НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 5, махуэку

Урысейм Дзэ тIасхъэщIэхым и махуэр щагъэлъапIэ

1867 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, полковник, I9I0 – I9I7 гъэхэм Налшык округым и унафэщIу щыта Къылышбий СулътIанбэч.

1942 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-график Къып Мухьэмэд.

1947 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Истамбыл щыIэ Адыгэ Бзылъхугъэ Хасэм и гуащэ Шурдым Гюнсел.

1949 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Журт Арчыл.

1977 гъэм къалъхуащ УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, 2004 гъэм Афины щекIуэкIа Олимп джэгухэм жэз медалыр къыщызыхьа Тау Хьэсэнбий.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - 11, жэщым градуси 2 - 4 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ.

                                        

  Лъэпкъ Iущыгъэ:

Псымрэ мафIэмрэ IэубыдыпIэншэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

06.11.2026 - 11:42 → НОБЭ
03.11.2026 - 09:00 → НОБЭ
02.11.2026 - 11:03 → НОБЭ
30.10.2026 - 12:13 → НОБЭ