КъБР-м щыIэ МВД-м къетДыгъуакIуэр яубыдащУрысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм 2021 гъэм шыщхьэуIум и 6-м зыхуигъэзащ илъэс 50 зи ныбжь, Толстойм и уэрамым тет сату щIыпIэхэм я зым и лэжьакIуэм. ЦIыхубзым зэрыжиIамкIэ, а махуэм абы и бохъшэм дэкIуэдыкIащ сом 7500-рэ. Бохъшэр тыкуэнтетыр зыбгъэдэт стIолым деж телъащ, пэшым щэхуакIуэхэр щIэтащ.
Къэлъыхъуэныгъэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым хабзэхъумэхэм яубыдащ шэч зыхуащIыр. Ар Iуащхьэмахуэ районым щыпсэу, илъэс 54-рэ зи ныбжь цIыхубзырщ. Абы зиумысыжащ илэжьамкIэ, жиIащ тыкуэным щIэту стIолым бохъшэ зэрытелъым гу зэрилъытар. Сату зыщI цIыхубзыр зэрыIукIар къигъэсэбэпщ, ахъшэр къищтэри, тыкуэным къыщIэкIыжащ.
Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм полицэм и къудамэ №1-м СледствэмкIэ и IэнатIэм шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къиIэтащ, УФ-м и Уголовнэ кодексым и 158-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ шэч хуащIу.
НаркотикхэкIхэр къытрахПрохладнэ, Тэрч районхэм я полицейхэм цIыхуитIым афиянхэкI килограмм ныкъуэм щIигъу къытрахащ.
Мы гъэм шыщхьэуIум и 10-м хабзэхъумэхэм Урысей МВД-м и «Прохладнэ» къудамэм полицэм и плъыр-пост къулыкъум и лэжьакIуэхэр ящIыгъуу, Алътуд къуажэм къыщагъэувыIащ нэхъапэм суд зытращIыхьауэ щыта, илъэс 37-рэ хъу цIыхухъур. Абы иIыгът къэкIыгъэмэ къызыхих вещество зэрылъ хъуржын.
Экспертизэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, къытрахар грамм 201.1-рэ хъу марихуанэ наркотикхэкIщ.
Урысей МВД-м Тэрч районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм КъБР-м щыIэ МВД-м и «Гром» гуп хэхар я щIэгъэкъуэну, абыкIэ хуитыныгъэ яIэу Тэрч къалэм щыпсэу, нэхъапэм суд зытращIыхьауэ щыта, илъэс 57-рэ зи ныбжь цIыхухъум и лъапсэр шыщхьэуIум и 11-м къыщащым, абы и хьэщпакъымрэ щIыунэмрэ къыщагъуэтащ къэкIыгъэмэ къызыхих вещество зэрылъ хъуржын, апхуэдэуи абы ещхь пкъыгъуэ зыкIуэцIылъ тхылъымпIэ шыхьауэ 2.
Экспертхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, къытраха зэкIуэцIышыхьахэмрэ хъуржынымрэ илът гр. 339,61-рэ хъу, марихуанэ жыхуаIэм хуэдэ афиянхэкI.
ЦIыхухъур яубыдащ УФ-м и УПК-м и 11-нэ 91-нэ статьям ипкъ иткIэ.
СледствэмкIэ къудамэхэм тIуми ехьэлIа уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и 228-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ (хабзэм къемызэгъыу наркотикхэкIхэр зыIэрыгъэхьэн, хъумэн, гъэIэпхъуэн, гъэхьэзырын, елэжьын).
Поделиться:
Читать также:
07.06.2026 - 09:30 →
Гугъуехьхэм къапимыкIуэту псэуа
06.06.2026 - 12:26 →
Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж
05.06.2026 - 18:43 →
ХъуэпсапIэр уи фIэщ хъумэ…
05.06.2026 - 16:51 →
УсакIуэшхуэм и цIэр иджыри мэIу
05.06.2026 - 16:29 →
Урысыбзэм и махуэр щIэлъапIэр
| ||




