А гъуазджэр къэзыгъэсэбэпыф куэд щыIэкъым

    ЦIыхум и хьэл-щэн хъунумрэ и къекIуэкIыкIэнумрэ абы фIащ цIэм епхауэ жызыIэ щыIэщ. Абы тепщIыхьмэ, зи гугъу тщIыну щIалэр езыр гъукIэрэ пщым и къуэу, щауэ къекIурэ мамырыгъэр и гуращэу ди нэгу къыщIоувэ. Ар ГъукIэпщокъуэ Щауэмирщ.
    Адыгейм щыщ сурэтыщIыр щIыпIэ куэдым къыщацIыху. ГъукIэпщокъуэм зригъэхъулIащ сурэтыщI гъуазджэм и IэмалыщIэ - Sand art (пшахъуэ графикэ) зи фIэщыгъэр. ПшахъуэкIэ абджыпсым абы трищIыхь сурэтхэм гъащIэ псо къуагъэлъэгъуф. Къыхэгъэщыпхъэщ а гъуазджэр нэсу къэзыгъэсэбэпыф куэд зэрыщымыIэр.
    Щауэмир и IэщIагъэм, Iэзагъэм лъабжьэ щигъуэтар гъуазджэмкIэ Тхьэбысым Умар и цIэр зезыхьэ еджапIэрщ. Ар къиухри, Щэнхабзэмрэ ГъуазджэхэмкIэ Краснодар къэрал университетым щIэтIысхьащ. Абы иджыри щеджэу, ГъукIэпщокъуэм езым и псапащIэ гъэлъэгъуэныгъэ, «Нэхущ пшэплъхэр» и фIэщыгъэу, къахузэригъэпэщауэ щытащ жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ. 2003 - 2005 гъэхэм ГъукIэпщокъуэм дзэм къулыкъу щищIащ. КъэкIуэжа нэужь, ар Москва Iэпхъуащ, Педагогикэ къэрал университетым и художественно-графикэ факультетым щIэтIысхьэну. 2006 гъэм сурэтыщIым Санкт-Петербург къыщызэригъэпэщащ «ДжэгуакIуэхэр» выставкэр.
    Мы щIалэр Хэкум, лъэпкъым гурэ псэкIэ зэрепхар пасэуи наIуэ къэхъуат, абы и диплом лэжьыгъэр Идар Темрыкъуэ ипхъу Марие (Гуащэнэ) и сурэтыр щIыным щытриухуэм щыгъуэ. Еджэным къыдэкIуэу, Щауэмир жыджэру хэтащ дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ-зэпеуэ куэдым икIи мызэ-мытIэу текIуэныгъэр къихьащ. Апхуэдэт 2008 гъэм Москва щекIуэкIа «Смерть в современном искусстве» дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ-зэхьэзэхуэм «Живопись» IыхьэмкIэ япэ увыпIэр абы къызэрыщихьар, «Дух и реальность» зэпеуэшхуэми апхуэдэ пщIэ Щауэмир зэрыщигъуэтар, Берлин дэт Щэнхабзэмрэ щIэныгъэмкIэ урысей центрым щызэхэта «German artweek» зэхыхьэми пашэ зэрыщыхъуар, нэгъуэщIхэри.
    ПшахъуэкIэ сурэт щащI студием ГъукIэпщокъуэм 2009 гъэм (дуней псом япэу апхуэдэ еджапIэ Москващ къыщызэIуахар) щригъэджэн щIидзащ. Апхуэдэу Щауэмир нэхъыбэжым къацIыхуурэ макIуэ, и дерсхэр игъэлъэгъуэну щIыпIэ куэдым ирагъэблагъэ. 20I0 гъэм къыщыщIэдзауэ Урысейм, Австралием, Испанием, Германием, Литвам, Молдавием я къалэхэм и гъуазджэр щегъэлъагъуэ, Шемякиным и цIэр зезыхьэ щэнхабзэ фондым (Санкт-Петербург) къызэригъэпэщ выставкэхэми и IэдакъэщIэкIхэр щIэх-щIэхыурэ хегъэхьэ.
    Щауэмир ящыщщ зызыужьыну сыт щыгъуи пабгъэ цIыхухэм. Абы гу лъыботэ художникым зызрипщыт и лэжьыгъэхэм зызыщыбгъэгъуазэкIэ. ТНТ каналым къит «Comedy club» нэтыным игъэхьэзыр концерт Iыхьэм Щауэмир зыкъыщигъэлъэгъуащ 20I2 гъэм. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым ар хэтащ «6 стихий» шоум. А гъэ дыдэм и жэпуэгъуэм спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ дунейпсо чемпионатым (Москва) Щауэмир пшахъуэкIэ сурэт теплъэгъуэ дахэхэр щигъэлъэгъуащ, Кунгуров Евгений игъэзащIэ «Кърухэр» уэрэдыр щIэту.
    ЦIыхуфI и IуэхущIафэ куэдщ, жыхуаIэрщи, ГъукIэпщокъуэм зы махуи, зы сыхьэти пщIэншэу зэримыгъэкIуэным, псапэ ищIэным пылъщ. Вильнюс къэрал симфоние оркестрым и гъусэу, Щауэмир иригъэкIуэкIащ сабийхэм папщIэ «Славянский родник» псапэ зыпылъ концертыр. Абы нэмыщIкIэ, Саральп Роберт и проектхэми Щауэмир хэтщ, модельер ХьэцIыкIу Мадинэ 20I3 гъэм къызэригъэпэща «Фащэ» фестивалми «Адыгэм и къэхъукIэ» фильмыр щигъэлъэгъуащ. ИлъэситIым щIигъуауэ щIалэщIэм анимацэмкIэ театрым игъэувхэм и гуащIэ хелъхьэ, пшахъуэкIэ, псыкIэ гъащIэ теплъэгъуэхэр художникым къегъэщI.
    ИкъукIэ лэжьыгъэшхуэт ГъукIэпщокъуэ Щауэмир Налшык къалэ дэт Лъэпкъ музейм Кавказ зауэр къызэрыхъейрэ илъэс 250-м щынэблэгъам ирихьэлIэу утыку кърихьауэ щыта «I763 – I864» и гъэлъэгъуэныгъэр. Илъэси I50-рэ и пэкIэ екIуэкIа Iуэхугъуэхэм Хэкур зэрагъэлъэлъауэ щытар, лъэпкъыр зэрызэбгридзар Щауэмир и гъуазджэмкIэ Iэзэ дыдэу ди нэгу къыщIигъэуват.
    ГъукIэпщокъуэм и гъуазджэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зы щыщIэныгъэ хэлъщ: абджыпс къагъэнэхум пшахъуэкIэ трищIыхь сурэтхэр асыхьэтым хогъуэщэж. Ауэ, дызэрыгушхуэнщи, абы Iэмал къыхуагъуэтащ гъуазджэм и лэжьакIуэхэм. Дэтхэнэ теплъэгъуэри пхуэхъумэнущ сурэт е видео тепхыу. «Уи Хэкум, лъэпкъым ущыпэIэщIэм абы нэхъ ухуэныкъуэ мэхъу. Сэ илъэси I0-м щIигъуауэ Москва сыщопсэури, а гурыщIэр псом хуэмыдэу зыхызощIэ. Стха сурэтхэм сыхуэзыша гупсысэр, дауи, хьэлъэщ. Ди блэкIар тщIэну адыгэм ди къалэну къызолъытэри аращ мыхэр щIэсщIыр», - жеIэ Щауэмир.
«Шэрджэсхэр яхэшыпсыхьыжынущ тыркухэм, зы щIэблэ къащIэхъуэжынуми аращ», - зэгуэр, I860 гъэхэм, апхуэдэу жызыIа генерал Фадеев Ростислав адыгэ хэхэсхэм нобэм къахьэса щэнхабзэм, гъуазджэм, я псэукIэм зы нэкIэ хэплъэну Iэмал иIамэ, гъэщIэгъуэн дыдэ къыщыхъунт абы.

 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: