Убых лIыхъужьхэр

Убых лъэпкъым къыхэкIа Бэрзэджхэ Дэгумыкъуэрэ Джырандыкъуэрэ (дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Дэгумыкъуэ и къуэшым и къуэщ Джырандыкъуэ) Кавказ зауэжьым щыгъуэ убыхыщIыр зэрахъумамкIэ, псэемыблэжу я лъэпкъ къызэрыщхьэщыжамкIэ, лIыгъэ яхэлъу зэрыпхъуакIуэхэм зэрапэщIэтамкIэ цIэрыIуэу тхыдэм къыхэнащ.
А зэшхэм я кхъэлъахэр Маньяс вилайетым хыхьэ Хъундж жылэ цIыкIум дэтщ. Ар убых жылэ цIыкIуу Тырку къэралыгъуэм итщ.
Бэрзэджхэ я кхъэлъахэр кхъэ дыхьэпIэм пэжыжьэкъым, абы сын зыбжанэ тетщ, ауэ ипэ ит мрамор зэпэплIимитIым Дэгумыкъуэрэ Джырандыкъуэрэ я цIэхэр тетхащ тхыгъэ кIэщI щIыгъужу:
«Хьэжы Бэрзэдж Дэгумыкъуэ (1780-1846 гъгъ.)
КавказыщIыр къэзэунымкIэ Урыс пащтыхьыгъуэм иригъэкIуэкIа политикэм убыххэр щигъэкIуэтыгъуафIэтэкъым – I829-I848 гъэхэм бгырысхэм я лъахэр псэемыблэжу яхъумащ.
Мемориал сыныр хуагъэуващ убых лъэпкъым и лIыхъужь пашэм.
И фэеплъыр нэху Тхьэм ищI».
«Хьэжы Бэрзэдж Джырандыкъуэ (I802-I880 гъгъ.)
Кавказ зауэм и лъэхъэнэм убыххэм я лъэпкъ-щхьэхуитыныгъэ зэщIэхъееныгъэр и унафэ щIэту щытащ. I846-I864 гъэхэм – убыххэм я иужьрей лIыхъужь пашэщ, Плевнэ (I878 гъэ, Болгарие) деж щекIуэкIа зауэм уэсмэныдзэм и унафэщI хахуэу хэтащ.
Мемориал сыныр убых лIыхъужьымрэ абы и щхьэгъусэ Едыдж Айшэрэ (I899 гъэм дунейм ехыжащ) я кхъащхьэм тетщ».

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Дэгумыкъуэ щыпсэуащ Сочэ псым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ, хым сыхьэтитI хуэдиз гъуэгуанэкIэ пэжыжьэ щIыпIэм. 1823 гъэм щегъэжьауэ убыххэм я дзэзешэу щытащ, аращ зи фIыщIэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iута урыс быдапIищыр I840 гъэм убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ зэрызэтракъутэфар, абы иужькIи Лазаревское, Вельяминовское, Михайловское быдапIэхэри къащтауэ щытащ убыххэм.
Инджылыз зыплъыхьакIуэ Белл Джеймс гу лъитауэ щытащ Дэгумыкъуэ и дзэм хэт цIыхухъухэр Iэщэ-фащэкIэ зэрызэщIэузэдам, «Бэрзэдж дэтхэнэми зэуапIэ губгъуэм зауэлIи I50-м нэблагъэ иришэфынущ. А лъэпкъым и закъуэ зауэлI мини 3 къигъэувыфынущ», - итхащ Белл.
Бэрзэджхэ ящыщщ Саад-Джэрий Адагвэ-ипэ, XIX лIэщIыгъуэм екIуэкIа зэхэуэхэм убых дзэзешэу яIар. Ар I823 гъэм лIа нэужь, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа Бэрзэдж Дэгумыкъуэщ лъэпкъ тхьэмадэ, убых дзэзешэ хъуар. Белл зэритхыжымкIэ, ар «нэ щхъуафэ лыдхэр зиIэ цIыху лъагэт. И Iулыджыр къыхуэзыхьыр цIэрыIуэ хъуа и унагъуэцIэм и закъуэтэкъым, Хьэжы зэрыхъуаратэкъым, атIэ зэрыхахуэрт, зэрыжыджэрырт, зэрыакъылыфIэрт».
ЗыплъыхьакIуэм къызэриIуэтэжымкIэ, Дэгумыкъуэ муслъымэн хабзэхэр зыгъэзащIэ цIыхут, фадэ ефэртэкъым, езыр къэгубжьыгъуафIэт, шынэ зымыщIэт. И щIалэгъуэм щыщIэдзауэ зекIуэ куэдрэ ежьащ. 1827 гъэм щегъэжьауэ лъэпкъ цIыкIу къэс щхьэхуэ-щхьэхуэу дзэ мащIэ иIэжу зэрыщытым и бийуэ къэуващ, икIи дзэ зэгухьэныгъэ ин къызэгъэпэщыным иужь ихьэри, ТIуапсырэ Гагрэрэ я зэхуаку дэс псори зылI и быну, дзэ лъэрызехьэу зэкъуигъэуващ, езыри дзэзешэ щхьэмыгъазэ хъуащ. Мис абы щыгъуэщ Белл Джеймс Бэрзэдж Дэгумыкъуэ «Шэрджэс Вашингтон» щыфIищар.
Абы нэхърэ мынэхъ тIасхъэу зауэ Iуэхухэм къыпищащ, дзэзешэ цIэрыIуи хъуащ Дэгумыкъуэ и къуэшым и къуэ Бэрзэдж Джырандыкъуи. Джырандыкъуэ I880 гъэм дунейм ехыжа нэужь, Хъундж жылэм щыщIалъхьащ.
Лъэпкъым и къуэ пэжыр, хэкум и къыщхьэщыжакIуэр ящыгъупщэркъым цIыхубэм. Тхыдэм къыхэщу куэдрэ дызрихьэлIэ убых зэкъуэшхэм я кхъэлъахэр иджы къыздэсым егугъуу Тыркум зэрыщызэрахьэр цIыхугъэм, адыгагъэм щыщ Iуэхущ.
 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: