ЗауэлI хахуэхэм я фэеплъу

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и пэшым сыщыщIыхьам зыхэсщIар пхужымыIэным хуэдэт. Абы къыщIэIукI лIыхъужьыгъэ макъамэмрэ блынхэм фIэплъагъуэ сурэтхэм къапкърыкI къарумрэ къыбжаIэрт псэкIэ къулей, лIыгъэ зыхэлъ, къэмылэнджэж цIыхухэр диIэху дыкъызыкъуэгушхукIынрэ дыщIэпагэнрэ дызэрыщымыщIэнур…

Музейм къыщызэIуахащ Афганистан зауэм (1979 - 1989 гъгъ.) совет сэлэтхэр къызэрырашыжрэ илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ. Пэшищми щыболъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Афганистан республикэм щыIахэм я сурэтхэр, зэуапIэм щытрахахэр, «Псэухэм щхьэкIэ зи гъащIэр зытахэм я фэеплъу» псалъэхэр зытет пхъэбгъум теплъагъуэ щIалэхэр. Щхьэхуэу дапхъэхэм телъщ лIыхъужьхэм я щыгъынхэр, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. ТелевизорышхуэмкIэ къагъэлъагъуэ зауэр здекIуэкIым траха кадрхэр, тхыдэ напэкIуэцIхэм щыщ хъуа афган зауэм теухуа Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр, абы и фэеплъу яуса, урысей эстрадэм и артистхэм жаIэ уэрэдхэр. Ахэр псори зы мэхъужри, уи нэпс кърагъакIуэ, щIалэу, я насып къэкIуэгъуэу зауаем зи псэр, зи узыншагъэр хэзылъхьахэм уигу ящIэмыузуи къанэркъым.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихын папщIэ япэ псалъэр музейм и унафэщI Штокалэ Иринэ иритащ КъБР-м ЦIыхум я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ, полковник, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, Афганистаным илъэситIкIэ къулыкъу щызыщIа Зумакулов Борис.
- Гугъущ си дежкIэ нобэрей зэхыхьэм сыкъыщыпсэлъэну. СызиунафэщI IуэхущIапIэр долажьэ Афганистаным щыIахэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэми, я гурыгъу-гурыщIэхэм, зыхуей-зыхуэфIхэм псалъэ къудей мыхъуу фIыуэ сыщыгъуазэщ. Мы гъэлъэгъуэныгъэмкIэ дэ догъэлъапIэ зи псэр зытахэм я фэеплъыр, абыхэм я адэ-анэхэм фIыщIэ яхудощI апхуэдэ сабий зэрагъэсам папщIэ, а гузэвэгъуэр зылъэгъуауэ псэууэ къэзыгъэзэжахэри насып щымыщIэу дунейм тетыну дахуохъуахъуэ.
Афганистаным и ветеранхэм, щIыпIэ щхьэхуэхэм щекIуэкIа зауэхэмрэ хьэлэбэлыкъхэмрэ хэтахэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Тхьэгъэлэдж Тимур къалэн мытыншыр зи гъусэу ирихьэкIахэм гуапэу ехъуэхъуащ, дяпэкIэ нэщIэбжьэ ямылъагъуну, нобэ къахэмытыжхэм я лIыгъэм хуэфащэу псэуну зэригуапэри жиIащ. Апхуэдэуи фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэу СурэтыщI гъуазджэмкIэ музеймрэ Лъэпкъ музеймрэ я лэжьакIуэхэм.
КъыкIэлъыкIуэу псалъэ зрата, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыхигъэщащ мамыр гъащIэм къулыкъу щыпщIэнымрэ зауэ щекIуэкI щIыпIэм уи къалэн щыбгъэзэщIэнымрэ зэрызэхуэмыдэр, зи хахуагъэмрэ лIыгъэмкIэ щапхъэ щIалэхэм ди щхьэр яхуэдгъэщхъыну къызэралэжьыр, абыхэм я дуней тетыкIэр ди гъуазэу дыпсэун зэрыхуейр.
Гъэлъэгъуэныгъэр мазаем и 25 хъуху екIуэкIынущи, абы гупыж хуэзыщIхэр музейм фрагъэблагъэ.

 

 

 

ИСТЭПАН Залинэ. Сурэтхэр Елъкъан Артур трихащ.
Поделиться: