НыбжьыщIэхэм я зэпеуэ

Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ СССР-м спортым и мастер Боташев Хьэсэн и фэеплъу дзюдомкIэ республикэпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм къикIа спортсмен ныбжьыщIэ 150-м щIигъу.

Я хьэлъагъ елъытауэ гуэшауэ щыта гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Джэданэ Амырхъан, Быгуэ Мансур, Муртазов Алий, Къущхьэкъан Амир, Гъыдэ Iэдэм, Гегиев Самир, Къущхьэ Мухьэмэд, Гъэунэ Азнаур, Уэщхъун Аслъэн, Къэзар Къатемыр сымэ.

ЕтIуанэ увыпIэхэр яубыдащ Къанкъул Идар, Дыкъынэ Анзор, Iэрыпщ Iэдэм, Ажахъуэ Iэмин, Мэш Амир, Щоджэн Андемыр, Чэрим Темырлан, Къанэмэт Къантемыр сымэ.

Домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ Къуэн Алим, Къудей Ислъам, Апажэ Азэмэт, Срыкъуэ Ибрэхьим, Мысыр Саид, Шыкъ Ахьмэд, Молэ Амир, Бжий Аслъэн, Джетеев Тимур, Къардэн Мурат, Елей Астемыр, ГъукIэжь Астемыр сымэ.

Фэеплъ зэхьэзэхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ грамотэхэмрэ медалхэмкIэ ягъэпэжащ.

 

МЭЗКУУ Къан.
Поделиться: