Илъэсищэ гъуэгуанэ

Ди республикэм шынагъуэншагъэмкIэ органхэр къызэрыщызэрагъэпэщрэ илъэсищэ ирикъуащ. Абы теухуауэ дыгъуасэ  Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и феде­ральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэIущIэм хэтащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

ЗэIущIэр къызэIуихащ КъБР-м щыIэ Управленэм и унафэщI, генерал-майор Воронин Сергей.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IэнатIэм и лэжьакIуэ нэхъыфIхэм къэрал наградэхэр яритащ.
ГуфIэгъуэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федераль­нэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, суд, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, ветеранхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIы­кIуэхэр.
«Нобэ дэ догъэлъапIэ лIыгъэрэ хахуагъэрэ зэхьэлIэн хуей IэнатIэм пэрытхэр, ди республикэр, зэры­щыту къэралыр сыт хуэдэ шына­гъуэми щызыхъумэхэр, хэкум и суверенитетымрэ лъэпкъ плъапIэхэм­рэ я хъумакIуэхэр, ди цIыхубэм я шынагъуэншагъэмрэ фIыгъуэмрэ зи гъащIэр хуэзыгъэпсахэр», - жиIащ ­КъБР-м и Iэтащхьэм. Абы УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу ­КъБР-м щыIэм и лэжьа­кIуэхэм, IэнатIэм и ветеранхэм фIыщIэ яхуи­щIащ гъэхуауэ, зэщIэгъэуIуауэ икIи дагъуэншэу я къалэнхэр зэрырахьэкIым папщIэ. КIуэкIуэ Казбек IэнатIэ мытыншым пэрытхэм узыншагъэ быдэ, къэмылэнджэж къару яIэну, я унагъуэхэм фIыгъуэ илъыну, Хэкум хуащIэ къулыкъу мытыншым ехъулIэныгъэхэр къыщахьыну ехъуэ­хъуащ.

Поделиться: