Мэздэгу адыгэхэр дегъэцIыху

Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Абхъазым щагъэлъагъуэ Мэздэгу адыгэхэм ятеухуа «Вековые традиции Моздокских кабардинцев» документальнэ фильм гъэщIэгъуэн. 
Илъэс 250-рэ и пэкIэ Джылахъстэнейм иIэпхъукIыу Тэрч и сэмэгурабгъу Iуфэм, Мэздэгу щетIысэха къэбэрдеипщхэмрэ абыхэм я блыгущIэтхэмрэ къатепщIыкIауэ нобэ а щIыналъэм ис ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэм теухуа фильм техыныр япэу зигу къэкIар Ставрополь щIыналъэм щызэхэт «Адыгэхэр» шэрджэс щэнхабзэ центрым и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэщ. Юрэ крайм щылажьэ Лъэпкъ Iуэхухэмрэ казачествэмкIэ и комитетым захуигъазэри, и мурадыр къыдаIыгъащ икIи мылъкукIэ зыкъыщIагъэкъуащ. 
ЗэдеIэр лъэщщ жыхуаIэрати, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ журналист, шэрджэс дунейм щыцIэрыIуэ теленэтынхэр езыгъэкIуэкI ТIэш Светланэ зыщыхуагъазэм, «хьэуэ» къыхигъэкIакъым. Илъэс 30-м нэсауэ дуней псом текъухьа адыгэхэм ятеухуа фильмхэр, репортажхэр тезых, проект гъэщIэкъуэнхэр утыку къизыхьэ Светлани дихьэхт Ставрополь крайм и Курской районымрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланием и Мэздэгу щIыналъэмрэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхыхьэну. Америкэм, Израилым, Иорданием, Сирием, Австрием, Германием, Тыркум, нэгъуэщI къэралхэми щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр хэкурысхэм езыгъэцIыхуа ТIэш Светланэ 2020 гъэм дунейр зэщIэзыщта пандемием къигъэувыIакъым. Мэздэгу адыгэхэм яхыхьэри, я IуэхущIафэ, шыфэлIыфэ, псэукIэр зригъэщIащ, кIэщIу тригъазэри, нобэ утыку кърахьа фильмыр трихащ. 
 - Махуищ щыдгъэкIуащ Мэздэгу къалэм, Азэней, Иналхьэблэ, Русское жылэхэм, - къыддогуашэ Светланэ. - Хуабжьу хъыбар куэд икIи гъэщIэгъуэн зэхуэтхьэсащ а махуэхэм. Тхыдэми дыхуеплъэкIыжащ, иджырей гъащIэри къэдгъэлъэгъуащ, я псэукIэм епха Iуэхугъуэхэри зэдгъэщIащ. Куэд щыгъуазэкъым мэздэгу адыгэхэм дин зэмыщхь зэрызэрахьэм - иныкъуэр муслъымэнщ, иныкъуэр чыристэнщ. Чыристэнхэм члисэр я тхьэелъэIупIэщ, муслъымэнхэр мэжджытым йокIуалIэ, ахэр зыдэт къуажэхэр гъунэгъу дыдэу зэпэщысщ. Ауэ зыщ нэхъыщхьэр – муслъымэнхэри, чыристэнхэри гурэ псэкIэ адыгэщ, зэрахьэр адыгэ хабзэщ, зэрыпсалъэр адыгэбзэщ. Ахэр псори нэхъ гъунэгъу зэхуэзыщIыр адыгагъэращ. Арагъэнщ тетха фильмым купщIэ хуэхъуари. Иналхьэблэ, Азэней жылэхэмды дыщыщылэжьа пIалъэ кIэщIым къриубыдэу дэ тлъэгъуащ нэхъыщIэхэм нэхъыжьым пщIэ зэрыхуащIыр, цIыхубзхэр цIыхухъухэм я гъусэу Iэнэ зэрымытIысыр, нысащIэхэр тхьэмадэр зыщIэс пэшым зэрыщIэмыхьэр, адыгэ шхыныгъуэхэр зэрапщэфIыр, нэгъуэщIхэри. Мыбыхэм зэхэгъэж яIэкъым - муслъымэнрэ чыристэнрэ жаIэу, ахэр зэрошэ, унагъуэ зэдаухуэ, зэгурыIуэу зэдопсэу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псом япэ ирагъэщыр я лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ адыгагъэмрэщ, я хабзэ зехьэкIэмрэ адыгэбзэмрэщ. 
ТIэш Светланэ зэрыжиIэмкIэ, махуищым къриубыдэу сыхьэти 10 трахащ, бзылъхугъэхэр зэрыпщафIи, ныбжьыщIэхэр зэреджи, цIыхухъухэр зэрылажьи - зыри къагъэнакъым. Абы къыхахыжри, дакъикъэ 70 хъу документальнэ фильмыр дунейм къытехьащ. Ар дыгъэгъазэм хэгъэгухэм щагъэлъэгъуащ, иджы «Адыгэхэр» шэрджэс щэнхабзэ центрым и ютуб каналым фыщеплъыфынущ. 
- ЩIыналъэкIэ дызэпэмыжыжьэу, ауэ ди хъыбар апхуэдэу зэрымыщIэу дыкъекIуэкIащ мэздэгу адыгэхэмрэ дэрэ, - къыддогуашэ Юрий. - Сэ сытым дежи сфIэгъэщIэгъуэнт абыхэм я псэукIэр, муслъымэнрэ чыристэну зэрызэхэсыр, я къекIуэкIыкIам и тхыдэр, нэгъуэщIхэри. Ди щэнхабзэ центрыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм хыхьа нэужь, Мэздэгу жылагъуэ зэгухьэныгъэри къыхагъэхьати, абы дыщызэрыцIыхуащ, хъыбархэр зэIэпытх хъуащ, уеблэмэ, махуэшхуэхэр, зэIущIэхэр ди щхьэусыгъуэу дызэкIэлъыкIуэ, дызэдолажьэ. ДызыхэпсэукI пIалъэр къэщIэрэщIэжыныгъэм и лъэхъэнэу жыпIэ хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIалэгъуалэм я лъэпкъ зэхэщIыкIыр нэхъ къэушащ, социальнэ сетьхэм хъыбар щызэIэпахыурэ, дэнэ щыпсэури зэрощIэ. Мис апхуэдэ Iуэхугъуэхэм къыхэкIыу тIэкIу нэхъ тIэщIэхуа мэздэгу адыгэхэр утыку къитшэжыну, абыхэм я хъыбар куэдым къедгъэщIэну ди мураду фильмыр техыным иужь дихьауэ аращ. 
«Адыгэхэр» шэрджэс щэнхабзэ центрым гъэ къэс фестивалхэр къызэрегъэпэщ, ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд утыку кърехьэ. Иджы пандемием и зэранкIэ цIыхухэр щызэхашэ зэхыхьэшхуэхэр ирагъэкIуэкI хъуатэкъыми, фильмыр трахащ. АбыкIэ щIэгъэкъуэн къыхуэхъуа псоми фIыщIэ яхуещI Шыбзыхъуэ Юрий икIи хуэарэзыщ лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр хъумэн зэрыхуейр къагурыIуэу абыкIэ сытым дежи закъыщIэзыгъакъуэ Ставрополь крайм и унафэщIхэм. 
«Вековые традиции Моздокских кабардинцев» документальнэ фильмыр Кавказ Ищхъэрэм и федеральнэ канал псоми щагъэлъэгъуащ, иджы абы ущеплъыфынущ ютуб каналым. 
 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: