Хэхэс адыгэхэм я IуэрыIуатэр

Сигу ебгъэнукъым
 Нысэр игъэпсэлъэн папщIэ, тхьэмадэм жэм ирит хабзэт, нэгъуэщI гуэркIи хуэупсэрт.
Зы тхьэмадэ нысэ къыхуашати, жэм зэщIэс иритащ. Нысэр гуфIэри, жьэрэIурэ хъуащ. Ар игу ирихьакъым тхьэмадэм.
 - Зэ къэдгъэпсэлъащи, ирикъунщ. АфIэкIа къэмыпсалъэкIэ, сигу ебгъэнукъым, - жиIащ тхьэмадэм.

Адэм и уэсят
ЛIыжь гуэрым къуибл иIэт, блыри щхьэхынэти, хуэлажьэртэкъым. ЛIэн гъунэгъу щыхъум, лIыжьым и къуэхэр къриджащ.
 - Сэ дунейм сохыж, - яжриIащ лIыжьым и къуэ щхьэхынэхэм. - Дыщэ къыфхузогъанэ. Дыщэр мэшыпкъэм щыщIэстIащ. ЗдыщIэстIар сщIэжыр-къым. Мэшыпкъэр къэфтIмэ, дыщэр къэвгъуэтыжынщ.
 ЛIыжьыр лIэри щIалъхьэжащ. Зэшиблыр мэшыпкъэм зэрыхьащ, бел къащтэри. Мэшыпкъэр зэхатIыхьащ, ауэ дыщэр ягъуэтакъым. Щамыгъуэтым, зэшиблыр хьэсэпэм щетIысэхащ.
 - Ди адэм дыхуэлажьэртэкъыми, къыдэбзэджэкIащ, - жаIащ зэшхэм. - Мэшыпкъэр ттIащ, мэш тщIэмэ, ар тхуэхъунщ дыщэ.

Быным ящIэнур
Зы щIалэ цIыкIу гуэрым пхъэ фалъэ ищIырт. Шу гъуэгурыкIуэ блэкIырти, щIалэ цIыкIум къеупщIащ:
 - Сыт пщIэр, си щIалэ? - жери.
 - Пхъэ фалъэ сощI, - жиIащ щIалэ цIыкIум.
 - Хэт зыхуэпщIыр?
 - Ди адэм хузощI.
 - Сыт уи адэм щIыхуэпщIыр? - игъэщIэгъуащ шум.
 - Ди адэм си адэшхуэм пхъэ фалъэ хуищIри, абыкIэ игъэшхащ. Сэри ди адэр мы пхъэ фалъэмкIэ згъэшхэнущ.
 - Узахуэщ,- къыщытхъуащ шур щIалэ цIыкIум. - Абы нэхъ пэж жыпIэнкъым.
 Адыгэм жаIэ: ебгъэлъагъуращ уи быным ящIэнур.

Андез сщтэнщи
Адакъэр Iуэуэ бжэгъу щхьэкIэм здыфIэсым, бажэр кърихьэлIащ.
- Щхьэ зыплIэжрэ, адакъэжь? Сыт ущIэкIийр?- къыбгъэдэкIуэтащ бажэр адакъэм, лъапэпцIий зищIри.
- Азэн соджэ, - жиIащ адакъэм.
- Азэн уджэмэ, сыт пщIэнур?
- Нэмэз сщIынущ, - жиIащ адакъэм.
- Уи закъуэ пщIыну нэмэзыр? Гъусэ уиIэкъэ?
- Си закъуэкъым. Гъусэ сиIэщ.
- Хэт уи гъусэр?
- ПщIантIэм дэлъщ. Си гъусэр къэуша къудейщ.
Хьэм и макъ къэIуащ.
- Ара уи гъусэр?
- Аращ. Гъусэ хъун уи гугъэкъэ?
Бажэм IуигъэзыкIыжащ.
- Щхьэ уежьэжа? Гъусэ къытхуэхъу уэри, - кIэлъыджащ адакъэр бажэм.
- Андез сщтэнщи, къэзгъэзэжынщ, - жери бажэм лъэныкъуэ зригъэзыжащ.

Мыщафэ Iэрымылъхьэ
Пщым и пхъум зы щIалэ лъыхъуащ: «КъыздэкIуэ», - жери.
- СыбдэкIуэнщ, мыщафэ къысхуэпхьмэ, - къыжриIащ пщым и пхъум.
 И ныбжьэгъу зыщIигъури, щIалэр мэзым кIуащ. Мыщэр къаIууэри, щIалэр иубыдащ. Мыщэм щиубыдым, щIалэм лIа нэпцI зищIащ, и гъусэр жыгым дэлъеящ.
ЩIалэм къепэмщ-къепэмри, мыщэр мэзым хыхьэжащ. ЩIалэр къэтэджыжри зэсэбэуащ. И гъусэри жыгым къехыжащ.
- Мыщэр къыщопэмым къыбжиIар сыт? - къеупщIащ щIалэм и гъусэр.
- Акъыл зыхэлъ къызжиIащ.
- Сыт?
- Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ къызжиIащ.
- НэгъуэщIи сыт къыбжиIа?
- Къэрабгъэр гъусэ пщIыуэ мыщэ уемыбэн къызжиIащ.

Мыр фэракъым зыукIар
Хъырцыжь Алэ и адэр зыгуэрым къиукIащ. Шэч зыхуащI щыIэти, ар яукIын мурад ящIри, Хъырцыжь Алэрэ и шынэхъыщIитIымрэ ежьащ. Шэч зыхуащIым лажьэ иIэтэкъым, ауэ щыхьэт игъуэтыртэкъыми, зэшищым я анэм деж кIуащ, лажьэ зэримыIэр жриIэну.
Лажьэ зэримыIэр фызыжьым и фIэщ ищIащ.
- Мы лIым и ужь фикI, мыбы лажьэ иIэкъым, - яжриIащ фызыжьым и къуищым.
- Ди унэ исыху, ди хьэщIэщ, - жаIащ зэшищым. - Ди унэ икIыжмэ, ди бийщ: япэ дыщрихьэлIэ дукIынщ.
ЛIыр ежьэжащ. И жылэ дэсыж хъунутэкъыми, и щхьэгъусэр зыщIигъури, мэзыр псэупIэ ищIащ. И ужь зэшищыр зэримыкIар ищIэрти, лIыр сакъ зэпытт: Iэщэр жэщи махуи игъэтIылъыртэкъым, жэщыр хъуамэ, и нэбдзыпэ зэтрилъхьэртэкъым.
 - ЗумыукIыж, зы жэщ жей, уи бийр уи ужь икIа хъунщ, - къыжриIащ и щхьэгъусэм зыкъом дэкIауэ.
 Iэщэр зыкIэрихщ, зитIэщIри, лIыр гъуэлъащ. Жэщыбг хъуауэ, Хъырцыжь зэшищыр къытеуащ. ЛIыр яукIын щыхъум, фызым жиIащ:
 - Мыр фэракъым зыукIар. ЗыукIар сэращ.
 Зэшхэр зэплъыжащ:
 - Фызым игъэхутыкъуа лIыр дэ дукIынкъым, - жари Хъырцыжь зэшхэр ежьэжащ.

Зырыз-тIурытIурэ хьэмэ къэпкIэ къыпхуэсхьын?
Ди къуажэ зы щIалэ дэсти, мэз кIуащ, пхъэгъэсын къэсшэнщ, жери. Мэзым къыхэкIри, зы мыщэ къыбгъэдыхьащ абы.
- Си лъапэм банэ хэуащ, банэр къысхухэхи, узгъэфIэжынщ, - къыжриIащ мыщэм.
ЩIалэм банэр къыхихащ.
Мыщэр мэзым хыхьэжри, бжьэ матэ къыхихащ.
- Мы бжьэ матэм фор изщ, фIыкIэ ушх, - жиIащ мыщэм, - ауэ мыр зэростар зыми жепIэ хъунукъым.
- ЖесIэнкъым, - тхьэ иIуащ щIалэм.
Бжьэ матэр и дамэм тригъэувэри, щIалэр къуажэм къыдыхьэжащ. Пшапэр зэхэуэху зишыIащ щIалэм - мыщэм бжьэ матэ къызэрыритар ибзыщIащ. Пщыхьэщхьэшхэ щышхэм хуэшэчыжакъым: и анэм жриIащ мыщэм бжьэ матэ къызэрыритар. Мыщэр щIалэм къыкIэлъыкIуауэ къакIэщIэдэIухьырти, щIалэр и псалъэм зэрепцIыжар зэхихащ.
- Пщэдей унэкIуэнкъэ мэзым - сэ уэ пхуэфащэр уэсщIэнщ, - жери мыщэр мэзым щIыхьэжащ.
Пхъэгъэсын къихьын хуейти, нэху щыри щIалэр мэзым кIуащ. Бажэм япэ зыкъригъэщащ.
- Мыщэм уи цыр пхуищынущ, псалъэ ептри бгъэпэжакъыми, - къыжриIащ бажэм.
- НтIэ, лIо сщIэнур? - гузэващ щIалэр. - Мыщэм си цыр иумыгъэщ, укъыщIызэлъэIур пхуэсщIэнщ.
- Хъунщ, - жери бажэр мыщэм пежэжьащ, «мэзым щакIуэ къыхыхьащ, зыпэщIумыгъахуэ», жриIэри мыщэр игъэщтащ. Мыщэм и щхьэр щIригъэхьэри, бажэр щIалэм къыбгъэдыхьэжащ.
- Мыщэм укъыIэщIэсхащ, - жиIащ бажэм. - Сыт къысхуэпщIэнур?
- УкъыщIызэлъэIур пхуэсщIэнщ. Сыт нэхъ ухуей?
- Джэд къысхуэхь. Джэдыл сигу къихьащ.
Махуэ къэс зы джэд хуихьурэ, я джэдэщым джэд къыщIинэжакъым щIалэм. Бажэр къыIэщIэужэгъуащ.
- Ди джэдыр къыпхуэсхьурэ сухащ, - жриIа щхьэкIэ, хэзэгъакъым:
- Фи хьэблэм джэд зиIэ дэсыжкъэ! - жери.
ЩIалэр и щхьэм щIэтIэхъуащ:
- Зырыз-тIурытIурэ къыпхуэсхьын, хьэмэ къэпкIэ къыпхуэсхьын?
- Зырыз-тIурытIурэ къэпхьмэ, къызэмэщIэкIынущ, къызэщIэкъуи, къэпкIэ къысхуэхь, - жиIащ бажэм.
- Хъунщ, - жери щIалэр къыдыхьэжащ.
Зы хьэ къарэжь яIэти, къэпым иригъэтIысхьэри, мэзым ихьащ. Бажэр къыпэплъэрт, и гурыIупсыр къажэу.
ЩIалэм къэпыщхьэр щитIатэм, хьэ къарэжьыр къэпым къилъри, бажэм жьэхэпхъуащ.
 Бажэр джэд къыщIэупщIэжакъым афIэкIа.

Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ