КъБР-м и Пенсэ фондым къет

ТелефонкIэ куэд зэфIагъэкI

УФ-м и Пенсэ фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм цIыхухэм хъыбархэр зэраIэригъэхьэ щIыкIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ «линэ пщтыр» мэлажьэ мы телефон номерымкIэ - 8 (800) 600-01-84.
Абы и операторхэм пщIэншэу чэнджэщхэр къуатынущ пенсэ (социальнэ) къызэгъэпэщыныгъэмрэ Iэмал зимыIэ пенсэ страхованэмрэ ехьэлIа IуэхухэмкIэ, къудамэм и щIыналъэ IэнатIэхэм я хэщIапIэм, телефонхэм, щылажьэ зэманым теухуа хъыбархэр къыбжаIэнущ, цIыхухэмрэ страховой взносхэр зытхэмрэ щыгъуазэ ящIынущ къэрал Iуэхутхьэбзэхэр зэрыхуащIэ хабзэхэм. 

Iуэхутхьэбзэхэр тыншу зэфIокI

Пенсэ фондым и лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпын щIидзащ «проактив Iуэхутхьэбзэхэр». 
Ар лъэIу тхылъ хэмыту IэнатIэм Iуэху псори щызэфIагъэкIынущ. Ахэр зыхуэдэм щыгъуазэ фыхуэтщIынщ. 

Ныкъуэдыкъуэхэмрэ сабий ныкъуэдыкъуэхэмрэ мазэ къэс ират ахъшэр

Ныкъуэдыкъуэхэм я федеральнэ реестрым къызэригъэлъэгъуам ипкъ иткIэ иджы проактив мардэм тету ныкъуэдыкъуэхэмрэ сабий ныкъуэдыкъуэхэмрэ мазэ къэс ират ахъшэр хуагъэув.

Ар къащтэ балигъыр е сабийр ныкъуэдыкъуэу къыщалъыта махуэм щыщIэдзауэ икIи абы теухуа хъыбарыр реестрым зэрыIэрыхьэу махуи 10-м къриубыдэу ахъшэ ирату ягъэув. 

ФIэкIыпIэ зимыIэ пенсэ страхованэр (СНИЛС)

2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м къыщегъэжьауэ къалъхуа сабийм папщIэ адэ-анэхэм СНИЛС къыдахын хуейкъым.

Пенсэ фондым езым игъэхьэзырынурэ абы теухуа хъыбарымрэ сабийм и лицевой счетым и номерымрэ Госуслуги порталым анэм щиIэ кабинетым къигъэхьынущ.

Анэ мылъку

Анэ мылъкум и сертификатхэри ират проактив щытыкIэм иту.

Пенсэ фондым ЗАГС-м и реестрым кърагъэхьхэр къигъэсэбэпурэ ахэр езым егъэхьэзырыж. Электроннэ сертификатыр сабийр къэзылъхуам ПФР-м и сайтым щиIэ и щхьэ кабинетым ирагъэхь. 

 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться:

Читать также: