И псэр лъэпкъым хуэушэрт

Адыгэ усакIуэ Къэшэж Иннэ Инал и пхъум (1944 гъэм Москва къыщалъхуащ) и анэр урыст, и адэр Къармэхьэблэ къыдэкIа адыгэ щIалэт. Хъыджэбзым къиухащ Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр, иужькIэ «Юность» журналми Москва и тхылъ тедзапIэ зыбжанэми щылэжьащ.

Иннэ пасэу тхэн щIидзащ, илъэс 18 щыхъум дунейм къытехьащ и япэ усэ тхылъыр («Вольный Аул»). Тхылъым и пэублэ псалъэм Кулиев Къайсын щитхат: «ЦIыхум сыт хуэдэ зэчий бгъэдэлъми - ар фIыгъуэшхуэщ. Къэшэж Иннэ и усыгъэр щыщIэзджыкIым, абы и IэрыкIхэр сэ гъэщIэгъуэныщэ сщыхъуат. СфIэфIт мы тхылъым ихуа усэхэм апхуэдэ гурыщIэ щIэджыкIакIуэхэм я псэми къыщагъэушыну. ЦIыхубз усакIуэ цIыкIум и япэ тхылъыр мэжджытжыг пасэм е пхъэгу-лъей хужь къабзэм ебгъэщхь хъунущ».
Кулиевым Иннэ и усыгъэр жыг гъэгъахэм зэрахуигъэдам мыхьэнэ иIэт, и япэ усэхэм щегъэжьауэ ар плъыфэбэу, гупсысэ щIэщыгъуэкIэ тхэуэ щытащи. КъызыхэкIа лъэпкъым, и къуэпсыр къыщежьэм Иннэ щытепсэлъыхькIэ, лIэщIыгъуэ жыжьэхэм дыхешэж, урыс пащтыхьымрэ абы щхьэгъусэ хуэхъуа адыгэ пщащэ Гуащэнэрэ я зэманым нэс. Апхуэдэ усэхэр Иннэ къехъулIахэм ящыщщ. Ипщэ, Ищхъэрэ щIыналъэхэм яхуиIэ лъагъуныгъэми Къэшэжым и усэ мымащIэ триухуащ, къызыхэкIа лъэпкъымрэ щыпсэуа щIыпIэмрэ яхуэпэжу зэрыщытам ар и нэщэнэу къыщIэкIынт.
1965 гъэм Налшык къыщыдэкIащ усакIуэ ныбжьыщIэм и етIуанэ тхылъыр, «Незаходящее солнце» фIэщыгъэ хэIэтыкIар иIэу. Абы ихуат Къэшэжым Хэкумрэ лъагъуныгъэмрэ ятриухуа и усэхэр.
ГъащIэм хуиIэ еплъыкIэр усакIуэм псалъэ IущхэмкIэ къытхузэIуех 1970 гъэм. Дунейм къытехьа «Белый тур» тхылъыщIэм щIыуэпсым и къэхъугъэхэм, зэманым и джэрпэджэжым, нэгъуэщIхэми усэбзэкIэ дыщегъэгъуазэ. Апхуэдэщ «Август», «Длиннее путь, а вздох короче», «Неведения сладкая сила», «От странного счастья мертвая» усэхэр.
Къэшэжым къыкIэлъыкIуэ и тхылъыр, «Кавказ надо мною» зыфIищар, 1973 гъэм Налшык къыщыдэкIащ. «Начало», «Связь времен», «Ритмы ожидания» - тхылъыр Iыхьэ хьэлэмэтурэ зэхэухуэнащ, Кавказым ехьэлIа и гупсысэхэри гум хыхьэу абы къыщыгъэлъэгъуащ («И я - Кавказ. И я оттуда», «Эльбруса ледяной каркас»). А лъэхъэнэм ирихьэлIэу Къэшэж Иннэ итхахэм яхэтщ зауэ Iуэхугъуэхэр и адэм и жыIэкIэ, шыфэлIыфэкIэ къиIуэтэжу.
1975 гъэм Москва къыщыдокI «Всегда» усэ сборникыр. Ари зытеухуар лъагъуныгъэрщ, ауэ абы иджы закъуэныгъэр нэхъ къыхощ. Ар къыбжаIэ езы усэхэм я фIэщыгъэ къудейхэми: «Ненадолго с тобой нас хватило», «Сегодня хочу непокоя», «А слов нет проще», н. ТхылъыщIэм зауэм теухуауи усэ зыбжанэ итщ. Абы ихуа усэхэр Iэзэу тхауэ къалъытащ, нэхъ къыхагъэщхьэхукI «Август», «Не забывайте, горожане», «А лето начиналось вот так» IэдакъэщIэкIхэр.
1977 гъэм Налшык къыщыдэкIащ Иннэ и етхуанэ тхылъыр. «Сегодня» - арат абы усакIуэм фIищар. Усэ тхылъым и дэтхэнэ Iыхьэми («Къеблагъэ», «Незнакомое время», «На всем скаку», «Унэишэ») щы-зэпхыIукI макъыр къеджэм пэгъунэгъу мэхъу, ахэр зауэм, унагъуэм, гъунэгъум, гъуэгум теухуауэ щытщи. Къэшэжым къеIуатэ фIыуэ илъагъуу щыта усакIуэшхуэхэм, Пушкинымрэ Лермонтовымрэ, я кIуэдыжыкIам зэригъэгумэщIри - «Мертвые пальцы тоскуют», «Разговор с Медиком о душе», «Подражать непоседам», «Последние годы».
«Незнакомое время» тхылъыр 1980 гъэм Москва къыщыдэкIащ. УсакIуэм и гупсысэмрэ зэфIэкIымрэ зыщаужьа зэманти, щIэджыкIакIуэхэм ар гурыхь ящыхъуауэ щытащ. «Не мучай меня! Отрекись», «В то самое первое лето», «Я первых слов твоих не помню» - Иннэ и лъагъуныгъэ усэхэм ящыщт ахэр.
«Къеблагъэ» усэ тхылъым (1982 гъэм дунейм къытехьащ) Къэшэжым хигъэхьащ нэхъ ипэкIэ къыдигъэкIа и тхылъым итам щыщхэр. КъыкIэлъыкIуэ тхылъым абы «Лицом к истоку» фIищащ. Абы усэщIэхэмрэ зы поэмэрэ ихуащ.
1987 гъэм Москва дунейм къыщытехьащ Къэшэж Иннэ и тхылъитI: «На розовом коне», «Кони времени». Япэм усакIуэм къыщихьащ «Лицом к истоку» тхылъым щыщхэр. Ахэр нэхъыбэу теухуат гъащIэр къэзыгъэлъагъуэ гъуэгуанэхэм. Я цIэ къиIуапхъэщ апхуэдэ усэ зыбжанэм: «Колесами слышу дорогу», «Заклинание автолюбителя», «Над бровью раздумий морщинка». КъинэмыщIауэ, «На розовом коне» сборникым усыгъэм и гъэпсыкIэщIэм дыщрохьэлIэ. Абыхэм ящыщщ «Городской сумасшедший», «Сосулек оплывшие свечи», «Словно сила паруса литая» усэхэр. «Кони времени» тхылъым хыхьар «Кавказ надо мною», «Сегодня», «Лицом к истоку» сборникхэм ихуахэрщ.
1990 гъэм Налшык къыщыдокI Иннэ и епщыкIутIанэ усэ сборникыр - «От второго лица». Абы итщ Къэшэжым щIэуэ зэхигъэува «Страдательный залог» Iыхьэр, зэридзэкIахэр, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхакIуэхэм ящыщхэу КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, Зумакуловэ Танзиля сымэ ятеухуа тхыгъэхэр. Тхылъым и ещанэ Iыхьэр хухэхащ Тхьэгъэзит Зубер, Гъубжокъуэ Лиуан, Къагъырмэс Борис, Бицу Анатолэ сымэ я усэхэу Иннэ зэридзэкIахэм.
1994 гъэм Къэшэжым и 13-нэ, «Старинное дело», тхылъыр дунейм къытехьащ. Ар Иннэ и анэм и фэеплъу къыдигъэкIат.
Анэм и гуапагъэм гъащIэр нэхъ IэфI зэрыпщищIыр гурыIуэгъуэщ, ар ущимыIэжым зыхэпщIэ гуауэри гугъу дыдэ цIыхум щохъу. Иужьрейуэ жыхуэтIам и гур зэрикъутэр Къэшэжым усэбзэкIэ нэсу къыщигъэлъэгъуэжат и IэрыкIхэм ящыщ «Ах, как не хочется прощаться!», «Мама! И льются слезы», «Стали звезды из ярких матовыми», «Ты на годы не сетуй» усэхэм.
Зэманым узыпхиш гъащIэм, къэралым и ухуэкIэм епхауэ Къэшэжым Пушкин Александр и фэеплъу усэ купщIафIэхэр зэман-зэманкIэрэ итхащ. Апхуэдэщ «Поэт юродивой эпохи», «Запрети мне тосковать», «Нева», «Чиновник десятого класса», «Черная речка», «Комендантская дача» усэхэр.
Ди лъахэгъу цIыхубзым, усакIуэ Iэзэ Къэшэж Иннэ и IэдакъэщIэкIхэр уахътыншэщ, я гупсысэкIи къэIуэтэкIэкIи гъащIэм дэгъуэгурыкIуэнщ.

ХЬЭКIУАЩЭ Мадинэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор.
Поделиться: