Емыкъум еплъи, дэзышым еуэ

Гукъеуэр, зыхуэпIуэтэн ущимыIэххэм деж, шакъэпсым хэдзи, тхылъымпIэм ет! ТхакIуэ Iэпэлъапашхэхэр, е, дэ тщIэ мыгъуэрэ, духьэшы – дыуэтххэр дгъэIущыжу аркъым. Сэгъей зыущиижыфа щыIэт-тIэ?! Зигу дыкъипсэлъыкIыну дызэлIалIэр, гурыгъу-гупыжхэр дзыхь зыхуащI тхылъымпIэ напэр зымыгъуэтыж, жылэ зыбжанэрщ.

Есэпым докIэрахъуэ дунейр. Мес а жылэ зыбжанэми бжыгъэ зэгуэтыр я уэчылт: псалъалэ кIыхь зи жагъуэхэр сурэт - гуэдзэным фыкъыдэбжэ хъунущ.
КъБР-м и адрей щIыналъэхэми хуэдэу, «Зольские вести» зи фIэщыгъэ газетыр дзэлыкъуэдэсхэм щаIэрыхьэр нобэ-ныжэбэтэкъым. Минрэ хьэм хурагъэхьми, а лъэлъэжа къэралыжьым щIыналъэ IупэфIэгъу зэримыIар хьэкъщ. Псоми къапихырт щхьэж зыхуэфI-зыхуэIэижьыр; нэм щIагъаткIуэ къызыпымыкIынухэми къалэн гуэр къахущIиIукIырт. Дауи ирехъуи, адыгэ жылэ 15-м я щхьэ нобэ кърикIуа нэмыплъыр совет лъэхъэнэм къыкъуагъэплъынутэкъым.
Iуфэлъафэр къэдмыхъухьу, зи гугъу тщIыр езы газетыр тезыдзэхэм я жьэкIэ: «ЩIыналъэ газет цIыкIур тфIэфIыпст. Радио щылэжьэжыркъым ди бгылъэхэм. Телеканалхэм, дыщэр къапыщэщми, а дызыхуэныкъуэ лъэпкъыбзэр къиIукIыркъым. КъБР-м и адыгэ къэтынхэм зи нэ къыхуикI куэд къытхэтщ. Пэжщ, «Адыгэ псалъэр» къытIэрыхьэнут, ауэ тедзапщIэм псори пэлъэщыркъыми, ди тепIэн деплъурэ ди лъэр доукъуэдий. 2018 гъэ пщIондэ, дебыркъ-дешыркъми, зыгуэрурэ дыкъэгъуэгурыкIуат: «Зольские вести»-м дэлът адыгэбзэ напэкIуэцI. Ар гуIэфIтещIэжт дэркIэ. Гупыж, гуауэ, хъуэхъу, щыгъуэщIэж хуэдэхэр уи бзэкIэ къыщыпIуатэм деж гузагъэгъуэщ. Ди дагъэ дыкъигъэлыбжьэжу адыгэ гупсысэм дыкъуэст абы щыгъуэ. 
НтIэ, 2018 гъэм ирихьэлIэу бзэхащ а ди напэкIуэцIыр. ДыщIэупщIащ. Дыпсэлъащ. ДыщIэлъэIуащ. ЯпэщIыкIэ: «Iэмал имыIэу дгъэзэкIуэжынщ» жаIэурэ щхьэдагъэIухри, нэхъ иужьыIуэкIэ... «Аркъымэ, балъкъэрхэм ямыIэ напэкIуэцIыр фэ (адыгэхэм) фыщIиIэн хуейр сытыт?!» траухуэжащ. Мо жылэ цIыкIуитIыр напэкIуэцI хуэмеймэ, дэ ди дагъуэр сыт?»
КIэщIу къэтIуэтэжам (цIэ зэдайуэ къедгъэзэгъами) пщIэрэ щхьэрэ яIэжу цIэ уней щэрэ минрэ къыкъуэтщ. Языдэтхэнэри поплъэ адыгэ напэкIуэцIым. Языхэзри IэщIэдз белджылыкIэ «Зольские вести»-р зи IэмыщIэ илъым щогугъ.
ДзэлыкъуэщIым и щыпэлъагъутэкъым фыз фIыцIэ нащхъуэу адыгэбзэм Iуплъэхэр. Совет лъэхъэнэми ди щIэщыгъуэжтэкъым пIалъэ-пIалъэкIэрэ дзэлыкъуэлI щIэныгъэжьхэм «адыгэбзэм трагъэхьэ лейр. Къетлъэфэжьэжынкъым иджы мыпсэужхэм я унэцIэхэр, ауэ щыхъукIи дызэупщIыжыну игъуэщ: дэнэ апхуэдэхэр иджыпсту здэщыIэр? Дэнэ здэкIуар? Сыт здахьар?
«Джэдгын зи жагъуэм и пащIэщIыIу щогъагъэ» зыхужаIэу дэри тIухуащ а дзэлыкъуэщI жьантIэм и бзэгуIуантIэр. Шыкур худощI къыдэзытам. Адыгэ жьэгу дапIыкIам (ар Учредители ирехъу) дызэрызэхищIыкIынум шэч хэлъкъым. Унэвым удын ецырхъмэ, мэзывым и бжьэр мэхъей жи. ЗызышыIэ Тхьэм и щIасэщ. Дыпэплъэнщ иджыри.
Хэт ищIэрэ, дзэлыкъуэдэсым уи гурыгъыр ижрэ, адыгэ напэкIуэцIым зэи утемыплъэжыххэ хъужыкъуэмэ... Сыт пхуэтщIэн, тIу, пасэрейм жиIауэ: «апхуэди къохъу, шкIэхъужьи малъхуэ». Абы щыгъуэми умыухыж уигу, мес нэхъ лъэрызехьэж гуэрхэр гъунэжу къопщIэпщIэкI ПсыхуабэкIэ. Джэду гъунэгъурыпщу Мэшыкъуэ жьэгъум зыкъезыкъузылIахэр къемэтыр къэса нэужьи пхуэщхьэукъуэнукъым. Я IумацIэ къицIэфту поплъэ ахэр Давид пащтыхьыжьым къыдежьэ таурыхъхэр уи быным дзапэ уэрэду щыIурацIэлъынум. Ахэр пхущысхьынукъым напэкIуэцI щхьэхуэ! Абыхэм уафIэкIынукъым. Уекъунщ. Дэпшынщ. Дэнэ укIуэн? Насыпыжьыр дэ диIэмэ, апщIондэху дыпсэункъым, армыхъумэ Тамбукъан гуэлри тхуримыкъунтэкIэ шакъалъэу!
 

КЪАРМЭ Iэсият
Поделиться: