ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа Шорэ Туркан

Тыркум щыщ кино, театр актрисэ цIэрыIуэ Шорай Туркан ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэм зи адэшхуэм и адэр дэкIыу Тырку пащтыхьыгъуэм къыщыхута Шорэхэ я къуэм и унагъуэм къыщалъхуащ.
Зэчий лъагэ зыбгъэдэлъ цIыхубзыр Канны, Москва, США-м щекIуэкI кинофестиваль инхэм хэтащ, абыхэм саугъэт лъапIэхэр къыщихьащ. Туркан и ныбжьэгъущ артист цIэрыIуэхэу Кардинале Клаудиа, Лорен Софи, Ларионовэ Аллэ сымэ, нэгъуэщI куэди.
Тыркум къыщыдэкI газетхэм, журналхэм, телевиденэм актрисэм мызэ-мытIэу щыжиIащ абы и лъабжьэр Кавказым къызэрыщежьэр, ар Къэбэрдейм зэрыщыщыр.
ЦIыхубэм я гум дыхьа, фIыуэ ялъэгъуа Шорэ Туркан икIи режиссёр Iэзэщ. Абы ипхъу Ягъмури анэм и лъагъуэм ирикIуэжащ, жыджэру кинохэм щоджэгу. КъищынэмыщIауэ, Туркан и шыпхъу Назани актрисэ цIэрыIуэщ. Ар фильм 20-м нэблагъэм щыджэгуащ.
Шорэ Туркан 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м Истамбыл къыщалъхуащ. «Тырку кином и сулътIан» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщауэ, псоми къацIыхуу икIи пщIэшхуэ къыхуащIу апхуэдэщ ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэр. Ар кином и дунейм щыхыхьар 1960 гъэращ, япэу зыхэтар «Къуажэм фIыуэ щыслъэгъуащ зы пщащэ» фильмращ. Туркан и япэ саугъэтыр - «Дыщэ ТIамыр» (Апельсин) 1964 гъэм Анталие щекIуэкIа фестивалым къыщратащ «ГъащIэ дыдж» фильмым щигъэзэщIа ролым щхьэкIэ, зи зэфIэкIыр нэхъ ин актрисэу къалъытэри. А саугъэт дыдэр 1968, 1987, 1994 гъэхэми къратащ, апхуэдэуи «ИгъащIэкIэ щIыхь зиIэну актрисэ» саугъэтыр 1996 гъэм къыхуагъэфэщащ. КъищынэмыщIауэ, Адана щекIуэкIа «Дыщэ шылащхьэ фестивалми» 1973 гъэм цIэ лъапIэ къыщыфIащащ. Псори зэхэту къапщтэмэ, апхуэдэ саугъэ  20-м  щIигъу иIэщ абы. 
Гу лъытапхъэщ Шорэ Туркан бзылъхугъэм и дахагъэр, езым и щхьэр пуду къамыгъэщхьэпэн щхьэкIэ, хабзэфI куэд къызэрыригъэщтам. Дуней псом щыцIэрыIуэщ лэжьапIэ щыувым абы и унафэщIхэм ядищIа зэгурыIуэныгъэр. Абы актрисэм щиукъуэдийрт зы фильм закъуэми узыгъэукIытэ теплъэгъуэхэм щыджэгуну арэзы зэрытемыхъуэр.
«Кином и фIыгъэкIэ наIуэ сщыхъуащ гъащIэм и мыхьэнэр. ГъащIэр фIыуэ слъэгъуащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, сызыхапIыкIар киноращ абы сырейуэ, сыкъыхуалъхуауэ къысщохъу.
Кином хилъхьа гъащIэ Iыхьэм, гуащIэм къыпэкIуа пщIэр псэууэ илъагъужыну зи насып къихьа цIыху насыпыфIэ мащIэхэм сащыщщ сэ. ЦIыхубэм фIыуэ сыкъалъэгъуащ, щIыхь къысхуащI. Сэ стеухуа тхыгъэ дахэхэр, тхылъ щхьэхуэхэр, диссертацэхэр, фильмхэр, къызата цIэ лъапIэхэр, къысхуауса усэхэр, уэрэдхэр, сэ стеухуауэ ирагъэкIуэкIа конференцхэр, пшыхьхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, нэтынхэр, къызата саугъэтхэр, цIэ лъапIэхэр… Згъэхъам, схуэфащэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ щытхъуу къысхуагъэфэщар. НаIуэу къыщызжаIэкIэ соукIытэ.
ПщIэуэ къысхуащIам, сыздынэсам лъагапIэм, дауи, сригуфIащ, сригушхуащ, ауэ кином и пэжыр зэи сщыгъупщакъым. Сыт хуэдэ пщIэ, щIыхь къысхуагъэфэщами, ар къызыхэкIар, кином и къарурщ. КинокIэ зэджэр абы хэт псори къызэщIэзубыдэ пкъыгъуэщ. А дахагъэ телъыджэхэр зи нэгу щIэкIа адрей си лъэжьэгъу, си ныбжьэгъухэми хуэдэу, сэри а пкъыгъуэшхуэм зы Iыхьэу сыхэту аращ. 
ГъащIэм фIы къысхуищIэри, кином и актрисэ сыхъуащ. Дунейм аргуэру зэ сыкъытехьэжын хуей хъуами, арат къыххсхынур.
Ину фIыщIэ пхузощI, кино, ину фIыщIэ...» - иритхащ Туркан езым теухуауэ къыдигъэкIа тхылъым. 
Уи натIэм къритхам уфIэкIынукъым жаIэ адыгэхэм. Аращ Туркан къыщыщIари - актрисэ зэрыхъунур и натIэм иту къигъэщIат. А тхылъым гъэщIэгъуэну игу къыщегъэкIыж ар кином хуэзыша япэ лъэбакъуэхэр. Туркан и адэшхуэм деж щыIэу зы пщыхьэщхьэ пшапэзэхэуэгъуэу щхьэгъубжэм щыдэплъым, цIыхухэр зэрехьэхыу къелъагъу, адрей махуэ къызэрыгуэкIхэм емыщхьу. Езыри абыхэм яхыхьэну, ахэр здэкIуэр зригъэщIэну хуей щхьэкIэ, и закъуэу яутIыпщыркъыми, гъунэгъухэм гъусэ захуещI. «... Уэздыгъэ нэхушхуэхэм жэщыр махуэ дыгъэпс хуэдэу нэху къащIауэ зы утыкушхуэ дыхуозэ. ЯпэщIыкIэ си нэм къыфIэнэр зы цIыхубз дахэ гуэрым и нэкIурщ, мелыIыч напэщ, тхьэIухудщ. Нэхухэр телъалъэу зеплъыхь, уафэм доплъей. Адрейхэм иужькIэщ гу щалъыстэр, зопсалъэхэр, зыгуэрурэзащI. ЗищIысыр къызгурыIуэщатэкъым абы щыгъуэ, ауэ кинофильм трахыу, а цIыхубз дахэри актрисэ цIэрыIуэ Нур Мухьтерэму къыщIокI. Псори абы йожалIэри, и Iэ щIэдзауэ и сурэт къыIах. Сэри чэзум сыхоувэри, и сурэт къыIызох.
ЯфIэгъэщIэгъуэну абы еплъхэм сахэтщ. Кинофильмыр тезыххэм ящыщ гуэрхэр зэзэмызэ зыкъагъазэрэ къызэплъу, зым адрейм сригъэлъагъуу гу лъызотэ. Ящыщ зыр къызбгъэдохьэри, зыгуэрхэр къызжеIэ. СымыцIыху хамэм псэлъэгъу сыхуэхъуу сесакъыми, сопIейтей, къызжиIэхэр къызгурыIуащэркъым. Си гур си бгъэм къыдэлъэтын хуэдэу къоуэ, сыщтэIэщтаблэу сыщIопхъуэжри, си адэшхуэ-анэшхуэм я пэшым лъагэу щызэтелъ уэншэкухэм захызодзэри, гъуджэр сIыгъыу сызоплъыж, си щхьэцхэр зэхэзэрыхьауэ солъагъу. Гъуджэр зэм жыжьэу IузогъэкIуэт, зэм гъунэгъу зыхузощIыж. Сызыхэта щтэIэщтаблагъэм къыхэкIыу, си нэкIущхьэхэр нэхъ плъыжь къэхъуащ. Си набдзэхэм, си нэхэм, си Iупэхэм соплъри, сызэрыдахэр зыхэсщIэу, цIыхухэр къыщIызэплъыр къызгурыIуэу щIызодзэ.
«А махуэм кинофильм щытрах утыкум жэрыжэкIэ сыкъижыжу сыкъыщIэпхъуэжа щхьэкIэ, зы илъэс фIэкIа дэмыкIыу сегупсыс хъуащ фильм техыпIэм сыкъыщыхута зэрыхъунум. Кином и къару щэхум ситхьэкъуауэ, сиумэхъауэ, малъхъэдисым хуэдэу сызыщIишэрт».
Илъэс 70-м щIигъуа адыгэ актрисэр иджыри зэрыдахэщ, пщIэ хуащIрэ фIыуэ ялъагъуу мэпсэу. 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: