Псалъэм и купщIэр

Пщы хъуэж. Пщырэ пщылIрэ щыщыIа зэманым адыгэхэм яхэлъа хабзэщ. Хабзэм тету пщымрэ уэркъымрэ зэгурыIуэрти зэувалIэрт уэркъым пщым къулыкъу хуищIэну. Уэркъыр пщым и гъусэу зэуакIуэ кIуэрт, абы жиIэр ищIэрт, пщыр къыщеджэм и деж къэгъазэ имыIэу и Iуэхур дызэфIигъэкIырт. А къулыкъум пэкIуэу пщым уэркъым иритырт щIы Iыхьэ, пщылI зыбжанэ, Iэщ, Iэщэ-фащэ. Хабзэм къызэриубыдымкIэ, пщым уэркъым и жагъуэ ищIмэ, абы и уэркъ тыныр пщым иритыжырти, нэгъуэщI пщым и деж кIуэрт, къулыкъу хуищIэну. Уэркъыр нэгъуэщIыпщым и деж кIуамэ, абы пщы хъуэжкIэ еджэу щытащ.

Пщым я пщыж. Феодальнэ лъэхъэнэм Къэбэрдейр пщыгъуэпщыгъуэу гуэшауэ щытащ. Пщыгъуэ къэсыхункIэ езым япщ яIэжт, ауэ абы къыщымынэу зэрыкъэбэрдейуэ зы пщышхуэ хахырт пщым я пщыжкIэ еджэу. А къалэныр пщыгъуэхэм гъуэрыгъуэурэ къалъысырт.

ПэкIу. Хэку Iуэхум теухуауэ унафэ пыухыкIа къыщащтэр арщ. ПэкIум хыхьэу щытар пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я лIыкIуэхэрт. Пщыхэр щхьэхуэу зэхэтIысхьэрт, уэркъхэри абыхэм япэмыжыжьэу щхьэхуэу тIысхэрт. ГупитIым я зэхуакум зы лIыкIуэ итт, пщыхэм я Iуэху еплъыкIэр уэркъхэм яжриIэу, уэркъхэм ейр пщым яжриIэжу.

Апхуэдэурэ гупитIым ящIа унафэр зрагъащIэурэ, псори арэзы зыхуэхъу унафэм къытеувыIэхэрт. ПэкIур нэхъ щIызэхуэсу щытар зауэ Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщI къэралхэм зэрахущытын хуейм тепсэлъыхьыну арат.

Хасэ. Нарт IуэрыIуатэм щыщщ. Абы къызэрыхэщымкIэ, нартхэр илъэс къэс зэ зэхуэсу щытащ, хасэкIэ еджэу. Хасэм щызэхуэсахэр нарт Iуэхухэм тепсэлъыхьт, зэрыпсэун унафэ къащтэрт, тхьэ елъэIурт, джэгукIэкIэ зэпеуэрт. Хасэм нэхъыжьри, нэхъыщIэри, цIыхухъури, цIыхубзри зэхэдз имыIэу хыхьэрт. Хасэм лъэпкъкIэ, къулейкъулейсызкIэ зэхэгъэж ищIыртэкъым.

Хасэ мывэ. IуэрыIуатэм зэрыхэтымкIэ, Псыжь и къежьапIэхэм унэ щытащ адыгэхэм хасэ щрагъэкIуэкIыу. А унэм мывэшхуэ бгъэдэлът, мывэшхуэ хасэкIэ еджэу, абы шы лъэкъуапIэрэ хьэ лъапэрэ къыхэгъэжыкIауэ тетт. Мывэм гъуанэ иIэт, цIыхум пэж жиIэрэ пцIы жиIэрэ къращIэн щхьэкIэ ирагъапщхьэу. ЦIыхур сыт хуэдизу мыпсыгъуэми, пцIы жиIэмэ, а гъуанэм ипщыфыртэкъым, сыт хуэдизу мыгъумми, пэж жиIэмэ ипщыфырт.

ГукIэ къузыбжьэ. Мэкъумэш е мэз щIыхьэху щащIам деж псом яужь иту къэзыгъэзэжам фадэбжьэ иратырти ехъуэхъурт дяпэкIэ яужь къимынэу сыт щыгъуи пашэу щытыну. А фадэбжьэм гукIэ къузыбжьэкIэ еджэрт. Хабзэр щагъэзащIэу щытар Къызбрун, Зеикъуэ къуажэхэрщ.

Гъуэрыгъуэ мэкъуауэ. Зы унагъуэ къарукIэ зи мэкъу Iыхьэр пызымыупщIыжыфхэр гуп-гупурэ зэгухьэрти, зэдэIэпыкъуурэ я мэкъур паупщIырт. ПхъэидзэкIэ унагъуэхэр зэрызэкIэлъыкIуэнур яубзыхурти, зы махуэм зым и мэкъум щыщ паупщIырт, етIуанэ махуэм къыкIэлъыкIуэм ейр. Апхуэдэу къытрагъэзэжурэ, псом я мэкъури паупщIырт. Хабзэр щагъэзащIэу щытар Къармэхьэблэщ. Ди зэманым кIуэдыжащ.

Думэн Хьэсэн зэритхыжамкIэ.
Поделиться: