуэхугъуэхэм къызэщIрагъэубыдащ Къалмыкъым и цIэр зезыхьэ, Комсомольскэ, Степной, Надречнэ уэрамхэр. Иджыпсту лэжьакIуэхэм бжьамийхэр зыдалъхьэну щIыр датIыкI, языныкъуэ щIыпIэхэми ахэр щаукъуэдий. Къагъэсэбэпхэри иджырей мардэм къитIасэ, зыри къащымыщIу илъэс куэдкIэ щIым щIэлъынухэм хуэдэхэрщ. ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, илъэситI пIалъэкIэ ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу, унагъуэ 750-м нэблагъэм псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэн щIадзэнущ. МЭРШЭН Батыр.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 15:13 →
ЗэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:18 →
ЩIалэгъуалэр хэкупсэу къэхъуным толажьэ
| ||




