«Къуэ» псалъэм къытепщIыкIахэр

Къуэ - куууэ псым диха щIыналъэ, уэх;

КъуэтIыхь - быдапIэм и хъуреягъкIэ ­ Iуащхьэ лъагэу зэтетхъуауэ къекIуэкI шытх, быдапIэр къызэратIыхь къуэ;

КъуэтIыгъэ - (жьы хъуа псалъэщ) - зыгуэрым и кIыхьагъкIэ ирикIуэу датIыкIа щIытI;

Къуэшыхь - куууэ дэкI къуэм и кIэух, и лъэныкъуитIымкIи джабэ къыIуту;

Къуащхьэ - къуэ, къуэкIий дэкIыр ищхьэхэмкIэ щиух щIыпIэ;

Къуае - къуэ дыхьэгъуей;

КъуакIэ, къуэкIий - къуэ дэха, дэуда;

Къуэдэгу - къуэ куу, къуэ Iэуэлъауэншэ;

Къуэдыдж - къуэ зэв куу, щыхупIэ куу;

КъуэкIий нэф (къуэнэф) - псым диха къуэладжэ зэв, даущыншэ;

КъуакIэ - Iузэу, чэнжу дэха уэх, къуэ;

КъуакIэбгыкIэ - тафэу щымыт, лъагапIэм лъахъшапIэкIэ зыщызэрихъуэкI, бгы куэду здэщыIэ щIыпIэ.

ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
Поделиться: