Дзэзешэ Iэзэ, тхыдэтх Жэрыщты Исмэхьил

Нобэ тхыдэм и напэкIуэцIхэм ди нэгу къыщIагъэхьэж дзэзешэ цIэрыIуэ, генерал Бэркъукъу Исмэхьил (1889 - 1954) хамэ щIыналъэм къыщыхъуа, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щызэригъэгъуэта хэку етIуанэм и щIыхуэ зытемына адыгэ хэхэс лIыщхьэхэм язщ. Исмэхьил и адэ Алий къызыхэкIар Жэрыщтыхэщ. ЗэкъуэшиплIым щыщу тIур – Исуфрэ Алийрэ 1877 гъэм адэм я гъусэу Тыркум Iэпхъуэри, Инусрэ Уэсмэнрэ хэкум къинауэ щытащ.

ЗЫЩIЭХЭМ зэрыжаIэмкIэ, балъкъэр таубий Урысбий Исмэхьил и атэлыкъыу щытар Жэрыщты Алийщ. Езыр урыс армэм и штабс-капитан цIэр зыхуагъэфэща дзэлIт. Хамэ щIыпIэм къыщыхута нэужь, Жэрыщтыхэ я лъэпкъым и унэцIэр зезыхьэ къуажэ ЖэрыщтейкIэ (Яглыпынар) еджэу Пынарбаш жылэм и Iэгъуэблагъэм щаухуауэ щытащ.

ПэщIэдзэ щIэныгъэр зэригъэгъуэта нэужь, Исмэхьил курыт еджапIэр Истамбыл къыщиухри, 1907 гъэм Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и дзэлIхэр щагъэхьэзыр еджапIэм щIэтIысхьащ, 1908 гъэм ар лейтенант нэхъыщхьэщ, илъэситI нэужьым капитан хъуауэ еджапIэм къыщIэкIащ.

Япэ дунейпсо зауэр щыщIидзам, Бэркъукъу Исмэхьил Македонием щыIэт. ИужькIэ Кавказми, КъуэкIыпIэ гъунэгъуми, псалъэм папщIэ, Иракым къыщыхъуа зэрыхьзэрийхэм хэпщIауэ щытащ. Япэ дунейпсо зауэм Исмэхьил и къуэшхэу Ахьмэдрэ Мыхьмудри хэтащ, ахэр Чанаккале деж я псэхэр щатащ.

Урысейм Мазае революцэ жыхуаIэр къыщыхъея нэужь, Бгырыс республикэхэр Кавказ Ищхъэрэр хэгъэгу щхьэхуэ ящIыну иужь ихьахэт. Ар я мураду, I9I8 гъэм мэкъуэуэгъуэм и 8-м Уэсмэн империемрэ зи тетыгъуэр утыку къихьагъащIэ Бгырыс республикэмрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэри, тыркухэм Бэркъукъу Исмэхьил я пашэу зауэлI 652-м нэблагъэ зыхэт дзэ Дагъыстэным къагъэкIуат, РеспубликэщIэм зыщIагъэкъуэну. Я дзэр бгырыс щIалэхэмкIэ ирырагъэкъуу, муслъымэныдзэ зэрагъэпэщынырт абыхэм я плъапIэр. А гупым я щIэгъэкъуэну иджыри Исуф Иззет-пэщэ и нэIэ щIэт 15-нэ лъэсыдзэр а илъэс дыдэм и жэпуэгъуэ мазэм къаутIыпщри, абы псынщIэ дыдэу Баку, Дербент, Мэхъэчкъалэ зыIэригъэхьат. Ауэ Iуэхур нэхъ гуащIэ хъууэ, Бгырыс республикэм и хъуэпсапIэхэр къыщемыхъулIэм, Бэркъукъу Исмэхьил 1920 гъэм Истамбыл игъэзэжащ. ИужькIэ ар Кемаль Мустафа (Ататюрк) и лъэныкъуэр иIыгъыу Тыркум щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм хэпщIа хъуащ.

1946 гъэм пщIондэ дзэ къулыкъум пэрытащ Бэркъукъу Исмэхьил. Абы и Iэдакъэм Кавказым теухуа тхыгъэхэр, тхылъхэр къыщIэкIащ. Абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэр I958 гъэм дунейм къытехьа «Кавказым и тхыдэрщ» («Tarihte Kafkasya»).

Къулыкъухэм къыхэкIыжу тIысыжа нэужь, генерал хъыжьэ, тхыдэтх Бэркъукъу Исмэхьил Тыркум и Лъэпкъ Хасэшхуэм езыр зыщыщ Къайсэр къыбгъэдэкI лIыкIуэу хахри, плIэнейрэ Меджлисым и депутату щытащ. 1954 гъэм накъыгъэм и 11-м Лондон операцэ щащIа къудейуэ, Бэркъукъу Исмэхьил дунейм ехыжри, Анкара щыщIалъхьащ.

АдыгэлI щыпкъэм къуитIрэ зыпхъурэ и ужь къиувахэщ: Жанбэт, Жэбагъы, Жансэт.

Тырку тхакIуэу ялъытэ Бэркъукъу Жансэт (Berkuk Janset Shami) зэрытхэр инджылызыбзэщ. Абы Анкара литературнэ институт къыщиухри, и щIэныгъэм Лондон щыпищащ. Унагъуэ ихьа нэужь, Иорданиер псэупIэ зыхуэхъуа Жансэт и тхылъхэр 1995 гъэ лъандэрэ США-мрэ Инджылызымрэ къыщыдокI. ЗэрытхакIуэм нэмыщI, ар икIи сурэтыщIщ, къинэмыщIауэ адыгэ лъэпкъ теплъэ зиIэ гуащэ гъэщIэгъуэнхэр ещI.

ЦIэрыIуагъкIэ и адэшхуэмрэ и анэмрэ къакIэрыхуркъым Жансэт ипхъу Щхьэлахъуэ Сэтэней. Ар пщIэ зиIэ антропологхэм ящыщщ, адрей лъэпкъхэм къадэкIуэу, адыгэхэми ятеухуа къэхутэныгъэхэм йолэжь.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: