«Илъэсым и егъэджакIуэ-2021» зэпеуэм и лауреат Къущхьэ Каринэ

Дон Iус Ростов къалэм дэт 11-нэ Лицейм «Урысейм и илъэсым и егъэджакIуэ-2021» зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэр щызэхуащIыжри, лауреатхэм я цIэр къыщраIуащ фокIадэм и 25-м. Япэ ит цIыху 15-м яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ егъэджакIуэ Къущхьэ Каринэ.

 Май мазэм екIуэкIа «Илъэсым и егъэджакIуэ-2021»-м и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуа нэужь, Къущхьэ Каринэ хагъэхьащ Урысейм и утыкушхуэм и къару здынэсым щеплъыжыну егъэджакIуэ 85-м. Лэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэситху фIэкIа мыхъуа пэтми, Щхьэлыкъуэ щыщ, Май къалэм и 5-нэ школым инджылызыбзэр щезыгъэдж хъыджэбзыр япэ ища 15-м хэхуащ.

Зи цIэ къраIуа егъэджакIуэ пщыкIутхум къапэщылъщ иджыри зэхьэзэхуищ. «Класс сыхьэтымрэ», «Мастер-класс»-мрэ зэфIэкIа нэужь, жэпуэгъуэм 4-м екIуэкIынущ «Илъэсым и егъэджакIуэм и пресс-конференц» зыфIаща зэпеуэр. Ар къыщызэIуахынущ Мэзкуу дэт «Урысейр нобэ» («Россия сегодня») хамэ къэрал агентствэм и пресс-IуэхущIапIэм. Пресс-конференц жыпхъэм иту къызэрагъэпэщыну зэIущIэм егъэджакIуэхэм упщIэ къыщратынущ адэ-анэхэм, сабийхэм, студентхэм, журналистхэм.

«Мы зэпеуэм сызэрыхэтар Iэмал телъыджэ схуэхъуащ си егъэджакIуэ зэфIэкIыр здынэсми сеплъыжын, си лэжьэгъухэм къабгъэдэсхыну Iэзагъми нэIуасэ сыхуэхъун папщIэ, - жеIэ езы Каринэ. - ЩIэныгъэр щыхагъахъуэ курс щIэгъэхуэбжьа схуэхъуауэ жыпIэ хъунущ зэхьэзэхуэр. Шэч къытесхьэркъым ар адэкIи къызэрысхуэсэбэпынум, абы утрегъэгушхуэ IэщIагъэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщыбузэщIыным ухущIэкъуным. Си гуапэщ мыбы сыкъызэрыщыхутари, республикэм зэрыхуэфэщэну и цIэр згъэIуну Iэмал зэрызгъуэтари».

Къущхьэ Каринэ Арсен и пхъур Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ.  Налшык дэт педколледжыр къиуха нэужь, Каринэ и щIэныгъэм щыпищащ Псыхуабэ дэт лингвистическэ университетым, иужькIэ - КъБКъУ-м. Инджылызыбзэр езыгъаджэ, сабиитI зыпI щхьэгъусэ насыпыфIэр иджыри урымыбзэмрэ испаныбзэмрэ иропсалъэ. И ехъулIэныгъэм и щхьэусыгъуэу къалъытэр хъыджэбзым увыIэгъуэ имыIуэ и щIэныгъэм зэрыхигъахъуэрщ.

 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: