Хьэрэ-Кхъуэрэ![]() Бгым и щэхур Зеикъуэ щыIэщ Хьэрэ-Кхъуэрэ жыхуаIэ бгыр. А цIэр къызытекIар и щыгур хьэмрэ кхъуэмрэ ещхьу «къыхэбзыкIауэ» зэрыщытарщ, уэшхым, уэсым, жьапщэм бгыщхьэр илъэсащи, «хьэри кхъуэри» иджы щыплъагъужыркъым. 2011 гъэм Хьэрэ-Кхъуэрэ бгъуэнщIагъ къыщагъуэтауэ щытащ. ЗэрыжаIэмкIэ, ар бгым и лъабжьэм метри 100-кIэ йох, метр 36-рэ зи лъагагъ пэшышхуэм хуокIуэж, и блынхэри телыдыкIыу захуэщ. Блыныр мывэ джейкIэ (мегалит) зэтелъхьащ, зэрыIэрыщIыр нэрылъагъуу. БгъуэнщIагъыр IэрыщI щхьэкIэ, цIыхум и Iэужь гуэр къыщIэнауи къахуэгъуэтакъым, къабзабзэщ. КъэхутакIуэ Чернобров Вадим зэрыжиIэмкIэ, къагъуэта бгъуэнщIагъыр псэупIэкъым, щIащIамрэ абы щрагъэкIуэкIыу щытамрэ гурыIуэгъуэкъым.
Поделиться:
Читать также:
05.01.2026 - 15:03 →
Пщащэм и щэныр фащэм къыхощ
03.01.2026 - 10:48 →
КIэрэфхэ я щIалэ жан
09.12.2025 - 17:00 →
ЕтIанэгъэ зэлэжьыну гъуэгухэр
03.12.2025 - 14:31 →
КъыхэжаныкIахэр ягъэлъапIэ
24.11.2025 - 11:59 →
Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэ
| ||





